Бозигит и текIуэкIэ гъэщIэгъуэныр

 «Еуэри, зы франджырэ зы урысрэ Сербием щызэхуэзат», - гушыIэрейхэм апхуэдэу ирашажьэ зи гугъу тщIы зэхьэзэхуэм и хъыбарыр. 
   «Франджы» хъужыр Исламгиреевым къыпэщIэта, Франджым и бэнакIуэ гуп къыхэхам щыщ Магамадов Рэхьимт, и лъэпкъкIэ шэшэну. «Урысыр» Дагъыстэным щыщ Костек къуажэм къыщалъхуа, Ханты-Мансийск къыбгъэдэкIыу зэхьэзэхуэм екIуэлIа къумыкъу щIалэ Исламгиреев Бозигитт. Зэхьэзэхуэр гъатхэпэм и 9-I5-хэм щекIуэкIащ Сербием щыIэ Зренянин къалэм. Сыт нэхъри нэхъ гъэщIэгъуэну мыбы Исламгиреев Бозигит къызыкъуиха бэнэкIэ Iэзагъырщ. «КIэпхъ лъатэ» зыфIаща абы и къытедзэкIэм нобэми ныжэбэми цIыхухэр топсэлъыхьыж. 
      ЗэпэщIэтыныгъэр «3:8» бжыгъэм нэсауэ, Магамадовыр япэ итт, Исламгиреевым и кIэныр зэрыIэщIэкIыр нэрылъагъут. «Секунд бжыгъэт къысхуэнэжар, сызэрыхэнэр хьэкът, - щыжиIэнущ Бозигит иужькIэ интервьюм. - Магамадовыр лъэгуажьэмыщхьэу увати, езыр-езыру си щхьэ куцIым зыгуэр щыхъейри, си Iэпкълъэпкъым езым зидзауэ аращ апхуэдэу, сегупсысыну сыхунэсакъым». 
    Сытыт Бозигит къыхуэнэжа секунди 7-м хузэфIэкIынур, бжыгъэр 5:8-м хуигъэкIуа пэтми? АрщхьэкIэ Исламгиреевым, зи лъакъуэхэр  къыIэримыгъэхьэн мурадкIэ зызыгъэщхъа шэшэн-франджым и щIыбым зытридзэщ, езым и щхьэр и щIагъыу, мобы и бгыр и IитIымкIэ фIиубыдыкIщ, ныкъуэкъуэгъур щхьэщIыбкIэ щхьэпридзри, бжыгъэр I0:8-м нэсауэ, Магамадовым текIуащ. КIэухым и Iыхьэ плIанэу арат а зэхьэзэхуэри, абы иужькIэ Бозигит азербайджаным щыщ Худиев Васиф финал ныкъуэм щытекIуащ, кIэухым Тыркум къикIа Яган Ахмет щыхигъэщIэжащ. ИтIани, цIыхухэр зытепсэлъыхьыр абы и текIуэныгъэхэракъым, и «кIэпхъ лъатэ» бэнэкIэ Iэмалырщ. 
    КъызэрыщIэкIымкIэ, мы щхьэпрыдзыкIэм и цIэр къызытекIар дамэ убгъуа зытет кIэпхъхэрщ. КъызэрыгуэкIхэм елъытауэ, кIэпхъ лъатэр тIукIэ нэхъ цIыкIущ, зэрыхъур грамми I70-щ, и инагъыр – сантиметр 35-рэщ. Мы кIэпхъ лIэужьыгъуэм и фэр нэхъ щабэщ икIи нэхъ Iувщ, ауэ зыщIыпIи щIыщумылъагъур жэщу фIэкIа дунейм къызэрытемыхьэрщ. 
    Алыдж-урым бэнэкIэм цIэрыIуэ щыхъуа Iэмалым къыдгъэзэжмэ, ар 20I2 гъэм США-м, Чикагэ къалэм щыщ Коулман Эллис къигъэщхьэпауэ щытащ. 20I5 гъэм а Iэмал дыдэр Польшэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм къыщигъэлъэгъуащ Молдавием щыщ бэнакIуэ Чобан Виктор. 202I гъэм «кIэпхъ лъатэр» далъэгъуащ Кърымым, Симферополь щыбанэ Сефершаов Эмин. 
    Бозигит 2006 гъэм Дагъыстэным и Хасавюрт районым хыхьэ Костек къуажэм къыщалъхуащ, килограмм 86-рэ иримыкъухэм яхэту мэбанэ. Иджыпсту Югорскэ къэрал университетым щоджэ. Зэхьэзэхуэ нэужьым щIалэм фIыкIэ тепсэлъыхьахэм язщ УФ-м спортымкIэ и министр Дегтярев Михаил: «Урысей бэнакIуэм дуней псор къигъэуIэбжьащ, абы къигъэлъэгъуа бэнэкIэ Iэмалыр тхылъхэм зэрихуэнум шэч къытумыхьэми хъунущ». Алыдж-урым бэнэкIэм Карелин Александр фIы дыдэу щилъагъухэм язщ «кIэпхъ лъатэр». Езы Бозигит зэрыжиIэмкIэ, а Iэмалыр нэхъапэм къызэригъэщхьэпа щIагъуэ щыIэкъым, мобдежым кIуэрыкIуэм тету игу къэкIа фIэкIа. Илъэс 20 фIэкIа зэрымыхъум хуэдэу, Исламгиреевым текIуэныгъэхэр и мащIэкъым. 2025 гъэм абы Дунейпсо Спартакиадэм дыщэ медаль къыщихьауэ щытащ. А илъэс дыдэм Умахановым и цIэкIэ зэхаубла зэхьэзэхуэм – дыщэ, Болгарием щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым – дыжьын щызыIэригъэхьащ. 
     «Сэ сыкъыщалъхуар Дагъыстэнырщ, ауэ дуней утыку ущихьэм деж, Урысейм узэрыщыщыр гурыIуэгъуэщи, къэралым и пщIэр пхъумэну къыптохуэ», - жеIэ щIалэм. Бозигит унагъуэшхуэм къыхэкIащ, шыпхъуиплI иIэщ. И цIэ къидмыIуэу хъунукъым абы и гъэсакIуэ Юсупов Аскэри. ЩIалэр бэнэху абы къигузэвар зыхуэдизыр умылъагъункIэ Iэмал иIэтэкъым. Ауэ зыщагъэтхъужыну упщIэкIэ щыщIагъанэм, «Алыхьым хуишащ» жиIа фIэкIа, нэгъуэщI къыпахакъым, и зышыIэныр къытекIуащ.      
      КъызэрыщIэкIымкIэ, Исламгиреевым унагъуэ иухуэным куэд къэнэжакъым, хъыджэбзым лъыхъуакIэщ. Ауэ «ар си щхьэ Iуэхущ, сытепсэлъыхьыну сыхуейкъым» жиIэри, Бозигит зэрыщIалэ гъэсар мыбдежми къыщыпкърыщащ. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: