Щэбэт щIыхьэхум хэтахэщ

КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, Правительствэм, Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я унафэр зезы­гъакIуэ управленэм я лэжьакIуэхэр мэлыжьыхьым и 18-м екIуэкIа республикэпсо щэбэт щIыхьэхум хэтащ. 

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и жэрдэмкIэ, мэлыжьыхьыр республикэм и теплъэмрэ къабзагъымрэ щы­кIэлъыплъ мазэу йокIуэкI. 
Республикэм и къалэ, къуажэ псоми псы Iуфэхэр, IуэхущIапIэхэм къабгъэ­дэлъ цIыхубэ зэхуэсыпIэхэр, фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэхэр, фэ­еплъхэмрэ инфраструктурэм къызэ­щIиубыдэ щIыпIэхэмрэ щызэлъыIуах. 
Республикэпсо щэбэт щIыхьэхум хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу цIыху минхэр, лэжьакIуэ гупхэр, район щхьэхуэхэм я цIыхубэ зэгухьэныгъэхэр.

Поделиться: