Балъкъэрхэм я къэщIэрэщIэжыныгъэм пожьэ

Балъкъэрхэм я къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр щагъэлъапIэм ирагъэхьэлIэу Нал­шык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ дзюдомкIэ республикэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ 2010-2011 гъэ­хэм къалъхуа бэнакIуэ ныбжьыщIэхэр икIи я хьэлъагъ елъытауэ ахэр гупибгъуу гуэшауэ щытащ. 

ЗэIущIэхэр зэрекIуэкIам кIэлъыплъащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI, Олимп джэгухэм я чемпион Къардэн Мурат, Шэ­рэдж щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Уянаев Азрэт, КъБР-м дзюдомкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Емкъуж Мухьэмэд, Ныр Сеф и цIэр зэрихьэу Налшык дэт спорт еджапIэм и унафэщI Тау Сэфарбий сымэ.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ КIыщ Рэмэзан (кг 42-рэ), ХьэщIэ­ дыгъу Идар (кг 46-рэ), Унэж Амирлан (кг 50), Уэтэр СулътIан (кг 55-рэ), Теммоев Алан (кг 60), Караев Алим (кг 66-рэ), Къарэмырзэ Арсен (кг 73-рэ), Додуев Суфьян (кг 81-рэ), Кумыщ Идар (кг 81+) сымэ.
Спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Иванов Дмитрий, Апхудэ Анзор, Джэданэ Залым, Дзухэ Залымрэ Беслъэнрэ, Соблыр Рустам. Къуэшрокъуэ Астемыр сы­мэ. 

КЪУЭЖЕЙ Iэдэм.
Поделиться: