КъэкIуэнум хуэлажьэ зэгухьэныгъэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек «ЩIэныгъэ» Урысей зэгухьэныгъэм и лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ ар «къызэрагъэщIэрэщIэжрэ» илъэситху зэрырикъуамкIэ.

МАХ-м щиIэ напэкIуэцIым республикэм и унафэщIым абы теухуауэ иритхащ: «Ди къэралым щыпсэухэм я узэщIакIуэ къалэн зыгъэзащIэ зэгухьэныгъэ нэхъыжь дыдэр - «ЩIэныгъэ» Урысей зэгухьэныгъэр - «къызэрагъэ­щIэрэщIэжрэ» и япэ юбилейр мы махуэхэм егъэлъапIэ. Си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу зихуэдэ щымыIэ а гупым. «ЩIэныгъэ» зэгухьэныгъэм жы­лагъуэм зегъэужьыным хуэгъэпсауэ иIыгъа бжьыпэр иубыдыжын хузэфIэкIащ илъэ­ситхум къриубыдэу, совет еджапIэм щызэтеухуауэ щыта хабзэфIхэмрэ иджырей щIэныгъэ методикэхэмрэ Iэ­зэу зэхиухуанэри.
Обществэм и тхыдэр совет интеллигенцэм и жэрдэмкIэ 1947 гъэм къызэрагъэпэща совет жылагъуэ зэгухьэныгъэм деж къыщожьэ. Ди Президент Путин Владимир Владимир и къуэм 2021 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м Фе­деральнэ Зэхуэсым зыщы­хуигъэзам къыхуриджауэ ­щытащ «ЩIэныгъэ» Урысей зэгу­хьэныгъэм и лэжьыгъэр, бжы­гъэр зи лъабжьэ иджы­рей мардэхэр и лъабжьэу, ирагъэжьэжыну.
«ЩIэныгъэрщ» нобэ егъэ­джэныгъэ IэнатIэм лэжьэ­кIэ­щIэхэр къыщыхэзылъхьэр, а Iуэхухэм ди къэралым и щIалэгъуалэр къыхишэу. Лектор мин 32-м щIигъу щолажьэ абы, лекцэу мин 200 нэхърэ нэхъыбэ, хьэршым, узыншагъэр хъумэным, спортым, тхы­дэм, физикэм, нэгъуэщI­хэми ятеухуа щIэныгъэхэр щрат сыхьэт 8100-м щIигъу ирагъэкIуэкIащ. Ар икъукIэ зэгугъун хуей лэжьыгъэ гъэ­щIэгъуэнщ, цIыхухэр абыхэм зэрыдахьэхыр къегъэлъагъуэ еплъхэм, хуэтхэхэм я бжыгъэм.
Фи гур етауэ IэнатIэм фы­зэрыпэрытым и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ еджакIуэхэмрэ студентхэмрэ яIуощIэ щIэныгъэлI щэджащэхэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм, зэхыхьэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэм хэтщ, я къэу­хьым зрагъэужь, лъэпкъ куэ­дым щыщхэр щызэдэпсэу ди къэралышхуэм и нэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэу я ныбжьэгъухэм япыщIа мэхъу. Ап­хуэ­дэ зэдэлэжьэкIэр хуощхьэпэ цIыху щыпкъэ гъэсэным, ныб­жьыщIэхэм IэщIагъэ, гъащIэ гъуэгур къыщыхахкIи сэ­бэпщ.
Фэ хэлъхьэныгъэшхуэ хувощI урысей лъэпкъхэм зэдай лъапIэныгъэхэр, Хэкум и тхыдэр хъумэным. ЩIэныгъэм махуэ къэс хэгъэхъуэ­ныр ди гъащIэм щыщ Iыхьэ хъуащ, ар ди къэралым и къэкIуэнум хуэтщI хэлъхьэныгъэщ.
ФIыщIэ яхузощI унэтIыныгъэ куэд къызэщIэзыубыдэ а лэжьыгъэшхуэм, икъукIэ ды­зыхуейм икIи мыхьэнэшхуэ зиIэм хузэфIэкI хэзылъхьэ дэт­хэнэми. «ЩIэныгъэ» Урысей зэгухьэныгъэр адэкIи ефIэ­кIуэну, проектыщIэхэмрэ текIуэныгъэщIэхэмрэ иIэну  си гуапэщ!

Поделиться: