Шэрджэс

ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа, зи анэдэльхубзэр нэгъэсауэ фIыуэ зыщIэу щыта Къэрмокъуэ Хьэмид тхыгъэ куэди зэридзэкIащ ди тхыдэм теухуауэ. Ахэм язщ Лондон къыщыдэкI «Таймс» газетым и корреспондент Лонгворт Джеймс I837 гъэм Шэрджэсым къакIуэу адыгэхэм зы илъэсым щIигъукIэ яхэса нэужь, и гукъэкIыжхэр иту къыдигъэкIауэ щыта тхылъыр. 
Къыпыдощэ а тхыгъэм къыхэтха пычыгъуэхэм, зэрыжытIащи, Къэрмокъуэ Хьэмид зэридзэкIауэ. 
Урысыдзэр къежьэнкIэ зэрыхъунум и закъуэтэкъым хасэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар, Сэфар-бей и тхылъ къихьри, Истамбыл къикIыжат Нэгъуей Исмел - ари зэхахат шэрджэсхэм: ди лIыкIуэм сыт къитхыр, сыт дызыхуриджэр Зан и къуэм? Инджылыз хьэщIэ (мистер Беллрэ сэрэ) къащIыхыхьами абыхэм я мурадми щыгъуазэтэкъым тхьэмадэр. Хъыбар Iуат: тырку сулътIаным шэрджэсхэм къахуригъэшащ хъугъуэфIыгъуэ Iэджэ, къахуэзышар инджылызхэрщ, ар хуагуэшынущ нэхъ зыхуэфащэ дыдэхэм – зауэм лIыгъэ щызезыхьахэм, зи псэм емыблэж шу хахуэхэм. 
Шэрджэс хасэм си щыпэхыхьэт сэ. Си лъэпкъэгъур, мистер Белл, къыщыспэплъэ хэщIапIэм дыщынэсам, хасэр зэхэтIысхьакIэт: жыгей абрагъуэхэм я жьауэм хэст тхьэмадэ жьакIэхухэр, дзэпщхэр, шупашэхэр. Жыгей гуэрэнращ абыхэм я хасапIэр; яшхэр, уанэ зэрателъу, жыгхэм ирапхауэ, езыхэр удзыпцIэм хэсщ, я Iэщэхэри зыкIэрахри зрагъэтIылъэкIащ. ЩIалэгъуалэр, IукIауэ, шурылъэс мэджэгу, шыхэр къызэдагъажэ - кIэщIу жыпIэмэ, щхьэж и Iуэху и ужь итщ: тхьэмадэхэр мэхасэ, шу щIалэхэми ящIэн ягъуэт. 
Дащыбгъэдыхьэм, нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми, я Iуэхур къагъанэри, дыкъаухъуреихьащ. Абдеж сыщырихьэлIащ Истамбыл хэгъэрей щысхуэхъуа куржы щIалэм - ар Белл и тэрмэшт иджы.
 Тэрмэшым Белл деж сишащ. Инджылызым щыхъыбархэм езгъэдэIуа нэужь, Шэрджэсым къызэрыкIуэрэ и нэгу щIэкIар къысхуиIуэтэжащ мистер Белл. ЩIэх дыдэ си нэкIэ слъэгъуащ Белл шапсыгъхэми натхъуэджхэми пщIэшхуэ къызэрыхуащIыр. Шу гъусэ щIамыгъуауэ, ар зэи гъуэгу трагъэхьакъым шэрджэсхэм; къыхуэгуапэу, дэни щырагъэблагъэрт, хьэщIагъэ къыщрамых ирихьэлIакъым. Ягу къызэребгъэр зы закъуэт - унафэщI яхуэхъун зэримыдарат. ЯхуищIэфынурати, чэнджэщ ярихьэлIэ зэпытт. Белл и чэнджэщ псори къэбыл ящIыртэкъым шэрджэсхэм: абы и чэнджэщхэм едаIуэрти, езыхэм нэхъ яфIэзахуэр ялэжьырт; абы щхьэкIэ нэхъ кIащхъэ хъуртэкъым Белл шэрджэсхэм я деж щиIэ пщIэр. Абазэхэхэр гъусэ къащIын мурад яIэти, шапсыгъ тхьэмадэхэр абыкIи къечэнджэщащ Белл. ЯжриIащ, ахэр гъусэ къащIмэ, шапсыгъхэмрэ натхъуэджхэмрэ нэхъ лъэщ зэрыхъунур. Абатхэ я гугъуи къыхуащIащ, ахэр урысхэм тIасхъэщIэх яхуэхъуауэ ялъытэрти, шапсыгъхэм зыхахуат, Абат зэшхэм я мылъкуи я лъапси зэрапхъуат, хэкум кърагъэхьэжыртэкъым (абыхэм я Iуэхур къызэрекIуэкIам иужькIэ щыгъуазэ фыхуэсщIынщ). Абатхэ лъэпкъ лъэрызехьэт, абыхэм екIужмэ зи мыжагъуи яхэтт шапсыгъхэм… 
Дыпсалъэурэ зыдгъэгувэ хъунутэкъыми, Беллрэ сэрэ хасэм дахыхьэжащ. Тхьэмадэм и къалэнхэр Мансур-бей лъагъэсауэ дрихьэлIэжащ, хасэм дащыхыхьэжам. Абы дыбгъурагъэтIысхьащ инджылыз хьэщIэхэр. Мансур тыркубзэ ищIэрт, ауэ дэ къызэрыдэпсалъэр шэрджэсыбзэт - къыджиIэр псоми зэхащIыкIын щхьэкIэ. Белли сэри къыдгурыIуэнутэкъым Мансур-бей адыгэбзэкIэ жиIэр, дыкъыдэзыхыжыр тэрмэшхэрт - куржы щIалэмрэ хеящIэмрэ. 
