ЩIыхэр зэрагъэзахуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я советым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр ды­гъуасэ КъБР-м и Правитель­ствэм и Унэм щрагъэкIуэкIащ.

Абы хэтащ «КъБР-м и му­ниципальнэ щIыналъэхэм я ­совет» ассоциацэм и унафэщI Пэнагуэ Максим, абы и къуэдзэ Маслов Николай, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм Къэ­рал кIуэцI политикэмкIэ, щIыпIэ самоуправленэм ехьэ­лIа IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI Хьэсанэ Аслъэн, абы и чэнджэщэгъу Храмцов Алексей, Май, Шэрэдж щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэу Саенкэ Татьянэ, Кульбаев Алан сымэ. 
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ къэралым, щIыналъэм я унафэ щIэт щIыхэр район администрацэхэм къызэрагъэ­сэ­бэ­пымрэ зэрыкIэлъыплъымрэ. Абы теухуауэ убгъуауэ къэп­сэлъащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм Къэрал кIуэцI политикэмкIэ, щIыпIэ самоуправленэм ехьэлIа IуэхухэмкIэ и управленэм и лэжьакIуэ Че­ченовэ Альбинэ.
Хьэсанэ Аслъэн жиIащ мы Iуэхур республикэм и Iэтащ­хьэм и нэIэ зэрыщIэтыр, щIыр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ щIы­налъэ администрацэхэм жэ­уап­лыныгъэ ин зэрахьыр, ар зэрагуэш щIыкIэм районым и псэукIэр зэрелъытар, нэгъуэщI­хэри. 
ЗэIущIэм щагъэлъэпIащ 2025 гъэм екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм щытекIуахэри. Псалъэм къы­дэ­кIуэу жыпIэмэ, Къэбэрдей-­Балъкъэрым и къуажэхэм я нэхъыфIыр къыщыхахым япэ увыпIэр къихьащ Лашынкъей жылэм, абы ахъшэ саугъэту сом мини 160-рэ иратащ, етI­уанэ увыпIэр зыхуагъэфэща Солдатская жылэм сом мини 110-рэ хухахащ, ещанэ увыпIэр къэзыхьа Безенги къуажэм сом мин 80 иратащ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и муниципальнэ щIыналъэхэм щылажьэ бзылъхугъэ-унафэщI нэхъыфIу республикэм къы­щалъытащ Шэрэдж район администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Ефэнды Терезэ, абы ЩIыхь тхылърэ сом мин 50-кIэ хуэупсащ. ЩIыналъэхэм ще­кIуэкI лэжьыгъэр нэхъыфIу къэ­зыгъэлъагъуэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я зэпеуэм щытекIуар «Терек-1» район газетращ, абы сом мин 70 иратащ, сом мин 50 хухахащ етIуанэ увыпIэ зыIэрыхьа «Прох­ла­д­ненские известия» газетым, ещанэ увыпIэр сом мин 30 ­щIыгъуу хуагъэфэщащ «Эль­брусские вести» газетым. Пресс-IэнатIэхэм я нэхъыфI  ­хъуар Бахъсэн район адми­нистрацэм и пресс-IуэхущIапIэрщ, сом мин 25-рэ иратащ. Абы къыкIэлъокIуэ Налшык ­къалэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэр (сом мин 15). 
Апхуэдэу зэIущIэм щагъэ­лъэпIащ ЩIыпIэ самоуправ­ленэм зиужьынымкIэ урысей­псо ассоциацэм иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм щытекIуахэри. 

Тхыгъэри сурэтри НэщIэпыджэ Замирэ ейщ.
Поделиться: