Псыежэххэр«Псыежэххэм я махуэ» зыфIащар къыщащтар Ныджэхэр зэрыIуащIэм пэщIэтынымкIэ япэ дунейпсо зэIущIэу Бразилие къэралыгъуэм и Куритибэ къалэм 1997 гъэм щекIуэкIарщ.
А зэхуэсым хэтащ къэрал 20-м я лIыкIуэхэр, къэдгъэлъагъуэмэ, Урысей Федерацэм, Китайм, Швейцарием, США-м, Японием, Франджым, нэгъуэщI щIыпIэхэми къикIа экологхэр. Абы лъандэрэ, «Псыежэххэм я махуэ» зыфIащар гъатхэпэм и 14-м хэгъэгу куэдым щагъэлъапIэ. КъызэралъытэмкIи, мы Iуэхур, ди планетэм пщIэ нэхъ зыщыхуэщIыпхъэ, зыщыхуэсакъыпхъэ хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ псыр хъумэным къыхуезыджэу къыхалъхьа махуэми и къалэн нэхъыщхьэр щIыуэпсым къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм, абыхэм къашэ, къыздахь тхьэмыщкIагъэхэр зыхуэдэм жылагъуэр щыгъуазэ щIынырщ, а лъэныкъуэмкIи я щIэныгъэм хэгъэхъуэнырщ.
Поделиться:
Читать также:
27.03.2026 - 14:47 →
Жыг къэбгъэуа - абы и пIэ нэгъуэщI хэсэ
26.03.2026 - 15:54 →
ТкIуаткIуэ телъыджэу псэхэлъхьэж
14.03.2026 - 15:13 →
Ерокъуэ къуажэм и Iэхэлъахэм
04.03.2026 - 20:39 →
ЩIыпIэ дэгухэм я махуэ
03.03.2026 - 13:05 →
Гупсысэр нэхьэсынырщ нэхъыщхьэр
| ||