Дыкъызэрыхыхьам щхьэкIэ фIыщIэ къытхуищIа нэужь, ар Даут-бей (мистер Уркарт) и узыншагъэмрэ и Iуэху зытетымрэ щIэупщIащ, итIанэ ди дежкIэ зыкъригъэзэкIащ: Шэрджэсыр урысхэм зыхадза зауэм къыхыхьэнкIэ, шэрджэсхэм къащхьэщыжынкIэ хъуну Инджылызыр? Сэ жысIащ дэ инджылыз правительствэм дызэримылIыкIуэр, ауэ, дэ къызэрытфIэщIымкIэ, Инджылызыр Шэрджэсым къыдэщIынущ, уеблэмэ ар зыми IэщIэмылъ, зи щхьэ хуит къэралу къилъытэнкIи мэхъу.
 Си жэуапыр тхьэмадэхэм ягу ирихьауэ къысщыхъуащ сэ. Шынагъуэр къащхьэщыхьакIэт шэрджэсхэм - ар езыхэми зыхащIэрт, щIэгузавэр къадэIэпыкъун зэрамыIэрт. Абы къыхэкIкIэ, си псалъэр дыкъуакъуэ сщIакъым - къазэрыгурыIуэнкIэ жысIащ. Абыхэм зэралъытэмкIэ, гузэвэгъуэр ящхьэщытхыфынут дэ. «Даут-бей къызэрыкIуэ лъандэрэ Инджылызым дыщогугъ дэ, - пищащ Мансур и псалъэм. - Илъэсищ дэкIащ абы лъандэрэ, зауэмрэ лъымрэ дыхэкIыркъым. Даут-бей дыщыгугъат, аращ илъэсищ хъуауэ дыщIыпэплъэр. Шэрджэс тхьэмадэхэм ди Iэ щIэдзауэ тхылъ здихьащ Даут-бей, ар инджылыз пащтыхьым и IэмыщIэ ирилъхьамэ, абы щхьэ зиIэжьэрэ иджыри къэс? Инджылыз пащтыхьым щымыгугъ зы цIыхуи искъым Шэрджэсым - жьыи щIэи. Даут-бей и нэгу щIэкIащ ар. Ди щхьэр идолъхьэ инджылыз пащтыхьым и IэмыщIэ - къыддэIэпыкъу закъуэмэ. Пэжыр къыджеIэ иджы: сытым дыщыгугъ хъуну? Нобэ жытIэркъым дэ - нобэ къытлъэмыIэскIэ гузэрыдзэ тщIынукъым. Ди жагъуэ хъунур дыкъэвгъэгугъэрэ утыкум дыкъивнэжмэщ». 
НэхъыфIым щызгъэгугъын фIэкI, сыт хуэдэ жэуап схуетынут сэ шэрджэсхэм? Сэ къыслъысрати, яжесIар мыращ: псори зэлъытар езы шэрджэсхэращ, нэгъуэщIым щыгугъын щхьэкIэ, езыхэр зэкъуэувэн хуейщ япэщIыкIэ. Узэкъуэмыувэмэ, нэгъуэщIым и фIэщ ухъунукъым. Сэ сыкъыщIэкIуар аращи, сывдэзэуэнущ, схузэфIэкIыр фхуэсщIэнущ. Зи хуитыныгъэм щIэзэухэм я пщIэр ялъытэ инджылызхэм, хуей щыхъум деж ахэри къывдэзэуэнущ, я псэм еблэнукъым. Iэщэр вгъэтIылъ хъунукъым иджыпсту, зэрыпхъуакIуэхэм фазэремыкIужынур ялъагъумэ, инджылызхэри къыфкъуэувэнущ - заIэжьэнукъым… 
Шэрджсхэр зыпэплъэри арат - дэIэпыкъуэгъу хъунумэ, зремыгъэгувэ. Мистер Белл шэрджэс тхьэмадэхэм яжриIащ Лорд Понсонби и хъыбар абыхэм мыгувэу къазэрыIэрыхьэнур. Лорд Понсонби и пщэ кърилъхьат: шэрджэсхэм яжеIэ ахэр зыщыгуфIыкIын хъыбарыфI мыгувэу зэраIэрыхьэнур. Дапщэщ а хъыбарыфIыр къыщысынур - ар езы Белли ищIэркъым. 
Нэгъуей Исмел Истамбыл къриха тхылъым щыгъуазэ ящIа щIыкIэтэкъым хасэр, ауэ дэ шэч къытетхьэртэкъым Занокъуэ Сэфар-Бей и тхылъыр зэрымыщIагъуэм - аращ къызэрыщIэкIари. Мансур тхьэмадэхэм яхэпсэлъыхьащ; ахэр нэхъ нэщхъыфIэ къызэрыхъуамкIэ къэтщIащ ди жэуапхэр ягу зэрырихьар. 
Мансур и пIэр иубыдыжри, жиIащ: «Ди хьэщIэхэр дгъэзауэ ди хабзэкъым дэ, ди хабзэр ахэр тхъумэн хуейуэ аращ. ИлъэсипщIым щIигъуащ урысхэм зауэм дызэрыхадзэрэ, хуей хъумэ, иджыри илъэсипщIкIэ дызэуэнущ, Инджылызыр гъусэ къытхурехъу закъуэ. Зауэм ди лIыфI куэд хэкIуэдащ, абыхэм япIэ иувэн ди мащIэкъым дэ. Ди мащIэр гынрэ бдзапцIэрэщ - ар къытIэщIэухащи, ди фочхэр зыми и пэрмэныжкъым. Сэшхуэрэ къамэрэ диIэщ. Сэшхуэрэ къамэрэ диIэху, урысхэм я IэмыщIэ зитлъхьэнукъым». БдзапцIэ тонитI-щы зэрестыр яжесIащ шэрджэсхэм – ахэр абы зэрыщыгуфIыкIам щIэ щIэткъым… 
Ди хьэщIэщым декIуэлIэжауэ, пщыхьэщхьэм хеящIэр, Хьэжы-Уэлий, къыткIэлъыкIуащ. Сэфар-бей къахуитхам щыгъуазэ хъуати, нэжэгужэт ар, къыщIыткIэлъыкIуар дэри дигъэгуфIэн щхьэкIэт. «Нобэ щыщIэдзауэ, - къыджиIащ хеящIэм, - фэ дыфхуэдэщ дэри: инджылыз пащтыхьым дрицIыхущ, абы и IэмыщIэ дилъщ, унафэ къытхурещI закъуэ – псалъэ къыхэдгъэкIынукъым, и унафэр дгъэзэщIэнущ». ХеящIэм дыщигъэгъуэзащ Зэнокъуэ Сэфар-бей шэрджэс тхьэмадэм къахуитхам. Адрианополь дэс инджылыз консулым и пщэ дилъхьэри, Британием и лIыкIуэм шэрджэс тхьэмадэхэм къахуригъэтхащ: урыс дзэпщым и деж цIыху ягъэкIуэн хуейщ, абы епсэлъэн щхьэкIэ; дзэпщым жэуап къыпахыу, Псыжь адрыщI зэуакIуэ кIуэ хъунукъым; урысыдзэр Шэрджэсым иришыжын, Шэрджэсым къращIыхьа быдапIэхэри якъутэжын хуейуэ дзэпщым преубыд. ЛIыкIуэхэр дзэпщым деж щэнейрэ ягъэкIуэн хуейщ, паубыдар къахуимыщIэмэ, абыкIэ хъыбар ирагъэщIэн хуейщ Истамбыл дэс инджылыз лIыкIуэм. 
Арат Сэфар-бей шэрджэс тхьэмадэхэм къахуитхар. Абы дыщыгуфIыкIащ дэ. Ар къадэхъуатэмэ, Инджылызымрэ Шэрджэсымрэ зэувэлIауэ жыпIэ хъунут. Инджылызым, икIэм-икIэжым, яхуэфащэ гулъытэ къахуищIащ шэрджэсхэм, я щхьэм ирилъытащ, я Iуэхум къыхэIэбащ - арат дэ дыщIэгуфIар. ДымыщIэр абы кърикIуэнкIэ хъунурат. 

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪАНКЪУЛ Раисэщ.
Поделиться:

Читать также: