Уэрэдыр зи дамэ, зи дуней телъыджэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым, адыгэхэр щыпсэу нэгъуэщI щIыпIэ­хэм щыцIэрыIуэ, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа, пщIэрэ щIэупщIэрэ зиIэ уэрэджыIакIуэ, Урысейм ис лъэпкъхэм я Артиадэмрэ гъуазджэхэмкIэ «Сочэ-2013» дунейпсо зэпеуэмрэ я лауреат Аслъэн Iэсият нобэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирокъу.

Аслъэн Iэсият хэлъхьэныгъэфI зыхуищI лъэпкъ щэнхабзэм, макъамэ гъуазджэм зэрымыщIэкIэ зыхуэкIуа лъагъуэр угъурлыуэ къыхущIэкIащ. Зэрысабийрэ зыхилъхьэ щымыIэу макъамэр фIыуэ илъагъурти, микрофон папщIэу зыгуэр къищтэрт, гъуджэм бгъэдэувэрти концерт иту къызыщигъэхъурт, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм заригъэщхьу. Аруан районым хыхьэ Нарткъалэ и курыт еджапIэ №5-м иIа ансамблым хэтащ 6 - 7 классхэм щыщIэсым. 
Курыт еджапIэ нэужьым Iэсият «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым зыщигъэсащ, лъэпкъ къафэхэм хуабжьу дахьэхырти. Транспорт IуэхущIапIэм щыIэ макъамэ ансамблым и унафэщIу а зэманым щыта, Ингуш, Осетие Ипщэ республикэхэм щIыхь зиIэ я артисткэ Кърым Иринэрэ Iэсиятрэ 1986 гъэм зэрыцIыхуащ. Уэрэд­жы­IакIуэхэм я республикэ зэпеуэ къэблагъэрт. Абы хэтыну зызыгъэ­хьэзыра и уэрэджыIакIуэр сымаджэ щыхъум, Иринэ абы и пIэкIэ ­Iэсият хигъэхьэри, япэ увыпIэр къыхуагъэфэщащ. Аращ и IэщIагъэм щIэдзапIэ хуэхъуари. 
«Кабардинка» ансамблым Iэсият илъэс 20 щрикъум тыгъэ къы­хуищIауэ щыта «Iэлъын цIыкIур» цIыхубэ уэрэдыр ящыщщ и япэ уэрэдхэм. Ар зымыщIэрэ фIыуэ зымылъагъурэ къэгъуэтыгъуейщ. Абы и хъыбарри гъэщIэгъуэнщ. Къэрэшей-Шэрджэсым концерт ­щатыну ансамблыр кIуауэ а уэрэдыжьыр зы къуажэ гуэрым щызэ­хахащ. Къэсыжа нэужь Iэсият къратащ, къыщалъхуа махуэм и щIыхькIэ. «Iэлъын цIыкIур» радиом щригъэтха нэужь, зыкъо­мым ягу дыхьащ икIи абыкIэ куэдым къацIыхуащ. 
Мыз Борис зи унафэщIу щыта «Къэббалъкътелерадиом» и хорым Аслъэн Iэсият илъэсипщIкIэ щылэжьащ. Макъамэм хуемыджами, Тхьэм къыбгъэдилъхьа зэфIэкIымрэ кърита макъымрэ къыщхьэ­пэжащ. КъардэнгъущI Зырамыку къыхуигъуэтыжа цIыхубэ уэрэдхэр фIэфIу куэдрэ игъэзэщIащ Iэсият, композитор Iэзэхэми ядэлэжьэну и насып къихьащ. Къэбэрдокъуэ Борис, Вэрокъуэ Валерэ, ЗэрэмыщIэ Заретэ, Къанкъул ФIыцIэ, АфэщIагъуэ Зое, Сокъур Ольгэ, Лосэн Тимур, Лий Аслъэн сымэ макъамэ зыщIалъхьа уэрэдхэр и гъунэжщ. Псалъэхэр Хьэрэдурэ Динэ, Чэрты Мадинэ, Бейтыгъуэн Iэуес, Балъкъэр Иринэ, нэгъуэщIхэми ейщ. Iэсият егъэзащIэ лъагъуныгъэм, анэм, Хэкум, нэгъуэщIхэми ятеухуа уэрэдхэр. 
- Дунейпсо, Урысейпсо Арткомитетхэм я вице-президент, Бейты­гъуэн Iэуес ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу Тыркумрэ Иорданиемрэ 1987 гъэм дыщишам, абыхэм гуапэу дызэрырагъэблэгъауэ щытар сигу къинэжащ. Си уэрэдхэр къызэхуэсахэм ягу зэрыдыхьэр, зэрапэ­гъунэгъур я нэгум къищырт. Зэи сщыгъупщэркъым ди щIыналъэм теухуауэ згъэзэщIахэм хэхэсхэм я нэпс къазэрыригъэкIуар, - игу ­къегъэкIыж Iэсият. - Концерт нэужьым зи ныбжь хэкIуэта зы бзылъхугъэ къызбгъэдыхьэри къызэупщIащ зы зэман гуэр зэпызгъэууэ уэрэд щIыжызмыIар къызыхэкIамкIэ. Унагъуэм теухуа щхьэусыгъуэ гуэркIэ пIалъэкIэ утыку сызэримыхьар щыжысIэм, аргуэру къы­щIигъужащ: «Уэрэд жумыIэну, Алыхьым къыббгъэдилъхьа зэфIэ­кIымкIэ цIыхухэм уадэмыгуэшэну, укъызыхуигъэщIар бгъэпщкIуну апхуэдэ хуитыныгъэ уэ уиIэкъым», - къызжиIат цIыхубзым. Нэхъы­жьым и псалъэхэм куэдым срагъэгупсысащ. 
Нэхъ гукъинэж щыхъуахэм ящыщщ Москва, Санкт-Петербург къалэхэм, Абхъаз, Адыгэ республикэхэм щита концертхэр. Сочэ къалэм гъуазджэхэмкIэ щекIуэкIа Олимпиадэри щIэщыгъуэ щыхъуащ. А фестивалым и дыщэ медалымрэ щIыхь тхылъымрэ къыхуагъэфэщащ Iэсият, «Дыщэ микрофон» саугъэтри дыщIыгъужу.
Аслъэн Iэсият зэрыжиIэмкIэ, лирикэ уэрэдхэр нэхъ пэгъунэгъущ. Гурэ псэкIэ уэрэдыр зыхимыщIэмэ хужыIэнукъым, утыку хуихьэнукъым. ЗэрытщIэщи, уэрэдыр зэхэзыххэм ар щапхъуатэр гумрэ псэмрэ къабгъэдэкIыу щыжыпIэм и дежщ.
- Си гъащIэр къыгуэхыпIэ имыIэу зэпха макъамэр си дамэщ, сызэрыбауэ хьэуащ. Утыкушхуэм и IэфIыр зэгуэр зыхэзыщIа цIыхур абы пэIэщIэу псэуфынукъым. Узэрысабийрэ фIыуэ плъэгъуа, удэ­зыхьэха IэщIагъэм ущыпэрытым и деж абы нэхъыфI щыIэкъым. ЦIыхубэм си уэрэдхэр ягу зэрыдыхьэм гукъыдэжрэ гупсэхугъуэу къызитыр къэIуэтэгъуейщ.

БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
Поделиться: