Тхьэмадэм и щIыхькIэ

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-мрэ ДАХ-мрэ я вице-президент, «Адыгэ псалъэ»  газетым и унафэщIу   илъэс 24-кIэ щыта ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс  80 зэрырикъуам иращIэкIа щIэ­ныгъэ-практикэ зэIущIэр екIуэ­кIащ мэлыжьыхьым и 10-м. Ар къызэрагъэпэщат КъБР-м и ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм зэпымычу щыхагъахъуэ IуэхущIапIэмрэ ЩIэныгъэхэмкIэ  Дунейпсо Адыгэ академиемрэ зэщIыгъуу.
 
Предмет куэдым щыхурагъа­джэ республикэ гимназием ­ще­кIуэкIа зэIущIэм хэтащ ­ЩIДАА-м и щIэныгъэлI секретарь нэхъыщ­хьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м и ЕгъэджакIуэхэм я щIэныгъэм зэпы­мычу щыхагъахъуэ IуэхущIапIэм и унафэщI Къэжэр Артур, «Эльб­рус» тхылъ тедзапIэм и редактор, тхакIуэ Джэрыджэ Арсен, КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ лите­ратурэмкIэ и къудамэм и лэ­жьакIуэ, филологие щIэныгъэ­хэмкIэ кандидат УнэлIокъуэ Вячеслав, «Адыгэ псалъэ» газе­-тым и щIэныгъэ обозреватель Табыщ Мурат, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Балэ Людмилэ, Налшык къа-   лэм дэт гимназие №14-м ады­гэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Табыщ Динарэ, ­ЩIДАА-м хэт корреспондент, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, тхакIуэ Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ, рес­пуб­ликэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэхэр. 
- Хэхэс адыгэхэмрэ хэкурыс­хэмрэ зэпызыщIэжа, адыгэм и тхыдэ жыжьэр къэзытIэщIыжа, щэнхабзэм зегъэужьынымкIэ лэ­жьыгъэшхуэ зэфIэзыха, нобэми жыджэру къытхэт тхьэмадэм лъэпкъым хуилэжьар къэпхутэну иужь уихьэми, тхылъ псо тептхыхь мыхъумэ, псалъэкIэ къып­хуэмыIуэтэну куэдщ. НобэкIэ лъэпкъ Iуэхур зэрагъэкIуатэ лэ­жьыгъэу щыIэр е ХьэфIыцIэ Му­хьэмэд къыхилъхьащ, е абы и пщIэнтIэпс хэлъу заузэщIащ. ЩIэ­ныгъэхэмкIэ Дунейпсо  Адыгэ академием пщIэшхуэ щиIэщ Мухьэмэд. Абы и щыхьэту,  илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу ди унафэщI Къано­къуэ            Арсен къыхуитхащ хъуэ­хъушхуэ икIи къыхуигъэфэщащ щIыхь тхылъ. Езы Мухьэмэд и ­Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэм я ­закъуэ мыхъуу, ди академием къыдигъэкIхэми яхоплъэж,  абы и нэIэ щIэту Iуэху зыбжанэ пхыдогъэкI иджыпсту. Иджыри илъэс куэдкIэ узыншэу лъэп­къым хуэ­лэжьэну, и лэжьыгъэм хуэфэщэн пщIэрэ щIыхьрэ ­игъуэтыжу тхуэпсэуну ди гуа­пэщ, - жиIащ Щхьэгъэпсор къы­щыпсэлъам. 
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и щIэ­ныгъэ, жылагъуэ лэжьыгъэм ­теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэ­лъащ абы и IэдакъэщIэкIхэр ­куууэ зыджа егъэджакIуэхэр, журналистхэр, филологхэр. Псалъэм папщIэ, ХьэфIыцIэм и Iэ­дакъэщIэкI тхылъхэм зэхэгъэщ­хьэхукIауэ тепсэлъыхьащ Табыщ Мурат. Псом хуэмыдэу абы ­къыхигъэщащ «Адыгэхэр: дуней псом щынэхъыжь дыдэ лъэпкъ­хэм ящыщ зы» тхылъыр. 
