Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэиным (тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэм) щыщхэм ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 13-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэиным (тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэм) щыщхэм ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 13-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын Iэ тридзэн икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI ЕГОРОВЭ Татьянэ

Налшык къалэ
2026 гъэм гъатхэпэм и 26-м
№280-П-П

 

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэиным (тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэм) щыщхэм ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 13-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным и IуэхукIэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ
2026 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м

1-нэ статья
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэиным (тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэм) щыщхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №39-РЗ-м, 2003 гъэм мэлыжьыхьым и I0-м къыдэкIам (правовой информацэм и официальнэ интернет-портал (www.pravo.gov.ru), щIыгъун 6-7-нэ пунктыр, мыпхуэдэу къэхьауэ:
«6-7) псэупIэ ухуэныгъэм ехьэлIа унэтIыныгъэм зыуэ щыт и хъыбарегъащIэ IэнатIэм, щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ щэнхабзэ щIэинымрэ щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ щэнхабзэ щIэинымрэ щыщхэм япыщIауэ, хъыбархэр къыщыгъэлъэгъуэн, «ПсэупIэ IэнатIэм зегъэужьынымрэ абы и лэжьыгъэр егъэфIэкIуэнымрэ хуэщхьэпэным икIи Урысей Федерацэм и языныкъуэ хабзэубзыху актхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» Къэрал хабзэм щыубзыхуа щытыкIэхэм деж;».
2-нэ статья
Мы Законым къару егъуэт 2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2026 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м
№10-РЗ

Поделиться: