Нэхъыбэ къахуэщэху хъуащ

«РИА Рейтинг» компанием иджыблагъэ зэхигъэува рейтингым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым еплIанэ увыпIэр къэралым щиубыдащ потребительскэ щIэупщIэм зэрыхэхъуам и куэдагъымкIэ (цIыхухэм хьэпшыпхэм, ерыскъым, щыгъыным, Iуэхутхьэбзэхэм, н.къ. трагъэкIуэдам и куэдагъымкIэ), уеблэмэ нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 9-кIэ нэхъыбэщ икIи УФ-м щыщыIэ инфляцэми щхьэщыкIащ. Ар къызыхэкIар республикэм къакIуэ туристхэм я бжыгъэм къызэрыхэхъуэ зэпытырщ: абыхэм ахъшэ къыщагъанэ ди шхапIэхэм, сату щIыпIэхэм, нэгъуэщI Iуэхутхьэбзэхэми щхьэкIэ.

 Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, КъБР-м и цIыхухэм техникэхэм, ерыскъым, щыгъыным, н.къ. щIат ахъшэм проценти 8,92-кIэ хэхъуащ нэгъабэ, абы щыгъуэми, щIыналъэм щыщыIа инфляцэр зэрыхъуар проценти 5,28-рэщ. Ди республикэм ику иту сом мин 43,7-рэ зы мазэм щытрагъэкIуадэ абыхэм икIи Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм щынэхъ лъагэ дыдэщ ар. Псалъэм папщIэ, Ставрополь щIыналъэм сом мин 39,5-рэщ ар зэрыщыхъур (КИФЩI-м щыетIуанэщ). 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ проценти 3,88-кIэ мыбыи щыхэхъуащ (КИФЩI-м щыетхуанэщ абыкIэ).

 Къэрэшей-Шэрджэсым и щэхуакIуэхэми я щхьэ трагъэкIуэдэж ахъшэм и куэдагъми проценти 5,78-кIэ хэхъуащ нэгъабэ - мазэм ику иту сом мин 20,5-рэ. Iуэхур щымыщIагъуэр Ингушырщ - мазэм ику иту сом мин 13,3-рэщ ягъэкIуэдыфыр, къэралым щынэхъ мащIэ дыдэщ ар.

 «РИА Рейтингым» къызэрибжамкIэ, 2025 гъэм УФ-м потребительскэ щIэупщIэм проценти 2,93-кIэ щыхэхъуащ, ауэ 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ абы зэрыхэхъуам и псынщIагъым хуэдитIкIэ щыкIэрыхуащ. Потребительскэ щIэупщIэм и куэдагъыр зэрыхъуам хыхьащ розницэ сатум, шхапIэхэм (кафехэри ресторанхэри яхэту), цIыхухэм хуащIэ нэгъуэщI Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэхэм псоми зэхэту къапэкIуар.

 2025 гъэм потребительскэ щIэупщIэм хыхьэу цIыхухэм ягъэкIуэд ахъшэм и процент 72-р сату розницэм, цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэхэм - процент 23-р, шхапIэхэм - проценти 5-р кIуащ. Экспертхэм къызэралъытэмкIэ, нэгъабэ щыIэ бжыгъэхэм ахэр куэдкIэ къащхьэщыкIыркъым.  

 Къэралым щыпашэ щIыналъэхэм потребительскэ щIэупщIэр къыдэзыщIейр розницэ сатурщ, ауэ Чукоткэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ, абы къыдэкIуэу, я шхапIэхэми хэхъуэфIхэр къагъэлъэгъуащ. ЖыпIэнурамэ, шхын хьэзыру ящэм и куэдагъым Iыхьэ плIанэкIэ хэхъуащ. Мыбдежым КъБР-м къызэринэкIащ Чукоткэр, Магадан областыр, Удмуртиер. Ауэ, апхуэдэу щыхъукIи, ахъшэ нэхъыбэ я щхьэ хуэзыгъэкIуэдыжхэр щыпсэур Мэзкуу къалэрщ - ику иту сом мин 84,6-рэ. Илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, абыи зэрыхэхъуар проценти 2,8-рэщ.

 СКФУ-м Экономикэмрэ управленэмкIэ и институтым и доцент Мухорьяновэ Оксанэ зэрыжиIамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым потребительскэ щIэупщIэм и куэдагъыр нэхъыбэ щIыщыхъуар  лэжьыгъэ IэнатIэм Iутхэм, IуэхущIапIэщIэхэм, туристхэм я бжыгъэхэм зэрыхэхъуэ зэпытырщ.

