ПхъэщхьэмыщхьэмкIэ республикэм щыпэрытщКъэбэрдей-Балъкъэрым нэгъабэ щызэщIакъуэжа пхъэщхьэмыщхьэмрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэхэмрэ я Iыхьэ плIанэр Бахъсэн щIыналъэм и мэкъумэшыщIэхэм къалъос, жиIащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым, районым и жыг хадэгъэкIхэм иджыблагъэ щаIущIам. «Пхъэщхьэмыщхьэ-мэракIуэ продукцэхэмкIэ Бахъсэн щIыналъэр республикэм щыпэрытщ. Апхуэдэу кърахьэлIэжым и процент 25,5-р абы къылъос», - къыхигъэщащ Сыжажэм. Апхуэдэуи, абы зэрыжиIамкIэ, районым и жыг хадэгъэкIхэм пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу тонн мин 283-м щIигъу нэгъабэ зэщIакъуэжащ, зы гектарым ику иту центнер 423,8-рэ къытекIыу. Республикэм ику иту щыщыIэ бжыгъэхэм нэхърэ центнер 25-кIэ нэхъыбэщ ар. Къэбэрдей-Балъкъэрым жыг хадэгъэкI IэнатIэр мыхьэнэ нэхъ ин зиIэ унэтIыныгъэхэм хохьэ. ЖыпIэнурамэ, пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу псори зэхэту тонн мелуан 1,103-рэ кърахьэлIэжащ нэгъабэ е 2024 гъэм яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 7-кIэ нэхъыбэ.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
13.09.2026 - 11:18 →
ГъащIэр лъапIэщ
13.09.2026 - 09:58 →
Уи бзэр уи псэу, уи дунейуэ
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
| ||




