ЩIыуэпсым и зыхъуэжыкIэм кIэлъыплъ еджагъэшхуэхэри цIыху къызэрыгуэкIхэри дрищыхьэту, «ЩIым и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм гъатхэпэм и 20 – 22-хэращ щрагъэкIуэкIыр.
АтIэми, дызэрыт илъэсым и япэ Iыхьэм дыгъэм и нэхури жэщым и кIыфIри я кIыхьагъкIэ зэхуэдэ щыхъур гъатхэпэм и 20-рщ. Абы къыкIэлъыкIуэ махуэ бжыгъэм къриубыдэу, цIыху набдзэгубдзаплъэхэми гу зэрылъатауэ, щIыуэпсым и щытыкIэм хэпщIыкIыу зехъуэж. Астрономие щIэныгъэм къызэрихутауэ, абы щыгъуэщ ди планетэм ищхъэрэкIэ щыIэ и Iыхьэм гъатхэр ипэжыпIэкIэ къыщихьэу къэтлъытэ щыхъунури.
ЗэрытщIэщи, ЩIы Хъурейм щыпсэухэм зэманым и пыбжыкIэр къыщыщIадзэн хуейуэ еджагъэшхуэхэм ягъэувар Лондон и Гринвич щIыпIэм деж дыгъэр къызэрыщызэщIэувэм тещIыхьауэщ. Дызэрыт илъэсым «гъэрэ щIырэ» жыхуаIэр абдежым щызэхэкIыу къалъытар гъатхэпэм и 20-м сыхьэти 10-рэ дакъикъэ 45-рэ секунд 14 ирихьэлIэущ. Абы щыгъуэ ди къэралым и къалащхьэм зэманыр зэрыщыхъур сыхьи 17-рэ дакъикъэ 45-рэ секунд 14-щи, аращ гъэрэ щIырэ щызэхэкIауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэми къэдбжыпхъэр (пэжым дрителъхьэмэ, сыхьэт иримыкъу нэблагъэкIэ япэ диту).
Ди лъэпкъэгъухэри ящыщщ гъатхэпэм и 20 - 22-р илъэсыщIэр къыщихьэ лъэхъэнэу къэзыбжхэм. АтIэми, мыр, къызэрыхэдгъэщащи, ЩIы Хъурейр тIууэ изыщIыкI и щIэлъэныкъуэу ищхъэрэкIэ щыIэм дежкIэ гъатхэ къихьэгъуэщ. Ар къагъэлъагъуэу, ООН-м и штаб-фэтэру Нью-Йорк къалэ дэтым илъэс къэс гъатхэпэм и 21-м Мамырыгъэм и тхьэгъушыр къыщоуэр.
Физикэ, астрономие щIэныгъэхэр мы зэблэкIыгъуэм зэрыхущытыр зэхэдгъэкIыну дыхуеймэ, дигу къидгъэхьэжыпхъэщ дызытес ЩIыгур зэкIэрэхъуэкIыж и джэлэсым и зыгъэзэкIэр Дыгъэм и хъуреягъкIэ къызэрыщилъэтыхь и уэрдыхъум зэрыхуэлъэныкъуабэр. Аращ и щхьэусыгъуэу къэуври гъэмахуи щIымахуи ди планетэм зэрыщызэрихъуэкIым. Сыту жытIэмэ, Дыгъэм здекIэрэхъуэкIым ди планетэм къытепсэ бзийхэм, гъэм и зэманым елъытауэ, зэми нэхъ лъахъшэ защI, мыдрейхэм дежи нэхъ лъагэу заIэт.
Махуэм и нэщэнэхэр
♦Пщэдджыжьым дыгъэр къыкъуэкIамэ, и бзий дыхьэрэнхэмкIэ къыдэгуэпылIамэ, ар нэщэнэ дахэщ гъатхэр ипэжыпIэкIэ къызэрихьамкIэ. А махуэм уэгум ит пшэхэм псынщIэу зыщагъазэмэ, гъэмахуэр хуабэнущ, абы иужь ит бжьыхьэри зэгърэ шэчыгъуафIэу къытхущIэкIынущ.
♦Лъапсэ зиIэхэм я хадэм е я пщIантIэм деж мафIэшхуэ щызэщIащIэрт, зэрамыхьэж е жьы хъуа хьэпшыпхэр ягъэсын папщIэ. Апхуэдэ щIыкIэкIи жьыр ирагъэжьэжу, щIэр гъуэгу трагъэхьэу ябжырт. МафIэ бзийм щеплъкIэ, пщIащэ къыпыщэщыжахэр е щхъуэкIэплъыкIагъэ зыхидзахэр хаутIыпщхьэурэ, къэкIуэну дахэ зэраIэнум я гупсысэр траухуэрт. Тхьэмпэхэр псынщIэу хисхьамэ, зыгъэгузавэ Iуэхухэр хэзыдзам щIэх дыдэу щхьэщыкIыну ябжырт.
♦Махуэм и кIыхьагъкIэ цIыхухэр нэхъыбэрэ жьы къабзэм хэтт, гугъэзэгъэгъуэ зэрызызрагъэгъуэтыным хущIэкъуу. ЩIэх-щIэхыурэ затхьэщIырт, загъэпскIырт, псым щIэлъ къарур нэхъ къапкъырыхьэу, и сэбэп нэхъ къекIыну къалъытэрти.
♦ЦIыхум зэман блэкIам нэхъ къехъулIауэ къилъытэхэр зэпилъытэжырт, тхылъымпIэм тритхэрт.
♦Унагъуэм исхэм а махуэм хьэщIэ къахуэкIуамэ, ар нэщэнэфIу ягъэувырти, нэхъыбэжу щыгуфIыкIырт.
♦Лей къатезыгъэхьауэ е я жагъуэ къэзыщIауэ щытахэм хуагъэгъурт, ар яхузэфIэмыкIынумэ, ягу зэрырагъэхужыным яужь итт.
♦КIыфIымрэ нэхумрэ я кIыхьагъыр щызэхуэкIуэ пIалъэм хуэзэу, цIыхум и гупсысэр триухуэрт псэ къабзэ-гу къабзэкIэ нэхъ зыхущIэкъум, зыщIэхъуэпсым, абы иужь махуэхэм ахэр нэхъ къехъулIэну къибжырти…
А махуэм, тхьэгурымагъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, хуэсакъыпхъэщ:
- нэгъуэщIым щыхьэным, узэрыхуэмыарэзыр къебгъэщIэным, Iей уигу къыхуэкIыным;
- гъащIэр зэрыбгъакIуэр уигу зэрыримыхьым, гугъуехьу хэплъагъуэхэм уи гупсысэр теубыдэным, къомыхъулIам куэдрэ тепсэлъыхьыным;
- удэIэпыкъункIэ къыпщыгугъыу зыкъыпхуэзыгъазэм щхьэусыгъуэншэу зыпыIудзыным;
- махуэ псор Iуэхуншэу епхьэкIыным, лъэхъэнэщIэм и пэщIэдзэм жыджэру ущытын зэрыхуейм къыхэкIыу.
И егъэкIуэкIыкIэм теухуауэ
Ди планетэм ищхъэрэкIэ щыIэ и Iыхьэм щыпсэухэм, зи гугъу тщIы махуэхэм къыщыщIэдзауэ, къэзыухъуреихь Iэхэлъахэм гъатхэм и кIыхьагъкIэ гулъытэ хуащI: уэрамхэмрэ я лъапсэхэмрэ зэлъыIуах, ягъэкъабзэ, жыгхэмрэ къуацэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ щыхасэ, щIыуэпсым и щытыкIэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ къэралым, жылагъуэм къыщрахьэжьэ Iуэхухэр даIыгъ.
«ЩIым и махуэм» ирырагъэхьэлIа лэжьыгъэхэр къэзыублэхэм пщэрылъ нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжыр дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэныр псоми ди зэдай къалэну зэрыщытыр дэтхэнэми, псом хуэмыдэжу къытщIэхъуэ щIэблэм, зыхегъэщIэнырщ икIи абы теухуа Iуэхухэр егъэкIуэкIынырщ.
Тхыдэм
къызэрыхэщыжымкIэ
ЯпэщIыкIэ «Жыгым и махуэ» зыфIащу дунейм къытехьауэ щытар «ЩIым и махуэ» щыхъужар 1970 гъэращ. АбыкIэ жэрдэмыр ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм къыхилъхьат.
Урысей Федерацэм ЩIым и махуэр гъэлъэпIэн щыщIадзар 1998 гъэращ. Мамырыгъэм и тхьэгъушыр япэу къыщагъэджар 2008 илъэсырщ. Абдежым къыщегъэжьауэ «ЩIым и махуэ» зыфIащауэ планетэм тIу щыдиIэщ. Япэр зытрагъахуэр гъэрэ щIырэ щызэхэкIырщ, етIуанэр мэлыжьыхьым и 22-рщ.
Ди къэралым ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм, УФ-м и Къэрал Думэм ЩIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымрэ экологиемкIэ и комитетым, Урысейм и Президентым деж щыIэ Жылагъуэ палатэм, властым и федеральнэ нэгъуэщI къулыкъущIапIэхэми а махуэм гулъытэ хэIэтыкIа хуащI икIи ар гъэ къэс цIыхубэм даIэт.
А псом къадэкIуэуи дигу идгъэлъыпхъэщ ЩIы Хъурейр хъумэнымрэ гъэщIэрэщIэнымрэ хуэгъэза Iуэхухэм пIалъэ хэгъэунэхукIа зэрамыIэр. Ауэ щыхъукIи, дыкъэзыухъуреихь дунейм гулъытэ хэха хуэтщIыным, гудзакъэ тхэлъу дыхущытыным ехьэлIауэ гъатхэм яублэ лэжьыгъэ дахэхэрщ «ЩIым и махуэ» зыфIэтщ хъунури.