«Республикэм протребительскэ щIэупщIэм и куэдагъыр щIыщыхэхъуэр зи фIыгъэр туристхэмрэ туризмэм пыщIауэ лажьэ IуэхущIапIэхэмрэщ. Апхуэдэуи, мыхьэнэ иIэщ цIыхухэм ипэжыпIэкIэ къаIэрыхьэ хэхъуэри нэхъыбэ зэрыхъуам, щIыналъэм и мэкъумэш-промышленнэ комплексым зэрызиужьым, хьэрычэт щIэн Iуэхум зэризиубгъум.

 Псалъэм папщIэ, 2025 гъэм КъБР-м туристу къэкIуам и бжыгъэр мелуанитIым щIигъуащ, 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 13,7-кIэ нэхъыбэщ ар. ХьэщIэщу, санаторэрэ курорту 627-рэ щIыналъэм щылэжьащ. Абыхэм псоми зэхэту зэуэ цIыху мин 22-рэ щIэхуэнущ. АтIэ, 2019 гъэм а бжыгъэр зэрыхъуар цIыху мин 15-щ.

Туристхэр куэду мэщахуэ, шхапIэхэм ахъшэ къыщIанэ, хэхъуэ кърагъэщIу. Республикэм и шхыныгъуэхэм щхьэкIэ щIыналъэм къакIуэхэри нэхъыбэ хъуащ. Абы къыхэкIыу, кафехэмрэ ресторанхэмрэ я щIэупщIэм хэхъуащ. Аращ КъБР-м и шхапIэхэм я куэдагъым процент 20-м щIигъукIэ нэхъыбэ щIэхъуар», - жиIащ Мухорьяновэм.

Апхуэдэуи, абы къыхигъэщащ, 2025 гъэм и щIышылэм - шыщхьэуIум республикэм ику иту щат улахуэм процент 13,2-кIэ, ипэжыпIэкIэ къахьым - проценти 3,7-кIэ зэрыщыхэхъуар.

 «ЛэжьапIэншэхэм я бжыгъэр зэрагъэмэщIам, ику иту ят улахуэмрэ ипэжыпIэкIэ къахьымрэ я куэдагъым зэрыхэхъуам, турист IэнатIэмрэ абы къепха IуэхущIапIэхэмрэ лэжьэпIэщIэхэр къызэрыщызэIуахам я фIыгъэщ потребительскэ щIэупщIэм и куэдыгъыр Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыщыдэкIуеям.

ЦIыхухэм лэжьыгъэ IэнатIэ щаIэм, уасэхэм нэхърэ (къызэрыкIэрыхур зы мащIэми) я улахуэхэм нэхъ псынщIэу щыхэхъуэм деж абыхэм Iэмал яIэщ я щхьэ нэхъыбэ трагъэкIуэдэжыну. Кафехэм нэхъыбэрэ кIуэну, Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэхэр зыхурагъэщIэну, хьэпшыпрэ щыгъынрэ нэхъ лъапIэу къащэхуну абыхэм трегъэгушхуэ», - дыщIигъужащ Мухорьяновэ Оксанэ.

 УФ-м и Правительствэм деж щыIэ Финанс университетым и доцент Щербаченкэ Петри къелъытэ Къэбэрдей-Балъкъэрым бизнесым фIыуэ зэрызыщиужьым потребительскэ щIэупщIэм и куэдагъым щIыхэхъуэм абы и фIыгъи хэлъу.

 «Къыхэбгъэщ хъунущ, щIыпIэ властым хьэрычэтыщIэхэм ярит къэрал дэIэпыкъуныгъэхэми мыхьэнэшхуэ зэраIэр. Псалъэм папщIэ, КъБР-м «Си хьэрычэт IэнатIэ» центрым Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэу мини 3-м щIигъу абыхэм яхуилэжьащ. Псори зэхэту дэIэпыкъуныгъэ зэхуэмыдэхэр яритащ хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ пыщIа IуэхущIапIэу 2981-м, физлицоуэ 899-м, лэжьыгъэ IэнатIэхэр ирагъэжьэн мурадхэр яIэу. Мис ахэр псори шэсыпIэ хуэхъуащ республикэм хьэрычэт щIэн Iуэхугъуэм зыщиужьа хъуным, шхапIэхэмрэ розницэ сатумрэ хэхъуэ яIэным», - жиIащ Щербаченкэ Петр.

БЭБЭЧ  Болэ.

 

 

 

 

 

 

Поделиться:

Читать также: