Вагъуэхэм пхылъэтри…

 Илъэс 65-рэ ипэкIэ, 1961 гъэм и  гъатхэм,  дунейм къыщыхъуауэ щытам, цIыхур япэу ­хьэршым зэрылъэтам, мыхьэнэшхуэ щиIащ жылагъуэм. Зэи къэмыхъуауэ, ЩIым илъэтыкIщ, ва­гъуэхэм пхылъэтри, цIыхур нэсыфат хьэрш жыжьэм. Тхы­дэр IыхьитIу игуэшауэ щытащ а къэхъукъащIэм. Дуней псом зэуэзэпсэу щызэлъащIысат ­хьэршым кIуэ гъуэгур япэу пхызышауэ щыта Гагарин Юрий и цIэр. 

Япэ космонавтым къызэIуиха лъэхъэнэщIэм и мыхьэнэр ноби инщ, къып­хуэмылъытэным хуэдизу. Абы лъандэрэ цIыхухэр яужь ихьащ гъунэгъу планетэ-хэр къэгъэIурыщIэным, уеблэмэ абыхэм зыплъыхьакIуэ кIуэным. Япэ дунейпсо ­туристу абы щыIар Титто Денисщ. Къинэ­мыщIауэ, хьэршым щагъэува станцхэм иджы мэлъатэ къызэрыгуэкI цIыхухэр, лэжьыгъэ Iуэху зэрахуэу. Фигу къэдгъэ­кIыжынщи, нэгъабэ абы кино щытрахыну лъэтащ Урысейм и актёрхэу кинорежиссёр Шипенкэ Климрэ актрисэ Пересильд Юлиерэ, Урысейм и ЛIыхъужь, космонавт Шкаплеров Антон я гъусэу. 
Дунейми ди къэралми ахуэдиз гулъытэ щызыгъуэт, мыхьэнэшхуэ зрат къэхъукъащIэм ди щIыналъэми зыщимыужьу къанэркъым. Ди лъэпкъэгъу щIалэхэм ящыщ зыбжанэ хьэрш Iуэхум щыхуеджащ Москва. Хьэршым дихьэх ныбжьыщIэхэм папщIэ илъэситIым нэсауэ мэлажьэ ­Налшык дэт «ДыгъафIэ къалэ» творчествэмкIэ сабий академием къыщызэIуаха лабораторэ хьэлэмэтыр. А щIэныгъэм ди щIы­налъэм зыщегъэужьыным телэжьэ­ныр зи къалэн а IэнатIэм фIащащ ЩIэ­ныгъэхэмкIэ Урысей Академием и академик цIэрыIуэ, ди лъахэгъу еджагъэшхуэ Энеев Тимур Магомед и къуэм и цIэр. 
Къыхэдгъэщынщи, лъэпкъыр зэрыгушхуэ щIэныгъэлIыр РАН-м и Прези­диумым хэтащ, хьэршым епха IэнатIэ­хэмкIэ абы и къудамэм и унафэщIу, механикэмкIэ, хьэрш ракетэхэр зэпкърылъ­хьэ­нымкIэ IэщIагъэлI Iэзэу дунейм тетащ. Энеевыр Лениным и цIэкIэ щыIа Къэрал саугъэтым и лауреатщ. Хьэршыр джы-ным, ар къэгъэIурыщIэным теухуа и къэ­хутэныгъэхэм папщIэ щIэныгъэлI пажэм къыхуагъэфэщауэ щытащ Ленин, Бэракъ Плъыжь орденхэр. Абы и IэдакъэщIэкIхэм я нэхъыбэр ноби хуолажьэ хьэршым яутIыпщ аппаратхэм я псынщIагъыр къэ­хутэнымрэ ахэр цIыхум и унафэм щIэгъэтынымрэ. Апхуэдэ и щIэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэхэм папщIэ абы къратащ Цандер Ф.А. и цIэкIэ щыIэ дыщэ медалыр. Апхуэдэу Энеевыр хуабжьу дихьэхыу щытащ космогонием, астрофизикэм, ­планетэхэм я зэхуаку щызекIуэ спутник системэ лъэщ зэтеубла хъуным. Иужьрей илъэсхэми абы елэжьащ. 
Апхуэдэ цIыху цIэрыIуэм и цIэр зезы­хьэну лабораторэм гукъыдэжышхуэ яIэу щолажьэ, къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэри щрагъэкIуэкI хьэрш щIэныгъэм нэхъ    куууэ щыгъуазэ зыхуэзыщIыну гукъы-дэж зиIэ ныбжьыщIэхэр. Хьэршым и махуэм иры­рагъэхьэлIэу, зы илъэси къэ­мынэу а Iэ­натIэм щрагъэкIуэкI цIыху куэд зрагъэб­лагъэ Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэр. Абыхэм хеу­быдэ дерс зэIухахэр, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, зэфIагъэкIа къэпщытэныгъэ хьэ­­лэмэтхэм къари­кIуахэри наIуэ къащI. ЕджакIуэхэм ягъэ­хьэзыр хабзэщ хьэршым и тхыдэм теу­хуауэ докладхэр,    Гагариныр хьэршым зэрылъэтам епха викторинэр. Лицейм щIэныгъэ-къэхутэныгъэм­рэ конструктор лэжьыгъэмкIэ и къуда- мэм и гъэсэнхэм езыхэм ящIа ракетэ моделхэр ягъэлъатэ, я проект лэжьыгъэ­хэм я гъэлъэ­гъуэныгъэ къызэрагъэпэщ. 
КъытщIэхъуэ щIэблэр хьэршым и Iуэ-хум апхуэдизу зэрыдихьэхым къегъэлъагъуэ а щIэныгъэм и пщIэмрэ игъуэт ­гулъытэмрэ хэхъуэ зэпыту зэрыщытыр, хьэршым япэу лъэта Гагариным и цIэри дунейпсо тхыдэм игъащIэкIэ хэмы­кIуэ­ды­кIыжыну къызэрыхэнар.
 
КЪАРДЭН  Маритэ.

Поделиться: