«Хьэцыбанэр» Москва щагъэлъэгъуащМосква, цIыху цIэрыIуэхэм я IэрыкIхэр щагъэлъагъуэ «Манеж» залым, гъатхэпэм и 14-19-хэм щекIуэкIащ Дахагъэм и еханэ тхьэмахуэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и дизайнер, «Хьэцыбанэ» дамыгъэм щIэту фэилъхьэгъуэхэр зыд, хьэпIацIэщыгъэкIэ екIуу хэзыдыкI IэпщIэлъапщIэ Щоджэн ФатIимэ и лэжьыгъэхэри абы щигъэлъэгъуащ. Урысейм и мызакъуэу, хамэ къэралхэм щыщ дизайнерхэм я IэдакъэщIэкI щэ бжыгъэхэр абы утыку къыщрахьащ. IэпэIэсэ цIэрыIуэхэм я IэрыкI гъэщIэгъуэнхэм зэреплъам къинэмыщIауэ, къызэхуэсахэр едэIуащ иджырей фэилъхьэгъуэхэм ятеухуа лекцэхэм, мастер-классхэм хэтащ, кино нэхъыфIхэм я фестивалхэми хэплъащ. Налшык щыщ хъыджэбзым Iэмал иIащ модельер ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэхэми и зэфIэкI щеплъыжыну. Москва и мэрым и къуэдзэ Сергунинэ Наталье зэрыжиIамкIэ, Дахагъэм и тхьэмахуэм хэтыну хуейуэ къатхащ Урысейм и щIыналъэ 70-м, Калининград щыщIэдзауэ Владивосток щыщIэкIыжу, хиубыдэ къали 100-м щыщ IэпщIэлъапщIэ мин бжыгъэхэм. ФатIимэ и кIэн къикIауэ жыпIэ хъунущ а зэпеуэм пхыкIа дизайнерхэм ящыщ зэрыхъуамкIэ. Ди хэкуэгъу дизайнерым абы щигъэлъэгъуащ «Амазонкэ» зыфIища и IэдакъэщIэкIхэр. А фIэщыгъэр къигупсысащ художник Щэмей Руслан бзылъхугъэм триухуа и лэжьыгъэхэр илъэгъуа нэужь. ФатIимэ и фэилъхьэгъуэхэр хуигъэпсащ зи щэнхабзэм пыщIэныгъэ быдэ хузиIэ цIыхубз къарууфIэм, щхьэхуитым, зи щхьэ зыгъэпсэужым и теплъэм. ГуфIэгъуэм къыхуащтэмрэ махуэ къэс зэрахьэхэмрэ триухуа щыгъыныгъуэхэм дизайнерым хиухуэнащ Кавказ Ищхъэрэм къыдекIуэкI щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр. Москва щекIуэкIа зэхыхьэм щагъэлъэгъуа фэилъхьэгъуэхэр, дауи, къызэрыгуэкIкъым. Сыт щыгъуи хуэдэу, ахэр зыми емыщхьу щIэщыгъуэщ. «Хьэцыбанэ» дамыгъэр илъэс зыбжанэ хъуауэ гъэлъэгъуэныгъэ инхэм я мардэхэм тету мэлажьэ икIи зэпеуэшхуэхэм я къызэгъэпэщакIуэхэм къыхуагъэув Iуэхугъуэхэм зэрыпэлъэщыр мызэ-мытIэу ди нэгу щIэкIащ. - Урысейми хамэ къэралхэми щымащIэкъым ДахагъэмкIэ гъэлъэгъуэныгъэхэр. Абыхэм укIуэну апхуэдэу гугъукъым, мылъку къызэрыралэжьым къыхэкIыу нэхъыбэ къызэрырашэлIэным яужь итщи, - жеIэ Щоджэн ФатIимэ. - Москва щекIуэкI зэхыхьэр нэгъуэщIхэм къазэрыщхьэщыкIыр абы хэтынухэр зэпеуэкIэ къызэрыхахырщ. Аращ абы упхыкIыным пщIэ щIыпылъыр. Зи IэдакъэщIэкIхэм дыщыгъуазэ ФатIимэ и лэжьыгъэхэр иджыри зэ щыхьэт тохъуэ IэкIэ зэлIэлIа фэилъхьэгъуэхэм зэпымыууэ щIэупщIэ зэраIэм. ФатIимэ куэд щIауэ дехьэх икIи фIыуэ щыгъуазэщ лъэпкъ фащэм къикIуа тхыдэм, абы епха хабзэхэм. Зэпеуэхэмрэ гъэлъэгъуэныгъэхэмрэ къыхэжаныкI, зи лэжьыгъэхэм нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэри къызыщIэупщIэ IэпщIэлъапщIэм и цIэр нэхъри зэрыIум и щыхьэтщ Москва щигъэлъэгъуа щыгъынхэр. АтIэ «Манеж»-м щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэм дунейм щыцIэрыIуэ бренд 200-м щIигъу зэрыхэтам тепщIыхьмэ, абы утыкур къыщыплъысыныр ехъулIэныгъэшхуэщ.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2026 - 11:00 →
Лианэ и IэрыкIхэр
19.04.2026 - 10:00 →
Тетащ дунейм нэфIэгуфIэу
16.04.2026 - 14:37 →
Хабзэрмрэ бзэмрэ и гъуазэу
15.04.2026 - 16:38 →
Телъщ ар ноби ди напщIэ
13.04.2026 - 14:52 →
КъэхъукъащIэхэм пэджэжу
| ||





