КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIащ Кърымымрэ Урысеймрэ щызэгухьэжа махуэр гъэлъэпIэным хуэгъэпса хэкупсэ зэпеуэ. Ар щызэхэтащ Налшык къалэ дэт ЩIалэгъуалэм я унэм. Интеллектуальнэ зэпеуэм хэтащ республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэтхэмрэ я студентхэр.
Зэхыхьэр къыщызэIуихым, КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм Хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Гугъуэтыж Ахьмэд псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ къызэхуэсахэм. Абы къыхигъэщхьэхукIащ лъэпкъым и тхыдэ фэеплъымрэ зэкъуэтыныгъэмрэ хъумэныр къэралым и зыужьыныгъэм лъабжьэ зэрыхуэхъур. Мыпхуэдэ Iуэхухэм сыт щыгъуи жэрдэмщIэгъу зэрыхуэхъур жиIащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Рахаев Мурати, икIи къыхигъэбелджылыкIащ щIалэгъуалэм граждан Iуэху еплъыкIэ быдэ яIэнымкIэ апхуэдэ форматхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр.
«Кърым: блэкIамрэ иджырей лъэхъэнэмрэ» зыфIаща зэпеуэр акъыл жанагъыр щагъэунэху джэгу-зэпеуэ гъэщIэгъуэн хъуат. Студентхэм къапэщылът хытIыгуныкъуэм и тхыдэм и гъунапкъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэщIэзыубыдэ Iыхьийм пхыкIыну. Абыхэм сурэт цIыкIухэмкIэ къацIыхун хуейт Кърымым и щIыпIэ дахэхэр, тхыдэм къыхэщыж махуэ нэхъыщхьэхэр (Кърым зауэм къыщыщIэдзауэ 1991 гъэм екIуэкIа референдумым нэсыху), Кърымым щытраха фильмхэр, щIыналъэм и щIыпIэ щхьэхуэхэр.
УпщIэхэр зытеухуар политикэмрэ тхыдэмрэ я закъуэтэкъым, атIэ щэнхабзэми хухэха яхэтт: студентхэм къагъэлъэгъуащ кърым шхыныгъуэхэм, хытIыгуныкъуэм щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэхэм, Кърымым зыгуэркIэ пыщIа цIыху цIэрыIуэхэм ятеухуа щхьэхуэныгъэхэр.
КIэух Iыхьэр теухуат 2014 гъэм иужькIэ ящIа инфраструктурэ проект инхэм, щIыналъэм и иджырей зыужьыныгъэм.
Зэхьэзэхуэм КъБКъУ-м и гупым ехъулIэныгъэфIхэр къыщигъэлъэгъуащ.