Бахъсэн къалэм Нэгъуей Николай и цIэр зезыхьэ и курыт еджапIэ №5-м зэхыхьэ щхьэпэ щрагъэкIуэкIащ Адыгэбзэм и махуэм теухуауэ.
Бахъсэн къалэ округым и администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэмрэ Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм республикэм щиIэ и къудамэм хэтхэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща зэхыхьэр зи жэрдэмыр Урысейм и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм, Кавказым и тхакIуэхэм я клубым хэт, «Талант» зи фIэщыгъэ щIэныгъэ IуэхущIапIэм урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ щезыгъаджэ, тхакIуэ, усакIуэ Къудей (КъуэщIысокъуэ) Фэридэщ.
ЗэIущIэм зыкърагъэхьэлIат Тэрч районым хыхьэ Плановскэ къуажэм дэт курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ илъэс куэд хъуауэ щезыгъаджэ Тэрчокъуэ Заретэ, Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Каменномост къуажэм и курыт еджапIэ №2-м пэщIэдзэ классхэм щезыгъаджэ Багъ Асият, Бахъсэн къалэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ и курыт школым и унафэщI Нэгъуей Ахьмэд, Шэджэм район администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и IуэхущIапIэм и методист Щокъарэ Оксанэ, Кавказым ис тхакIуэхэм я клубым хэт, усакIуэ, тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ Уэтэбей Руслан, Бахъсэн къалэм дэт курыт еджапIэхэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щезыгъаджэхэр, нэгъуэщIхэри.
Зэхыхьэр къыщызэIуихым, Къудей Фаридэ жиIащ:
- Адыгэбзэм и махуэ лъапIэмкIэ дэтхэнэ зыми сынывохъуэхъу! Дунейпсо Адыгэ Хасэм абы ирищIэкI Iуэхухэм ящыщ зыщ Iуэрытхыр (диктантыр). А Iуэхум къулыкъущIэхэр, студентхэр, унэгуащэхэр, ныбжьыщIэхэр, уеблэмэ дунейпсо мыхьэнэ зэригъуэтам и щыхьэту, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри хэтщи, узыгъэгуфIэщ, узыгъэгушхуэщ.
Зэман жыжьэм ди нэхъыжьыфIхэм къыкIуэцIраха ди бзэмрэ хабзэмрэ дэ къытщIэхъуэжахэм ябгъэдэтлъхьэмэ, я IэфIагъыр зыхедгъащIэмэ, лъэпкъым адэкIи зиужьынущ. Бзэр щыIэмэ, дэри дыщыIэщ. Нобэрей махуэ лъапIэм хуэдэхэр къэдгъэсэбэпу, нэхъыбэрэ дызэхыхьэпхъэщ. УсакIуэхэм, тхакIуэхэм я лэжьыгъэхэм щыщ утыку къитхьэмэ, абыхэм цIыкIуи ини щыгъуазэ тщIымэ, ди щэнхабзэм дежкIи щхьэпэщ. Лъэпкъым папщIэ гууз-лыуз зиIэ дэтхэнэми IуэхуфI хуэлэжьынущ. Я нэхъ мащIэ дыдэращи, нэгъуэщI лъэмыкIми, и бзэкIэ псэлъэфынущ. Ар Iуэху цIыкIукъым, уеблэмэ нэхъапэр арагъэнущ
ЗэрытщIэщи, унагъуэм къыщекIуэкI зэхущытыкIэр къащIэхъуэ щIэблэм щапхъэ зэрахуэхъум шэч хэлъкъым. НыбжьыщIэхэм гъэсэныгъэ тэмэм ягъуэтын папщIэ, адэ-анэхэми унагъуэм ис нэхъыжьхэми лэжьыгъэшхуэ я пщэм къыдохуэ. «ЦIыкIуу къамылъху ин хъуркъым», - жиIащ пасэрейм. УщыныбжьыщIэм зыхэплъхьэ хьэлращ гъащIэм къыщыбдекIуэкIынур. Адэ-анэм я хьэкъым нэмыщI, еджапIэхэм щезыгъаджэ дэри къыттохуэр махуэ къэс къытхуэкIуэ ныбжьыщIэхэм деущиину, дэтхэнэ зыми бгъэдыхьэкIэ зырыз къыхуэдгъуэтыну. ЩыцIыкIум къыщегъэжьауэ ахэр хабзэм, нэмысым, гущIэгъум, гулъытэм хуэдущиймэ, гъуэгу захуэ техьэну дащыгугъ хъунущ.
Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Кавказымрэ я тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм хэтхэм я IэдакъэщIэкIщ мыбдежым телъ тхылъхэмрэ журналхэм ярыт тхыгъэхэмрэ. Мыхэр фхуэзгуэшыну къыфхуэсхьауэ аращ. Ауэ япэщIыкIэ сытепсэлъыхьынщ иджыблагъэ дунейм къытехьа тхылъитIым. Ахэр зи IэдакъэщIэкIыр Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Мэржэхъу ФатIимэрэ егъэджакIуэ Багъ 1эсиятрэщ. ЛэжьыгъитIри хуабжьу сэбэп хъуну къызолъытэ сабийхэм гъэсэныгъэ тэмэм ябгъэдэлъхьэнымкIэ. ФатIимэ и тхылъыр зытриухуар нарт эпосым хэт Сосрыкъуэщ. Тхылъым «Сказания о Сосруко» фIищащ. Урысыбзэми, дахащэу тхащ ар. 1эсият и IэдакъэщIэкIым, джэгукIэ Iэмалхэр къыщигъэсэбэпурэ, зи гугъу щищIар адыгэм ди иджырей тхыбзэм хэт хьэрфхэращ. Къеджэхэм щIэщыгъуэ ящыхъуну, дерс къыхахыну къызолъытэ хьэрфхэм ятеухуа сабий усэхэм, уэрэдхэм. Тхылъым фIищар «Хьэрфхэм я пшыналъэ» фIищащ.
КIэлъыкIуэу сызытепсэлъыхьынур адыгэбзэкIэ республикэм къыщыдэкI ди журналхэмрэ газет закъуэмрэщ. «Iуащхьэмахуэ», «Нур» журналхэр, «Адыгэ псалъэ» газетыр дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми къыIэрыхьапхъэщ. Абыхэм ярытым сабийм ухутепсэлъыхьмэ, зэрызыхиубыдэнум шэч хэлъкъым. ЕгъэджакIуэхэми ахэр къэдгъэсэбэпыпхъэщ. Адыгэбзэ дерсым хухах сыхьэт бжыгъэр мащIэми, зэман къыдэдгъэхуэурэ журналхэмрэ газетымрэ итхэм цIыкIухэр щыдгъэгъуэзэн хуейщ, - жиIащ Фаридэ.
АдэкIэ абы псалъэ иритащ Щокъарэ Оксанэ.
- ГъащIэ щыхъукIэ, лъэпощхьэпо куэдым ухуэзэнущ, ауэ ар тэмэму къызэбнэкIыфын папщIэ акъыл зэхэдзэр сытым дежи сэбэпщ. Мыпхуэдэ зэхыхьэхэр нэхъыбэрэ къызэдгъэпэщыпхъэщ, лъэпкъым щхьэпэ хуэхъунуи къыщIэкIынт. ЕгъэджакIуэхэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр, зэдзэкIакIуэхэр нэхъыбэрэ дызэхуэзэмэ, дымыщIэ къызэрытщIэнум, ди къэухьхэм зэрызиужьынум шэч хэлъкъым. ТхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ ныбжьыщIэхэр яхуэдгъазэмэ, зэхахымрэ ялъагъумрэ дерс къыхахыну къызолъытэ. КъищынэмыщIауэ, егъэджакIуэхэми я пщэ къалэнышхуэ къыдохуэ, сыту жыпIэмэ, унагъуэ зырызыххэ къикIа сабийхэр зэбгъэдэIуэныр, ебгъэджэныр, бгъэсэныр Iуэху къызэрыгуэкIкъым. Ауэ, дапхуэдэу гугъуми, дызэгъусэу делIэлIэн хуейщ щIэблэм я гъэсэныгъэм. Си гуапэу къыхэзгъэщынут ди нэхъыжьыфIхэм кърахьэжьа Iуэрытхым къыхыхьэхэр гъэ къэс нэхъыбэ зэрыхъур. Ар икъукIэ лъэпкъым дежкIэ щхьэпэщ. ФIыщIэ псоми фхузощI, мы Iуэхур къызэзыгъэпэщахэми жэрдэмыр зейхэми. Упсэу, Фэридэ, икъукIэ си гуапэу зыкърезгъэхьэлIащ нобэрей зэхыхьэм. Дэтхэнэ зыми Адыгэбзэм и махуэ лъапIэмкIэ сынывохъуэхъу, ди зэхуэзэ фIы хъуну, ди анэдэлъхубзэм теухуауэ Iуэху етхьэжьэр къыдэхъулIэну, дефIэкIуэну, - жиIащ абы.
Къудей Фэридэ зэIущIэм къэкIуахэм фIыщIэ яхуищIри, къыздихьа тхылъхэр, журналхэр, газетхэр яхуигуэшащ.
Зэхуэсым хэтахэм жаIар къызэщIэткъуэжмэ, бзэм, хабзэм, тхылъыщIэхэм, нэгъуэщI IуэхуфIхэм теухуауэ щIэх-щIэхыурэ зэхуэсын, абыхэм щIалэгъуалэр къегъэблэгъэн хуейщ.
Зэхыхьэм Уэтэбей Руслъан и усэщIэ къыщеджащ.