Къуалэ и къуэ Созрыхьэ

 Хъыбарыжьхэр дунейм къызэрытехьэм, абыхэм лъабжьэ яхуэхъум Къуалэ и къуэ Созрыхьэ теухуа Iуэтэжыр и лъабжьэу тетхыхьащ Къэрмокъуэ Хьэмид.

 «ГъэщIэгъуэнщ хъыбарыжьыр дунейм къызэрытехьэмрэ абы зэрызиужь гъуэгуанэмрэ укIэлъыплъыныр - итIанэщ хъыбарым и шыфэлIыфэмрэ и хабзэхэмрэ IупщI щыхъунур. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэ гъуэзэджэщ Къуалэ и къуэ Созрыхьэ и хъыбарыр. Хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Къуалэ и къуэ Созрыхьэр  ХьэтIохъущыкъуэм и пелуант. ШужьеипщкIэ зэджэм и пелуанымрэ (Хъусин Лъэгубгъуэ) Созрыхьэрэ зэригъэбэнащ. Къуалэ и къуэр щытекIуэм, Шужьей бзаджагъэ хуекIуащ, Созрыхьэ сэкIэ епыджащ… Къуалэ и къуэм илъ ищIэжын мурад ищIащ ХьэтIохъущыкъуэм. Шужьейр лъэщт, хъыжьэти, ирикуфыртэкъым. Сытми, зэгуэр игъэбэлэрыгъри, ХьэтIохъущыкъуэм Шужьейр Шэджэм губгъуэ щиукIащ (Шужьей и цIэр зезыхьэ Iуащхьэр ноби итщ Бахъсэнрэ Шэджэмрэ я зэхуаку). Аращ хъыбарым жиIэр.

Тхыдэм къыхэмынауэ пIэрэ хъыбарым зи гугъу ищI пщыхэм я лъэужь, захуэу пIэрэ IуэрыIуатэр? КъызэрыщIэкIымкIэ, IуэрыIуатэр куэдкIэ щыуакъым. Нэгумэ Шорэ зэритхымкIэ, ХьэтIохъущыкъуи Шужьеи щыпсэуар епщыкIубланэ лIэщIыгъуэрщ. Урыс архивхэми аращ жаIэр.  Литератор, зэдзэкIакIуэ Пушкин А. М. и архивым хэлъ документ гуэр щыхьэт тохъуэ ХьэтIохъущыкъуэ и адэшхуэмрэ Шужьей и адэ Жансэхъурэ зэрызэкъуэшым. Жансэхъу и къуэ ебланэм - Шужьей щхьэкIэ Пушкиным етх: «Къазий и къуэ ХьэтIохъущыкъуэ къиукIащ; Шужьей нэхъапэм Тэрч къалэм дэсащ аманату». Тэрч къалэм дэса дзэпщ Щербатовым 1626 гъэм пащтыхьым деж итха письмоми къыхощ ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей зэриукIар; ар дыдэм щыхьэт тохъуэ Чэлимэтыпщым 1634 гъэм пащтыхьым, Михаил Федорович, деж итха лъэIу тхылъри.  КIэщIу жыпIэмэ, хъыбарым дзыхь хуэпщI хъунущ - ХьэтIохъущыкъуэ Шужьейр иукIащ, щиукIари 1626 гъэрщ е нэхъ пасэIуэущ. Хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, ХьэтIохъущыкъуэ Къуалэ и къуэ Созрыхьэ илъ ищIэжауэ аращ. Аращ Нэгумэ Шорэ жиIэри. Ауэ тхыдэм жиIэр нэгъуэщIщ.

 Тэрч псыр тенджызым щыхэхуэм деж, Идар и къуэ Темрыкъуэ и лъэIукIэ, урысыдзэм быдапIэ (Тэрч къалэ) тращIыхьауэ щытащ. Къалэр урыс пащтыхьым еувэлIа адыгэпщхэм хэщIапIэ яхуэхъуащ. Пащтыхьым еувэлIащ КъазиипщкIэ зэджэри. Къазий лIа нэужь, Къэбэрдейм тепщэныгъэр щаубыдащ абы и къуэ ХьэтIохъущыкъуэрэ Щоджэныкъуэ Алыджыкъуэрэ. А тIур Къазий и гъуэгум ирикIуакъым - пащтыхьым къыгуэкIыжри, абы и IупэфIэгъухэр бий ящIащ. Пащтыхьым и IупэфIэгъухэм (нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ, и тIасхъэщIэххэм) ящыщт Шужьеи. Тэрч къалэ дэса Чэлимэтыпщым урыс пащтыхьым деж итхыгъащ: «Нэхъапэм, зиусхьэн, кърым хъаныкъуэ Жан-Джэрий къэкIуасэу Къэбэрдейм къыщыкIуам щыгъуэ, си малъхъэ Урыскъан и къуэ Шужьей Алыджыкъуэрэ ХьэтIохъущыкъуэрэ я деж плъакIуэ-дэIуакIуэу щыIати, хъаныкъуэмрэ Къазий и бынхэмрэ жаIэ псор си деж къигъэсыжырт, сэ а хъыбархэр зэрызэхэсхым хуэдабзэу, уи дзэпщхэм яIэрызгъэхьэжырт. Ар къищIэри, уэ къопцIыжа ХьэтIохъущыкъуэ Шужьей къезэуащ, уIэгъэ къищIащ, итIанэ и бейгуэл Лъэпщыкъуэ къриутIыпщри иригъэукIащ...»

 Апхуэдэ хэкIыпIэ иIэщ Къуалэ и къуэ Созрыхьэ и хъыбар цIэрыIуэм. ПщитIым яку дэлъа зэныкъуэкъуныгъэр лъабжьэ хуэхъури, абы, IуэрыIуатэм и хабзэхэм япкъ иткIэ, Iуэхум и пэжыпIэр ихъумами, хуэм-хуэмурэ таурыхъ нэщэнэ гуэрхэри зыхилъхьащ. Ар IуэрыIуатэм щымыхабзэкъым: абы дежкIэ нэхъыщхьэр Iуэхум и документальнэ лъабжьэр хъумэныркъым, атIэ а лъабжьэр гъэщIэрэщIэнырщ, сюжетыр щыз щIынырщ, зыхуэныкъуэмрэ зыхуэчэмымрэ щIигъуурэ. Апхуэдэ хабзэщ хъыбарым зэрызиужьыр. Абы къыздищтэ хабзэщ зыбжанэ щIауэ къэгъуэгурыкIуэ нэгъуэщI хъыбар пычахуэхэр, едзыгъуэхэр, макъамэхэр, - ахэращ хъыбарым зэрызигъэнщIыр. Зи гугъу тщIы хъыбарым щынэрылъагъущ а хабзэр IуэрыIуатэм ткIийуэ зэрыщызекIуэр. Щхьэхуэу къэгъуэгурыкIуагъэнущ Къуалэ и къуэ Созрыхьэрэ Хъусин Лъэгубгъуэрэ (зэшыпхъуитIым къалъхуащ) я хъыбарыр. Иужьым ар хэшыпсыхьыжащ бжьыпэр яубыдын папщIэ зэныкъуэкъуа пщитIым я хъыбарым - тIури зэхэзэрыхьыжщ, зэрыубыдыжри зы хъыбар хъуауэ ди деж къэсащ». 

         Тхьэхущынэ Ланэ.

Поделиться: