Псори зэкIуу зэдэзыхь

КъБКъУ-м и Медицинэ академием и лэжьакIуэ, Общэ хирургиемкIэ кафедрэм и доцент, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, дохутыр-хирург-реабилитолог ДыщэкI (Гъуэтыж) ФатIимэт Санкт-Петербург щIэныгъэфI щызригъэгъуэтри, щалъхуа республикэм къигъэзэжащ, адэкIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуэну, и Iэзагъым зыщригъэужьыну, нэхъыщхьэращи, и лъахэгъухэм ядэIэпыкъуну. 
Пщащэр зэрыцIыкIурэ ищIэу къекIуэкIащ IэщIагъэу къыхихынур. «Хъэлат хужьым сыт щыгъуи сыдихьэхырт, сфIэтелъыджэу набдзэгубдзаплъэу сакIэлъыплъырт ар зыщыгъхэм», - жеIэ абы. Адэ-анэм я пхъур дэзыхьэхыр щалъагъум, япэщIыкIэ гузэващ, IэщIагъэр яфIэгугъуу, ауэ и хъуэпсапIэхэм я инагъымрэ мыхьэнэмрэ къагурыIуэри, я пхъум акъылэгъу, щIэгъэкъуэн хуэхъуащ. Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэт школ №4-м и I0-нэ классым щIэсу япэ лъэбакъуэр ичащ ФатIимэт: Санкт-Петербург щекIуэкIа «Урысейм и ныбжьыщIэ акъылыфIэхэр» конференцым зэрыщытекIуам къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэ нэхъыфIхэм я бжэхэр къыхузэIуихащ. Апхуэдэу щIидзащ ди къэралым и ищхъэрэ къалащхьэм пщащэм щигъэкIуа гъащIэ Iыхьэр – ПедиатриемкIэ медицинэ университет цIэрыIуэм щеджащ.
«Къалащхьэм пэIэщIэ хэгъэгум щыщ хъыджэбзым дежкIэ псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иIэт къалэшхуэм щынэхъыфIхэм ящыщу узэрыщытыфынур наIуэ къэщIыным. Къару лъэщ схуэхъуари абыхэм сазэрылъэщIэмыхьэнкIэ хъунум сызэригъэшынарщ», - игу къегъэкIыж ФатIимэт. 
Еджэным зэрегугъум, езым хуэдэ ныбжьыщIэхэм зэрызахигъэзэгъэным зэрелIэлIам кърикIуащ ар мызэ-мытIэу «Илъэсым и студент» зэрыхъуар, и гъэсакIуэу, егъэджакIуэу щытахэм ябгъурыувэжауэ, лэжьэгъукIэ къеджэ зэрахэтыр. Ахэри щыхьэт тохъуэ дохутырым къыхиха гъуэгур зэрыпэжым. 
ДыщэкI ФатIимэт зригъэгъуэта щIэныгъэм, зыпэрыхьа IэнатIэм къыщалъхуа республикэм къишэжащ жыпIэмэ ущыуэнукъым. Университетым и иужьрей курсым щIэсу унагъуэ ихьащ, и хэку цIыкIум исхэм и IэщIагъэкIэ сэбэп яхуэхъумэ, къэкIуэжащ. Иджы абы ехъулIэныгъэхэр иIэу зэдехь дохутыр IэщIагъэмрэ анагъэмрэ. Ар бзылъхугъэ цIыкIум и дежкIэ лъэхъэнэщIэщ, жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъщ. ФатIимэт я анэщ илъэсипщI зи ныбжь Уэсмэнрэ илъэситхум ит Хъалидрэ.
«Щхьэгъусэмрэ абы и адэ-анэмрэ хэмыту апхуэдэ гъуэгу утехьэфынукъым икIи урикIуэфынукъым, - къыддогуашэ ФатIимэт, - сыт щыгъуи гулъытэ къысхуащIу, сабий пIынымкIи къыздэIэпыкъуу апхуэдэщ ахэр». IэнатIэмрэ унагъуэмрэ зэдэпхьыну сыт хуэдизу мыгугъуми, ФатIимэт зэрыжиIэмкIэ, зыхыхьа унагъуэращ ипэкIэ кIуэтэну Iэмал къезытар, сыт и лъэныкъуэкIи къыдэIэпыкъуу и щIыбагъ къыдэтар. 
КъБКъУ-м хирургиемкIэ и ординатурэр, итIанэ аспирантурэр къыщиухащ, кандидат диссертацэри щыпхигъэкIащ.
ФатIимэт къыхиха IэщIагъэм фIыуэ хэгъуэзэнымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ къыхуэхъуащ профессор Кайсиновэ Агнессэ. Абы и унафэм щIэту илъэситхум щIигъукIэ елэжьащ фэбжь зыбжанэ зыгъуэта сымаджэхэр къызэфIэгъэувэжынымкIэ методикэщIэ зэхэлъхьэным. ИкIи а къэхутэныгъэмрэ IэмалыщIэ къигупсысахэмрэ узыншагъэр хъумэн IэнатIэми егъэджэныгъэми къыщыгъэсэбэпынымкIэ хуит зыщI патентыр къратащ.
Нобэ ДыщэкIым и щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм лъабжьэ яхуэхъур Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ Iэмалхэрщ. Абы, республикэм и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр къигъэсэбэпурэ, фэбжь зыгъуэта цIыхум и узыншагъэр зэфIэбгъэувэж зэрыхъуну Iэмалхэр зрегъащIэ. Пщащэм и фIэщ мэхъу, реабилитацэр гъэзэщIэн хуей Iуэхугъуэ зэщхь къудейуэ зэрыщымытыр, атIэ сымаджэмрэ дохутырымрэ я зэгурыIуэныгъэм, еплъыкIэхэм, зэрызэдэлажьэм куэд зэрелъытар. Абы и лъэныкъуэкIэ ди лъахэм и теплъэ къудейр, курортхэр зыхэт щIыуэпсыр, хьэуа къабзэр, «ДэкIуеипIэ I000» зыфIаща узыншагъэм и лъагъуэмрэ ХьэтIохъущокъуэм жыг хадэмрэ къаруушхуэ къуат, лъэрытет ухъужынымкIэ ахэр Iэмал гъуэзэджэу къелъытэ.
ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэм и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр дунейпсо конгрессхэм къыщалъытащ. Медицинэм къыхуихь сэбэпынагъым къыдэкIуэу, щIыналъэм и экономикэ зыужьыныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ зи гугъу тщIыхэм: а унэтIыныгъэм хыхьэ узыфэхэр зэфыкI сымаджэхэм республикэм имыкIыу технологие лъагэ зиIэ дэIэпыкъуныгъэ ират. ДыщэкIым и къэхутэныгъэхэр КъБКъУ-м и Медицинэ академием дохутырхэр щагъэхьэзыр, хирургие кафедрэхэм щекIуэкI егъэджэныгъэ Iуэхум къыщагъэсэбэп.
ФатIимат жеIэ дохутыр нэсыр щылажьэ е операцэ щищI пэшым щIэскIэ зэрызэфIэмыкIыр. Абы и жылагъуэ лэжьыгъэми мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ар КъБР-м и Парламентымрэ республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэмрэ я деж щыIэ ЩIалэгъуалэ палатэм хэтщ икIи абы щригъэкIуэкI лэжьыгъэм фIыуэ къыгуригъэIуащ цIыхухэр гугъу езыгъэхьхэмрэ зыхуей-зыхуэфIхэмрэ. Ауэ псом нэхърэ нэхъ япэ иригъэщыр ныбжьыщIэхэм и щIэныгъэмкIэ ядэгуэшэнырщ. Университетым студентхэр зэрыщригъаджэм нэмыщI, школакIуэхэм папщIэ мастер-классхэр щрегъэкIуэкI курыт еджапIэхэм. Ар хуейщ зэгуэр езыр къэзыса «медицинэ хъуаскIэр» ныбжьыщIэхэм я гум щызэщIигъэнэну. «Егъэджэныгъэм уэри зыуегъэузэщI, къаруущIэ къыпхелъхьэ, - жеIэ абы. - Уи щIэныгъэмкIэ зыгуэрым ущыдэгуашэкIэ, уэри а еджакIуэм и гъусэу зыбужь хуэдэщ».
ФатIимэт дохутыр Iэзэм и мызакъуэу, хирургиемкIэ кафедрэм и доцентщ. И лэжьэгъухэм зэрыжаIэмкIэ, ар а IэнатIэм щынэхъ щIалэ дыдэхэм ящыщщ. 
Нобэ абы иIэщ гъащIэм щынэхъыщхьэ псори: фIыуэ илъагъу лэжьыгъэр, фIыщIэ къыхуэзыщI игъэхъужахэр, еджакIуэ зэчиифIэхэр, дауи, и унагъуэр. Нэхъыбэ дыдэ къару зрихьэлIэн, гулъытэ зыхуищIын хуейуэ къилъытэр и къуэхэм я гъэсэныгъэрщ, цIыху екIуу гъащIэм хэгъэувэн зэрыхуейрщ.

 

Iэрыс Iэсият.
Поделиться:

Читать также: