Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
Узыншагъэм и дунейпсо махуэщ Рунетыр - урысыбзэкIэ лажьэ интернетыр (Ru дамыгъэр зиIэр) - къыщызэрагъэпэща махуэщ Урысейм ягу къыщагъэкIыж псыщIагъырыкIуэ кхъухьым къулыкъу щызыщIэу хэкIуэдахэр 1940 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм я унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, АР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я журналист Мэзыхьэ Борис. 1948 гъэм къалъхуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, Къандурым и цIэр зезыхьэ саугъэтыр зыхуагъэфэща Бемырзэ Мухьэдин. 1958 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къуэжьокъуэ Мухьэмэд. 1937 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ кандидат Уэркъуасэ Владимир.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 16 - 17, жэщым градуси 6 - 8 щыхъунущ.