Лэжьыгъэхэм щоужьэрэкIТэрч щIыналъэм и Хьэмидей къуажэм Къудеймрэ Бориймрэ я цIэхэр зезыхьэ и уэрамхэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжын щIадзащ. Псори зэхэту абыхэм километри 4,9-рэ я кIыхьагъщ.
Мы зэманым ирихьэлIэу гъуэгу щхьэфэхэр тратхъунщIыкIащ, лъабжьэхэр зэрагъэбыдэну пшахъуэ, мывэкIэщхъ сыт хуэдэхэр ирикъуу кърашэлIащ.
АдэкIэ, асфальтыщIэ тралъхьэжынущ, псы жапIэхэр хуащIынущ, лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдиинущ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, гъуэгу дамыгъэхэр щагъэувынущ, къыщыхагъэщхьэхукIынущ.
Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи мы гъэм и гъэмахуэм къриубыдэу и кIэм нагъэсынущ.
Лэжьыгъэр ягъэувыIэркъым
2026 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш къэкIыгъэхэр уэм щахъумэн мурадкIэ республикэм и бюджетым сом мелуан 40 щыхухахынущ. Ар иджыблагъэ щыжиIащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн и унафэм щIэт IэнатIэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм щыхэплъэжа зэIущIэм.
«Абы теухуауэ Кавказ Ищхъэрэм и дзэ къулыкъум зэгурыIуэныгъэхэр иджыпсту идощIылIэ. Iуэхутхьэбзэхэр къытхуащIэнущ мэлыжьыхьым и 1-м щегъэжьауэ фокIадэм и 30-м нэсыху», - къыхигъэщат министрым.
Мэкъумэш къэкIыгъэхэр уэм щыхъумэным ехьэлIауэ лэжьыгъэ пыухыкIахэр республикэм щрагъэкIуэкI зэпытщ. ЖыпIэнурамэ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ иужьрей илъэсхэм ди щIыналъэм щагъэуващ пшэр щызэкIэщIаху, топхэр здэщыт щIыпIэу 7 икIи нобэкIэ апхуэдэхэм я бжыгъэр 38-рэ мэхъу.
Уэрамым пэрохьэ
Налшык къалэм Къэбэрдей, Калининым я цIэхэр зезыхьэ и уэрамхэр зэпызыщIэ Калининградскэ уэрамыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Абы и гъуэгур зэрекIэкIуам къыхэкIыу, щызекIуэн щагъэтат куэд щIауэ.
Иджыпсту ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм хыхьэу бордюрыжьхэр къыхатхъыж, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэну пкъохэр ягъэув, гъуэгур бгъуэ ящI, псы жапIэхэр хуащI, лъэс лъагъуэхэр мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкI.
Абыхэм яужькIэ, гъуэгущхьэм асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьэнущ, жьы хъуауэ тратхъунщIыкIам и пIэкIэ. Апхуэдэуи зэхыхьэпIэ- зэхыкIыпIэхэр зыхуей хуагъэзэнущ, гъуэгу дамыгъэхэр щагъэувынущ, къыщыхагъэщхьэхукIынущ, автобус къэувыIэпIэ зэпэщхэр щыхуащIынущ.
Лэжьыгъэхэр мы гъэмахуэм и кIэхэм зэфIагъэкIынущ.
Псы къабзэ яIэрохьэ
Тэрч щIыналъэм и Хьэмидей къуажэм Къудеймрэ Бориймрэ я цIэхэр зезыхьэ и уэрамхэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжын щIадзащ. Псори зэхэту абыхэм километри 4,9-рэ я кIыхьагъщ.
Мы зэманым ирихьэлIэу гъуэгу щхьэфэхэр тратхъунщIыкIащ, лъабжьэхэр зэрагъэбыдэну пшахъуэ, мывэкIэщхъ сыт хуэдэхэр ирикъуу кърашэлIащ.
АдэкIэ, асфальтыщIэ тралъхьэжынущ, псы жапIэхэр хуащIынущ, лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдиинущ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэнущ, гъуэгу дамыгъэхэр щагъэувынущ, къыщыхагъэщхьэхукIынущ.
Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи мы гъэм и гъэмахуэм къриубыдэу и кIэм нагъэсынущ.
Школ зэпэщ
Дзэлыкъуэ районым и Дзэлыкъуэдэс къуажэм и курыт еджапIэ закъуэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. А школыр зэраухуэрэ илъэс 60-м нэблэгъащ, жьы дыдэ икIи цIыхуIэ хуэныкъуэ хъуащ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIыну Iэмалхэр ягъуэтащ «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ.
КъатитIу зэтет курыт еджапIэр къуажэкум хуозэ икIи метр зэбгъузэнатIэу 1600-рэ мэхъу. Мыбдежым щрагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм хыхьэу унащхьэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIынущ, унэ щIыбыр, пэш кIуэцIхэр зыхуей хуагъэзэнущ.
ИужькIэ, еджапIэ пэшу 20-м, шхапIэм, спортзалым унэлъащIэ, оборудованэ, Iэмэпсымэ щIэрыпсхэр щIагъэувэнущ. Мы гъэм и бжьыхьэм еджакIуэу 194-мрэ егъэджакIуэхэмрэ и бжэхэр яхузэIуихыжынущ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Дзэлыкъуэ щIыналъэм и курыт еджапIэу 6 дызэрыт илъэсым иджыри зыхуей хуагъэзэнущ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2026 - 11:34 →
КъБР-м щыIэ МВД-м къет
16.05.2026 - 12:26 →
ЗэпыщIэныгъэхэр Къэзан щагъэбыдэ
16.05.2026 - 10:00 →
Терроризмэм щэнхабзэр и бийщ
15.05.2026 - 17:26 →
Адыгэм и хьэщIэр быдапIэ исщ
15.05.2026 - 11:58 →
IэнатIэм зрагъэужь
| ||