- Дунейм тхылъыщIэ къыщы­те­хьэм деж, лъэпкъ щэнхабзэр ипэкIэ зэрыбакъуэм, щIэныгъэми зы далэ зэрыхигъахъуэм шэч хэлъкъым. Ауэ щыIэщ иджыри зыфI, абы ущегупсыскIэ Iэджэ гугъапIи къыдэушу - ар тхылъым и мыхьэнэрщ, къэкIуэну лъэхъэ­нэхэм хэбэкъуэну, лъэпкъ щIэ­жыр имыгъэкIуэсэну иIэ гуа­щIэрщ. Мис апхуэдэ дыдэущ ­зэ­рытлъагъур ЩIэныгъэхэмкIэ ­Ду­нейпсо Адыгэ академием и нэIэ щIэту иджыблагъэ «Принт-Центр» тхылъ тедзапIэм къы­щыдэкIа адыгэ щIэнгъуазэ хьэ­лэмэтыр. Ар зэхэзылъхьари тедзэ­ным хуэзыгъэхьэзырари Къэ­бэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ «Адыгэ псалъэ» газетым и ли­тературэ обозреватель, тхакIуэ Чэрим Марианнэрэщ. Тхылъыр фафIэшхуэщ, къызэрыкIуэкъым, щыпIыгъым деж къыуит гукъыдэжым и мызакъуэу, къы­зэгуэпхрэ  итым ущы­кIуэцI­рыплъ­кIи узыIэпешэ. Ар зэхэзыгъэувахэр я IэдакъэщIэкIым  ауэ сытми «сурэткIэ гъэщIэрэ-щIа щIэнгъуазэ хрестома­тиекIэ» еджакъым. ЖыпIэну ирикъунщ напэкIуэцI 652-рэ хъу тхылъым сурэт къудейуэ 1538-рэ зэритыр, бзэм, щэнхабзэм, фIэщхъу­ны­гъэм, пасэм щегъэжьауэ нобэм нэс адыгэм къикIуа жылагъуэ икIи политикэ тхыдэ гъуэгуанэм, географием, нэгъуэщI Iэджэми ехьэлIа жыIэгъуэрэ щыхьэтыгъэ защIэу мин зыбжанэ къызэ­ры­зэщIиубыдэр. Апхуэдиз информацэр тхылъеджэм зэригъэ­зэхуэфын щхьэкIэ, щIэнгъуазэр Iыхьэ 22-рэ хъууэ зэпыудащ, ­дэтхэнэми игъуэта фIэщыгъэмкIэ узыхуейр псынщIэу къыуи­гъэгъуэту. Псалъэм папщIэ: щIэнгъуазэм щхьэхуэ-щхьэхуэу щызэпэщIэхащ «Шэрджэсейр адыгэхэм я хэкущ», «Адыгэ мам­люкхэр», «Къэнжал зауэр», «Урыс-Кавказ зауэр», «Адыгэхэр Хэкум зэрырагъэкIамрэ хамэ лъэпкъхэр я щIыгум къызэры­рагъэтIысхьамрэ», «Теплъэмрэ фа­щэмрэ», «Бзэмрэ тхыбзэмрэ», «ФIэщхъуныгъэмрэ ди­нымрэ», «Адыгэ шхыныгъуэхэр», «Адыгэшыр», нэгъуэщI куэдми ехьэлIа Iуэхугъуэхэр, - жиIащ Табыщым. 
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд «Адыгэ псалъэм» и редактор нэхъыщ­хьэу щытыху газетым зэрызи­хъуэжам купщIафIэу тепсэ­­лъы­хьащ УнэлIокъуэ Вячеслав.
- Си нобэрей къэпсэлъэны-гъэр зэхьэлIауэ щытынур илъэс 24-кIэ редактор нэхъыщхьэу Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд щылэжьа «Адыгэ псалъэ» газетым хуищIа хэлъхьэныгъэрщ. Абы и уна­фэщIу зэрылэжьа пIалъэм ­­къриубыду газетым зыужьыныгъэшхуэ игъуэтащ, псом хуэ­мыдэу и лексикэр, и сти­листи- кэр ефIэкIуащ, адыгэм я дуней псор къызэщIиубыдэф ­хъуащ. Псом ящхьэращи, «Адыгэ псалъэ» газетыр адыгэбзэкIэ къыдэпсалъэу, адыгэмэ къы­кIэрихыу, адыгэпсэр къигъэушу, адыгэгу зиIэ псори дигъэгуш-хуэу адыгэ унагъуэхэм къихьэ ­хъуащ. Иужьрей лIэщIыгъуэм ­къриубыдэу хамэбзэхэм къыхэ-кIа псалъэу адыгэбзэм къы­хы­хьам хуэдиз ар мы дунейм зэрытетрэ къыхэхъуагъэнкъым. Ауэ, иужьрей илъэс тIощIрэ тхум ­къриубыдэу Мухьэмэд зы псалъэкъым къигъуэтыжу бзэм ­къыхигъэхьэжар. Апхуэдэхэщ «щэнхабзэ» (культурэ), «гъуазджэ» (искусство), «щIыуэпс» (при­рода), «узэщIакIуэ» (просветитель), нэгъуэщIхэри. Газетым къигъэхъуащ псалъэщIэхэри. Абы и щапхъэу къэпхь хъунущ «псыгуэн» (бассейн), «щIыIа­лъэ» (холодильник), «сабэщып» (пы­лесос), «мэзгъэфIэн» (заповедник), «псантхуэ» (нерв) щыIэ­цIэхэр. «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэм «къагъэпсэужа» псалъэхэм я бжыгъэм иджыри тынш дыдэу пхухэгъэхъуэнущ, ауэ нэхъыщхьэр аракъым. Сыт къапэщылъыр а псалъэхэм? Къыхуэгъэсэбэпыну бзэм хьэ­мэрэ ХьэфIыцIэм и лэжьыгъэр псэхэкIуадэ хъуну? Дауи, ар зэлъытар журналистхэм я за­къуэкъым. АбыкIэ жэуап ехь            д­этхэнэ адыгэми, - къыхигъэщащ щIэныгъэлIым. 
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и лэ­жьыгъэр къыпызыщэ журналистхэмрэ тхакIуэхэмрэ тхьэмадэм зэригъэсам, зэригъэ­хьэ­зыра Iэмалхэм тепсэлъыхьащ Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ. 
- Мы зэIущIэм сыкъыщрагъэб­лэгъам, сыт сызытепсэлъы­хьын­ур жысIэу, куэдрэ сыгупсысакъым. Къыхэсха темэри къыс­хуэмыIуэтэщIын хуэдэу хьэ­лъэкъым. Сэ журналистикэм зэ­ры­мыщIэкIэ сыкъыхуэкIуами, а лъагъуэм лъэ быдэкIэ сыте­зыгъэувар, щIыхь пылъу срикIуэну сызыгъэсар ХьэфIыцIэ Му­хьэмэдщ. Сэ сыхимикщ. А ­унэ­тIыныгъэмкIэ магистратурэм сыщIэсу, зэрымыщIэкIэ, «Адыгэ псалъэ» газетым сыкъыщыху­тауэ щытащ 2007 гъэм. Сы­зыхэхуа гупыр апхуэдизкIэ зэ­пIэзэрытт, зэрыIыгът, хабзэрэ нэ­мысрэ къыщекIуэкIырти, си лэжьыгъэр зытеухуа дыдэр ­къызгурымыIуэ щIыкIэ, газетым хьэщыкъ сыхуэхъуат. Дэтхэнэ егъэджакIуэми гъэсакIуэми ­къыгурыIуэнущ абдежым Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд зэувэлIауэ щыта къалэныр - абы къы­пэ­щылът япэ лъэбакъуэр зыч ­сабийм къэкIухьыкIэ зэрырагъащIэм хуэдэу, сэ журналист къысхищIыкIыну. Ауэ сэ а Iуэху­гъуэм зэ закъуи сригузэва- къым. Сыту жыпIэмэ, алъандэрэ щIэ­ныгъэм имыцIыхуа Iэмал гуэрхэр къигъэсэбэпурэ, Мухьэмэд сиущия нэхъей, гу лъызмытэххэу адыгэ журналистикэм сыхэшып­сы­хьащ. Адыгэ газетым ущы­щылажьэкIэ, абы темэ куэд ­къы­зэщIеубыдэ. По­литикэ, экономикэ, жылагъуэ лэжьыгъэм и закъуэ мыхъуу, адыгэ хабзэм, щэным, тхыдэм, бзэм зэпымычу утопсэлъыхь. Апхуэдэу, ди уна­фэщIым и фIыгъэкIэ адыгэр къызытехъукIа лъэпкъыжьхэм я тхыдэм, хэхэс адыгэхэр хамэщI къызэрыщыхутам, адыгэ мифологием, щы­мыIауэ жыхуаIэрэ щыIауэ къы­щIэкIыж адыгэ тхыбзэм, археологие щыхьэтхьэм, адыгэ ­хабзэм зыщызгъэгъуэзащ. Къи­щы­нэмыщIауэ… «Фыз хасэ щIэуп­щIэркъым!», - жиIэри, цIыхуу щыIэм я нэхъ Iущу, нартхэ я         гуащэм ещауэ щытащ Сосрыкъуэ. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд ­Ха­сащхьэм хэтыфыну къилъытэри, бзылъхугъэ зыбжа- нэм яхуигъэфэщащ а щIыхьыр - лъэпкъым хуэлэжьэну, лIыщ­хьэхэм унафэ щащI утыкум  дри­шэну. Абы къытхуищIа пщIэмрэ нэмысымрэ пэкIуэ­жыфыну зы Iуэхугъуэ закъуэщ щыIэр - ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и цIэр  ды­мы­гъэулъийуэ адыгэ лъэп­къым дыхуэлэжьэныращи,   тхьэмадэм и гугъэ нэхухэр зэ­рыдгъэпэ­жы­ным дытелэжьэнущ, - жиIащ абы. 

Тамбий  Гуащэмахуэ. 
Сурэтхэр  Къарей  Элинэ трихащ. 

Поделиться: