Уи насып зыхэлъыр пхъумэжыпхъэщ

«Шэрыб плъыжьыр» фильмыр зэрытрахрэ илъэс 70 зэрырикъуар гъуазджэм фIыкIэ къыхэщ юбилейщ. Езыр фильм кIэщI жыхуаIэхэм хабжэ, зэрекIуэкIыр дакъикъэ 34-рэщ. ЗыгуэркIэ Чаплин Чарли щыджэгуахэр уигу къигъэкIыжу, теплъэгъуэм уэршэрышхуи зэпсалъэ куэди хэткъым. Псори щекIуэкIыр Париж къалэм и уэрам фагъуэхэрщ, щIалэ цIыкIум IэщIэлъ шэрыб плъыжьыбзэр нэм зыри къыщыфIэмынэ гъащIэ зэшыгъуэм къыхэлыдыкIрэ гур къригъэлъэту. 
  ГъащIэ кIэщIу къыщIэкIа фильмым и режиссёр Ламорис Альбер (I822-I970) гъуазджэм щикIуа гъуэгуанэр мыкIыхь дыдэми, и IэдакъэщIэкIхэр нобэми цIыхубэм ягу ихужыркъым. Зи гугъу тщIы фильмым роль нэхъыщхьэр зыгъэзащIэр абы и къуэ, илъэси 6 фIэкIа мыхъу Ламорис Паскалщ. 
 Фильмыр зэрыцIэрыIуэм нэмыщI, зэрагъэуврэ лъэныкъуэ куэдкIэ зыпащIыжащ, абы хэт хуабагъыр, дахагъэр, кууагъыр къагъэлъэгъуэну хэту. Сыт хуэдэ мыхьэнэ атIэ режиссёрым щIилъхьар шэрыб плъыжьыбзэр лIыхъужь нэхъыщхьэ зыхуищIа фильмым? 
 ЗэхэлъхьэкIэр къызэрыгуэкI дыдэщ. ЩIалэ цIыкIум пкъо гуэрым зи кIапсэр фIэна шэрыб плъыжьыр къыфIехри, ар зэриIыгъым хуэдэу, еджапIэм макIуэ. Автобусым щитIысхьэкIэ, ар еутIыпщ, зэрамыдэнум къыхэкIыу, арщхьэкIэ езы шэрыбым псэ хэту, щIалэ цIыкIум хьэ гъэсам ещхьу къыкIэрыпщIауэ къыщIокIри, здыщIамыгъэхьэ школми, унэми, члисэми, автобусми я гупэм деж къыщыпэплъэу, а тIур зэныбжьэгъу мэхъу. Сыт шэрыбыр зи дамыгъэр? Паскаль и классэгъухэм къефыгъуэн зэрыщIадзам, дауэрэ ящIми, а шэрыбыр IэщIагъэкIыу къамыгъэуэнкIэ Iэмал зэримыIэм хуит уещI абы сыт хуэдэ мыхьэнэри иупхыну. Ар щхьэж езым ихъумапхъэ и насыпрауи жыпIэ хъунущ, гум щыбгъафIэ гурыфIыгъуэ щэхуу къыщIэкIынкIи мэхъу. ЦIыху къэс бгъэдэлъ дахагъэ гуэру къапщтэми, уэ езым ууейуэ къэплъытэ сыт ищIысми узэрыхуэпэжрауэ бгъэувми, абы къыбгъэдэпх гупсэхугъуэм насыпыфIэ узэрищI къудейрауи щытми, Паскалрэ шэрыбымрэ зэрызэхущытым езы гъащIэмрэ цIыхупсэмрэ уегупсысыным урагъэувалIэ. 
  Фильмым Канны къалэм щекIуэкI хабзэ кинофестивалым и саугъэту «ЧыцIыбжьэ дыщэ къудамэр» къыхуагъэфэщауэ, сценарий нэхъыфI дыдэ унэтIыныгъэмкIэ «Оскар» саугъэтыр къратауэ щытащ. Мы теплъэгъуэр адрейхэм къахэзыгъэщыр сыт жыпIэмэ, ар щIалэ цIыкIум и гу къабзагъым шэрыбым псэ къызэрыIуигъакIэм, а тIур зэмыгъусэу зэрымыхъунум узэрырагъасэрщ. Сыт цIыхум игу пымыкIыу иIэ хабзэр? Езым мыращ жиIэу, зыгуэрым и цIэ къриIуапэми, а щэху лъапIэр куэдкIэ нэхъ гъэпщкIуауэ, адрейхэм къагурымыIуэ гуэру къыщыщIэкIи щыIэщ. Паскаль къыпэщIэува щIалэ цIыкIухэм езыр япэщIэуващэркъым, абыхэм яхуэфащэ жэуапыр езы гъащIэм къазэрыритыжынур нэрылъагъущи. ЩIалэ цIыкIум и гулъытэр зэрыщыту шэрыбым епха зэпытщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, жагъуэгъухэр, япэрауэ, зыкъомкIэ нэхъыбэщ. ЕтIуанэрауэ, япэщIэувэжмэ, шэрыбым лей къызэрытехьэнур гурыIуэгъуэщ. Псэ зыIут ныбжьэгъу плъыжьыр зэраншу гупым хузэфIэкIыху ящхьэщолъэт, закъыIэримыгъэхьэу, итIанэ езым фIыуэ илъагъу Паскаль къызэрыкъуэкIыу, къотIысэхыжри, и кIапсэ кIапэр щIалэ цIыкIум Iэрегъэхьэ. Уэ пхуэдэ цIыхур зэрехъулIам уеплъыну зэрыгугъур, фыгъуэми къару зэриIэр къегъэлъагъуэ режиссёрым. И кIэм бзаджащIэ цIыкIухэм я зым и мывэдзыр шэрыбым тохуэри, ар мэпщэх, итIанэ зэраншухэр абы лъакъуэкIэ тоувэжри, зэхапIытIэ. Паскаль игу зэрыхэщIыр къигъэлъэгъуэн папщIэ, зэрыжаIэжымкIэ, режиссёрыр и къуэм хуэгубжьырт, нэхъыфI дыдэу илъагъу и джэгуалъэхэр къытрихыурэ. Дауэрэ хъуами, фильмыр Iэзэу ягъэуващ. Ауэ гур зымыгъэкIуэд кIэух зэрыратам уи фIэщ ещI гъащIэм цIыху къабзэм зэрызыкъыдищIыр, ипэжыпIэкIи абы и псэ нэхур армырауэ пIэрэ шэрыбым щIагъыбзэу хуэпщIыфыну псоми я щхьэр? 
  Шэрыб плъыжьыр къагъэуа нэужь, Париж шэрыбу дэтыр Паскаль и щхьэщыгум къыщызэхуосри, сабийр уафэм драхьей. ЖызыIэ щыIэщ мы мыхьэнэр зыгуэркIэ фIэщхъуныгъэм епхауэ, Хьисэ лъапIэр шэрыбым и дамыгъэу. А упщIэм и жэуапыр режиссёрым фильмым еплъым къыхуегъанэ. ЦIыхухэм я пэжыр къызэралъыхъуэ Iэмалхэр зэщхькъым, щхьэж и шэрыб плъыжьри адрейм ейм темыхуэнкIи мэхъу. 
  Мы фильмым гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIи щапхъэ дахэ куэд къыпхухэхынущ. Сабийм и дуней щабэмрэ балигъым и зэгъэзэхуэкIэ пхъашэмри щызэжьэхоуэ абы. Шэрыбыр уздэкIуэм здэпхь хъуркъым, школми щIыуагъэхьэркъым. Уеблэмэ Паскаль и насыпым и дамыгъэр зыхуэмыхьыж еджапIэм и унафэщIым сабийр и пэшым щIеубыдэ, ауэ шэрыб плъыжьыр ныбжьэгъу пэжщи, унафэщIым щхьэщыхуарзэурэ, щIалэ цIыкIур къимыутIыпщыжауэ, кIэрыкIыркъым. 
 «Шэрыб плъыжьым» цIыкIухэм я гъусэу уеплъ хъунущ, уеблэмэ сабийхэмрэ балигъхэмрэ я Iэпэр зэрыIыгъыху, дунейр зэрынэхъ узыншэм и дамыгъэщ а теплъэгъуэ мыкIуэдыжынур. 
 Ламорис Альбер и зэчийм зригъэузэщIыну илъэс куэд къыхуиутIыпщауэ щымытми, мы «Шэрыб плъыжьри» абы ипэкIэ игъэува «ПщIэгъуалэ соку хужьми» зи цIэр ящымыгъупщэжын режиссёру гъуазджэм и тхыдэм къыхинащ. Иужьрей фильмым Паскаль илъэситI-щы фIэкIа мыхъуу щыджэгуащ. Ар теухуат цIыхухэр зэбгъэрыкIуа шы мыгъасэр щIалэ ныбжьыщIэм абыхэм яIэщIихыу, тIури зэгъусэу хым зэрыхэкIуадэм. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: