Адыгэхэм ди Хэкужьым и зы Iыхьэщ Кавказым и Ищхъэрэ-КъухьэпIэр. Ар зыгъэбжыфIэ псышхуэхэм «Шахэ» зи фIэщыгъэри халъытэр. И жапIэр зэрыщыту къэтщтэнщи, ар хы ФIыцIэм щыхэхуэж и нэпкъым деж къыщыщIэбдзэрэ бгыщхьэхэмкIэ удэкIуэтеймэ, зэпэгъунэгъу къуэпситIу Бзычрэ Бзыгурэ жыхуаIэхэр езыхэм нэхърэ нэхъ иным щыхэкIуэсэж щIыпIэм унэсыху къызэбнэкI псыхъуэ-ныджэр убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ я щIыгу-хэгъэгум я зэпылъыпIэу щытащ.
Мы тхыгъэм нэхъыбэу зи гугъу щытщIыну Бзыч сэмэгу лъэныкъуэмкIэ Шахэ щыхэхуэжыр хы ФIыцIэм зэрыпыIухар километр 30-щ.
БзэщIэныгъэлIхэм я нэхъыбэр щыхьэт зытехъуэр аращи, IыхьитIу зэхэт мы псыцIэр убыхыбзэм къытехъукIащ, япэ «бзы» пычыгъуэм «псы», етIуанэ «чIы»-м «щIыIэ» мыхьэнэхэр къыщикIыу. ТIури зэхэтлъхьэжмэ, «псы щIыIэ» жыхуиIэщ.
Урысейм и пащтыхь къулыкъузехьэхэм мы щIыпIэр къазэуа икIи къагъэунэхуа нэужь, иджырей Сочэ и Лазаревск (ПсыфIыпэ) районым бгыщхьэхэмкIэ щиIэ и щIыналъэм, дэсыр урысу, «Бзыч» фIэщыгъэмкIэ щыхагъэунэхукIыжа къуажэ цIыкIу къыщызэрагъэпэщауэ щытащ.
А цIэр зезыхьэ псы бгъунжыр езым нэхърэ нэхъ ин Шахэ сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыхэлъэдэжым ищхьэкIэ щыIэ и къуэладжэм декIуэкI мэзылъэ шытхым и бгыщIэм щитIысыкIа, Бзыч урыс къуажэ цIыкIужьейр администрацэ и лъэныкъуэкIэ Солох-аул (Щолэхъу къуажэ) советым епхат, Шахэ и ныджащхьэхэмкIэ ди нобэми дэс Бабук-аул (Бабыкъуей) жылэ нэхъ цIыкIужым (пэжщ, мы зэманым абы щыпсэур адыгэкъым икIи убыхкъым) километр 12-кIэ и лъабжьэхэмкIэ къыщыпэщIэхауэ.
Кавказ зауэжьыр щиуха 1864 гъэр къэмыс щIыкIэ, а цIэ дыдэр, «Бзыч» жыхуэтIэр, зезыхьэ мэзылъэ тхыцIэ екIуэкIым и дапхъэ-захуапIэхэм деж, тхыдэджхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, бгырысхэр (убыххэр, е нэгъуэщIу жытIэмэ, аптIэхъуэхэр) кIыхьу тесыгъащ, унагъуэ бжыгъэкIэрэ зэрыубыда хьэблэ-хьэблэу.
XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэми мы Iэхэлъахэм ущрихьэлIэнут, Урысейм ЩIы IуэхухэмкIэ и министерствэм къиутIыпща гупым хэтахэми зэрызэхагъэкIауэ, пхъэщхьэмыщхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызыпыкIэ жыгхэм, жызумыпкъэхэм, хуей-фэху зэлъыIуха удзыпцIэшхуэу зэгуэр зэрыщытам щыхьэт техъуэ фIэкIа умыщIэну, иужькIэ мэзыщIэм зыщиубгъуа щIыпIэхэм. Абы щыгъуэ а Iэгъуэблагъэм зыщызыплъыхьахэм зи гугъу тщIа хьэблэ зэхэту щытам и хуэмэбжьымэр я тхылъым зэрыратхар «Чебухадж» (ЧIыгухьэж- ЩIыгухьэж-?) фIэщыгъэмкIэт.
БлэкIам къызэрыхэщыжымкIи, Бзыч Шахэ щыхэлъэдэжым деж узыщыIущIэ фэхухэм язым («Чебухадж» жылэжьым иIыгъа щIыгум щыщу), Iэгъуэблагъэм щIыпIэдэлъху бгырысхэр «кърагъэкъэбзыкIын» папщIэ, 1864 гъэм и мэлыжьыхьым генерал Гейман зи пашэ дзэ пакIэм хэтахэм щагъэуват «Пост Шахинский» зыфIаща плъырыпIэу «Убыхская кордонная линия» жыхуаIэу щытам и зы Iыхьэр. А «къалэныр» адэкIи ирырагъэзэщIэн папщIэ, мы фэху Iэхуитлъэхуитым I866 гъэм и гъэмахуэм ираугуэшат «5-нэ Кавказ линейнэ батальон» цIэр зезыхьэу щытам хэта дзэлIхэр..
ИщхьэкIи къызэрыщыхэдгъэщауэ, къэралыгъуэжьым ЩIы IуэхухэмкIэ и министерствэм XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм къиутIыпща и IэщIагъэлIхэм мы Iэхэлъахэм къыщалъэгъуат бгырысхэр нэхъыбэжу зытеса щIыгухэу я хуэмэбжьымэхэр къызытенахэр. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа пситI зэхэлъэдэжыпIэу Бзыч Шахэ щыхэхуэжым нэмыщI, ахэр, япэрауэ, Бзыч зыдэт жьанэ Iузэвым сэмэгу лъэныкъуэмкIэ къыщхьэщыт джабэ нэкIухэм ящыщу нэхъ зэгъхэм кIэрытIысхьауэ щыта убых унагъуэхэм я лъэужьхэрт, етIуанэрауэ, а псыхъуэ цIыкIум нэхъ и лъабжьэIуэкIэ къыбгъэдэт лъагапIэхэм щытрагъэувауэ щыта псэупIэжьхэрт, ещанэрауэ, Бзыч псы къуэпсым, къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ здэжэм, «къыщыщIар сыт?» жыуигъэIэну, зэуэзэпсэу ищхъэрэкIэ зыщриIуэнтIэкIым и ныджэр лъэмыкIыу нэхъ бгъуэ щищI и лъапэрытым иса унагъуэ бжыгъэм къащIэна унэжьхэрт.
Мы иужьрейхэр зытета Iэхэлъахэр географ картэхэм зэрихуар «Верхний Бзыч» фIэщыгъэмкIэт. А щIыгур ищхьэкIэ зи гугъу тщIа, урысхэм «Бзыч» фIэщыгъэр кърахьэжьэжу къагъэунэхужауэ щыта къуажэ цIыкIуу мы зэманым зыри зыдэмысыжым зэрыпэжыжьэр километри 5-щ.
Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм, псом хуэмыдэжу абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ, убыххэри яхэту, я блэкIар джыным илъэс куэдкIэ иужь ита, этнограф цIэрыIуэ Лавров Леонтий щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Бзыч зыдэт псыхъуэм, Шахэ щыхуэкIуэжым нэмысыпэу, и сэмэгу лъэныкъуэмкIэ къуажэ дэсыгъащ, убыххэм я деж пщIэшхуэ щызиIа лIакъуэхэм ящыщу «Лечен» жыхуаIэм зэрихьэу.
КъыкIэлъыкIуэ псыхъуэ цIыкIуу Бзыгу (урысыбзэкIэ - Бзогу) зи фIэщыгъэм и гугъу тщIымэ, ар Шахэ щыхэлъэдэжыр Бзыч ар дыдэм и хэхуэжыпIэм зы километркIэ пыIудзауэщ (нэхъ и лъабжьэкIэ).
Мы иужьрейми щхьэхуэу дытепсэлъыхьыну зэрыхуэфащэм къыхэкIыу, а Iуэхур мызэкIэ едгъэтIылъэкIынщ...