«Сыт хуэдэ IэщIагъэ ущIэхъуэпсрэ?»ЩIэблэм и гъэсэныгъэр зыхуэдэ хъунур - фIыми Iейми - куэдкIэ елъытащ щапхъэ хуэхъум. НыбжьыщIэм гъуазэ иIэмэ, Iэмал кърет цIыху зэхущытыкIэхэм егупсысыну, лъапIэныгъэхэр игъэбелджылыну. Дауи, нэхъыбэрэ, щIалэгъуалэм я щапхъэр адэ-анэрщ, гъэсакIуэхэрщ, апхуэдэуи къохъу цIыху цIэрыIуэхэр (щIэныгъэлIхэр, тхакIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, политикэ пашэхэр) гъуазэ щахуэхъу. А псом ищIыIужкIэ, сыткIэ мыщапхъэрэ зэман нэхъыбэ ныбжьыщIэхэм зытрагъэкIуадэ тхылъхэмрэ фильмхэмрэ хэт лIыхъужьхэр?! Ахэр цIыху нэгъэсауэ зэфIэувэныр елъытащ зыхэт гупхэми абыхэм ятещIыхьауэ къызэрагъэпэщ зэгухьэныгъэхэми. Апхуэдэурэ абы и Iуэху еплъыкIэр игъэлъагъуэу щIедзэ, и фIэщхъуныгъэм хегъахъуэ. Ди зэманым щхьэпэщ волонтёр Iуэхур, студент, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр. Абыхэм зэрыхэтым и фIыгъэкIэ, щIалэгъуалэр утыку къихьэфу, жылагъуэм къыщекIуэкIым ехьэлIауэ я Iуэху еплъыкIэ къагъэлъэгъуэфу мэхъу. ЛъапIэныгъэхэм я мыхьэнэр егъэджэныгъэ Iэмалми зэфIегъэувэ: тхыдэм, философием, социологием, гъуазджэм хуэдэ дерсхэм щIалэгъуалэм я гупсысэм зрегъэубгъу. Ауэ ди зэманым хамэ къэрал къыщыщIагъэкIа фильмхэмрэ нэтынхэмрэ, интернет-Iэмалхэр тыншу зэрагъуэтым урысей щэнхабзэм емыщхь лъапIэныгъэхэм щытригъэгупсысыкIи щыIэщ. Сыт атIэ нобэ гу зылъыттэн хуейр?! Мы Iуэхум теухуа зы хъыбар щапхъэу къытхуехь «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн. Абы жеIэ: «Зэгуэрым балигъхэр щыту сабийхэм зы упщIэ естащ: «КъэкIуэнум сыту зыфлъагъужрэ, сыт хуэдэ IэщIагъэ фыщIэхъуэпсрэ?» Зы щIалэ цIыкIум занщIэу жэуап къитащ: «Композитор цIэрыIуэ сыхъуну сыщIохъуэпс! Уеблэмэ иджыпстуи макъамэ зэхэслъхьэну сыхэтщ». Асыхьэтым балигъхэм ящыщ гуэрым абы и жэуапымкIэ зэрымыарэзыр къыхэщу: «Сыт композитор? Арат къытхуэтыжыр!» - жиIащ. Балигъыр тIэкIу згъэбэяури, жаIар зи жагъуэ хъуа щIалэм апхуэдэ мурад щIищIамкIэ сеупщIащ. «Дунейм ехыжа си адэшхуэм зэгуэр тыгъэ къысхуищIауэ щыта макъамэ центрым пщэдджыжь къэс сыщодаIуэ Моцарт, Бетховен, Чайковский, Штраус, нэгъуэщI композитор щэджащэхэми я IэдакъэщIэкIхэм...» Дэтхэнэ зы цIыхуми и къару зыхэлъ гуэр иIэщ, адрейхэр абы хуигъэсэфыну. Хэти къызэрымыкIуэу зэджар игу иреубыдэф, адрейм математикэмрэ физикэмрэ зэфIэкI лъагэхэр щиIэщ, нэгъуэщIым фIыуэ сурэт ещI, хэти спортыншэу и гъащIэр и нэгу къыщIигъэхьэркъым, языныкъуэхэри хьэзырщ махуэм сыхьэт зыбжанэкIэ шхыныгъуэ IэфIхэр ягъэхьэзырыну… Сэ сызэреплъымкIэ, нэхъыщхьэр сабийхэм я сэбэп зыхэлъхэмрэ дэзыхьэххэмрэ пщIэ хуэщIынырщ, ахэр тэмэму унэтIынырщ, щапхъэу къэсхьа балигъым хуэмыдэу, заужьыну зэрыхущIэкъур ямыгъэужьыхыу, Iэпэдэгъэлэл ирамыгъэщIу ахэр нэхъри тегъэгушхуэнырщ. Унафэ тэмэмхэр къыдокIуэ дзыхь зэхуэпщIу укъызэрызэдекIуэкIым».
Поделиться:
Читать также:
20.04.2026 - 14:42 →
Псори зэкIуу зэдэзыхь
14.04.2026 - 11:00 →
ЩIалэгъуалэр щIыналъэм къинэн папщIэ
13.04.2026 - 14:01 →
ЕгъэджакIуэхэм ядолажьэ
09.04.2026 - 17:27 →
ЕджапIэр гъуэгущIэ тохьэ
08.04.2026 - 11:06 →
Курыт IэщIагъэм нэхъ хуосакъ
| ||





