«Урысей зэкъуэтым» къепщытэж

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и лэжьыгъэр къыщапщытэжа зэхуэс щекIуэкIащ Налшык, ЩIалэгъуалэм я унэм. Абы хэтащ УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым, Къэрал Думэм я депутатхэр, КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я лIы­кIуэхэр, «Молодая гвардия» зэгухьэныгъэм хэтхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэр, журналистхэр. ЗэIущIэр къызэIуахащ УФ-мрэ КъБР-мрэ я гимнхэмкIэ. Зэхуэсахэм гуп-гупу загуэшри, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм тепсэлъыхьащ. Абы хэтащ мыпхуэдэ Iыхьэхэр: дзэ Iуэху хэхам хэтхэм ядэIэпыкъун, экономикэ, медицинэ, егъэджэныгъэ. 

Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм тещIыхьауэ екIуэкIа Iыхьэхэм щыжаIахэмрэ къы­щыхалъхьахэмрэ къыщызэщIакъуэжа зэIущIэр къызаIуахащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым лъэпкъ программэр зэригъэзэщIар белджылы къэзыщI ­видеотеплъэгъуэмкIэ.
ЗэIущIэр езыгъэкIуэкIа Аттаев Азнор пэублэ псалъэу жиIащ: 
- Илъэситху ипэ «Урысей зэкъуэт» политикэ партыр елэжьын щIидзащ лъэпкъ программэхэм. Ар гъэзэщIэным хэлэ­жьы­хьащ депутатхэр, волонтёрхэр, дохутырхэр, щIэныгъэлIхэр, хьэрычэтыщIэхэр, зауэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. КъэкIуэнум тещIыхьа псэукIэ доухуэ, дызэ­плъэ­кIыжрэ блэкIам дерсхэр къыхэтхыжурэ, - жиIащ абы. 
Гуп-гупу ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм щыжаIахэм, мурадрэ къалэну щагъэувахэм теухуауэ къэпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIалэгъуа­лэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ и центрым и унафэщI, КъБР-м и Парламентым и депутат Шевчук Герман, хьэрычэт цIыкIумрэ курытымкIэ «Опора России» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и республикэ ­къудамэм и унафэщI Къылъшыкъуэ Альберт, Республикэ клиникэ сымаджэщым мафIэм исахэм щеIэзэ и къудамэм и унафэщI Хьэжы Артур, Тэрч ­къалэм дэт етхуанэ курыт еджапIэм и унафэщI Тумэ Валентинэ сымэ. 
- Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм, абы и ветеранхэм, зауэлIхэм я унагъуэхэм гулъытэ яхуэщIыныр къэралым зыхуигъэувыжа къалэнщ икIи ар гъэзэщIэным Iэмалу щыIэхэмкIэ дыбгъэдохьэ. Гулъытэ ягъуэт зауэлIхэм, уIэгъэ хъууэ къэзыгъэзэжахэм, дзэ Iуэху хэхам ныкъуэдыкъуэ щыхъуахэм, къулыкъум пэрыту зи псэ зытахэмрэ абы хъыбарыншэу щыкIуэдахэмрэ я унагъуэ­хэм. Ди республикэм щыдогъэзащIэ абыхэм даридэIэпыкъун щхьэкIэ дгъэбелджыла Iуэху 65-рэ. 
2023 гъэм жэпуэгъуэм и 26-м КъБР-м и Iэтащхьэм къищта унафэм тету, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэмрэ абы хэкIуэдахэм я унагъуэхэмрэ я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъ «Грушёвая роща» санаторэм, 2025 гъэм щегъэжьауэ Урысейм и социальнэ фондым и реабилитацэ центрхэми ягъа­кIуэ. Апхуэдэ Iуэхутхьэбзэ хуащIащ цIыху 443-м. Дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я бын ­375-м я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъащ икIи зыщагъэпсэхуащ «Радуга», «Звёздочка» сабий санаторэхэм, - жиIащ Шевчук Герман. Ар щхьэхуэу къытеувыIащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и щIыналъэ къудамэм и лэжьыгъэм. Гулъытэ, захуагъэ, пщIэ - мы Iуэхугъуищыр хабзэ ­хуэхъуащ фондым. ЩIэблэр хэкупсэу гъэсэным ­хуащI гулъытэм къытеувыIэу, къэпсалъэм къыхигъэщащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэр щIэх-щIэхыурэ еджакIуэхэмрэ студентхэмрэ зэраIущIэр, «ЛIыгъэм и дерс» Iуэхухэм зэрыхэтыр. 
Экономикэм щытепсэлъыхьа секцэм щыжаIахэр игъэбелджылащ Къылъшыкъуэ Альберт. Абы жиIащ зэIущIэм къыщагъэлъэгъуа бжыгъэхэм къытемыувы­Iэу, адэкIэ ялэжьын хуей къалэну зы­хуа­гъэувахэм тепсэлъыхьмэ нэхъ къезэгъыу.
- ЗэIущIэм къалэн гугъухэр къыщыдгъэлъэгъуащ. Абы хэтахэм жа­Iамрэ къыхалъхьа Iуэхугъуэхэмрэ Iыхьэ зыбжанэу дгъэбелджылащ. Япэу дыкъытеувыIащ энергетикэм, етIуанэу - технологие Iуэху­гъуэхэм. Технологие хьэрычэт Iуэхур гъэ­кIуэ­тэным сэбэп хуэхъуну гъэпсыкIэ щхьэхуэ ухуэным зепщытын зэрыхуейм теухуа еплъыкIэ къыжаIащ къэпсэлъахэм. ДыкъытеувыIащ налог Iуэхухэми. Къэ­псэлъахэм жаIащ а Iуэхугъуэм щхьэхуэу къытегъэзэжын, убзыхун, хабзэ щхьэхуэ­хэри хуэгъэбелджылын хуейуэ. Дытеп­сэ­лъыхьащ зэхэщIыкI IэрыщIым, бжыгъэхэм тет технологиехэм, нэгъуэщIхэми -, жиIащ абы. 
Тумэ Валентинэ КъБР-м и Iэтащхьэм фIыщIэ хуищIащ егъэджэныгъэр егъэ­фIэкIуэным теухуа Iуэхугъуэ щхьэпэхэр рес­пуб­ликэм къыщызэгъэпэщыныр и нэIэ зэрыщIэтым папщIэ. Ар ехьэ­лIащ егъэджакIуэхэм я улахуэм зэрыхагъэхъуами, абыхэм я зэ­пеуэхэми, курыт еджапIэхэр зэрызэрахьами, еджапIэщIэхэр зэ­рау­хуами, ахэр зыхуейхэмкIэ къызэрызэгъэпэщами. И гугъу  ищIащ «Илъэсым и егъэджакIуэ», «Илъэсым и гъэсакIуэ» зэ­пеуэхэми. 
Хьэжы Артур тепсэлъыхьащ «Модернизация первичного звена здравоохранения» лъэпкъ программэм. 
- Республикэм программэр зэрыщагъэзащIэ илъэситхум къриу­быдэу къызы­хуэтыншэу зыхуей хуагъэзащ медицинэ IуэхущIапIэу 30, щIэуэ яухуащ - 15. Медицинэ IуэхущIапIэхэм иджырей Iэмэп­сы­мэхэр къызэрыщагъэсэбэпым и фIыгъэ­кIэ сымаджэщхэм Iуэхутхьэбзэхэр нэсу къыщызэгъэпэщащ. ЦIыхухэм я Iуэхур ­нэхъ тынш хъуащ онлайн чэзур къызэрыу­нэхури - ахэр зыхуэныкъуэ дохутырым и деж нэхъ тыншу нос -, жиIащ абы. 
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыщыпсалъэм къыхигъэщащ иужьрей илъэс пщIы бжыгъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэтащхьэу тетыр «Урысей зэкъуэт» политикэ партым зэрыщыщыр.
- «Урысей зэкъуэт» политикэ партыр къэ­ралым щынэхъ лъэщ ды­дэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гугъу пщIыми, ар зи лъэ быдэу ува, цIыхухэм дзыхь зрагъэз политикэ партщ. 
Лъэпкъ программэр, лъэпкъ проектхэр икъукIэ щхьэпэщ псэу­кIэр егъэфIэкIуэ­нымкIэ. Сыт зи гугъу тщIы программэхэм илъэситхум къадэкIуар? Программэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэм зедгъэужьыну Iэмал къыдатащ, япэрауэ. Илъэситху ипэкIэ республикэм иIа мылъкум хуэдитI къыхэхъуащ а пIалъэм. Респуб­ли­кэм и къэрал щIыхуэ къудейм и гугъу пщIымэ, наIуэ мэхъу илъэситху лэжьыгъэм кърикIуахэр. 2018 гъэм ­КъБР-м и къэрал щIыхуэр сом мелард 12 хъурт. Нобэ республикэм и щIыхуэр зэры­хъур езым и хэхъуэм и процент 15 къудейщ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 
Республикэм и Iэтащхьэр тепсэлъыхьащ медицинэм, егъэджэныгъэм, спортым, щIалэгъуалэ Iуэхум щызэдгъэхъулIахэм. КъытеувыIащ гугъуехьхэми. Апхуэдэщ, къэ­рал псор, республикэр гуа­уэщхьэуэ хэ­зыгъэта «Ковид-19» узыфэ зэрыцIалэри, ди щIалэхэр дзэ Iуэху хэхам я къалэныр зэрыщагъэзащIэри. Къыхигъэщащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым зауэлIхэм ядэIэпыкъуным теу­хуауэ илэжьахэри. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: