Щхьэцпэщтэхэмрэ тхьэусыхэрейхэмрэ

 Сыт цIыхубзыр насыпыншэ зыщIыр? А упщIэр щигъэувкIэ, Таргаковэ Маринэ къигъуэт жэуап псоми зыр нэхъ ятокIуэ:  зэгугъужыркъыми.  Къэзэхъстаным щыщ бзылъхугъэ жьакIуэр и IэщIагъэкIэ дохутыр-гомеопатщ.

Таргаковэм и гупсысэкIэм тегъэщIапIэ хуэхъухэр инд философием къызэрыхихыр нэрылъагъущ. Абы хэлъхьэж цIыхубзым езым и гъащIэм щигъэунэхуахэр, зэгупсысыжурэ зыхуэкIуахэр, IэкIэ зытеIэбахэр.   1998 гъэм щегъэжьауэ, Таргаковэр Къэзахъстаным и гомеопат нэхъыщхьэу мэлажьэ. Ар зэреплъымкIэ, цIыхум уз къыщIеуалIэм и щхьэусыгъуэр сымаджэм и гупсысэкIэр зэрыпхэнжырщ. Ар зэтегъэувэжыным треухуэ Таргаковэм и лекцэхэмрэ зэIущIэхэмрэ. И тхылъхэм я фIэщыгъэхэми куэд къыбжаIэ: «Къарууншэ лъэщ. Ныкъуэкъуэн щыбгъэту, цIыхухэр фIыуэ плъагъун зэрыщIэбдзэнур дауэ?» (2017), «Сабийм и дунейр уэзыгъэлъагъу щхьэгъубжэ» (2015), «ЗэхущытыкIэ Iэзагъ» (2016), «ЦIыхубзым узэритхьэкъу къарур» (2015). «Унагъуэу упсэуным и мурадиплI» (2015), нэгъуэщIхэри.

 Таргаковэм бзылъхугъэхэр къыхуреджэ я гъащIэр теплъэм и закъуэ трамыгъэкIуадэу, гумрэ псэмрэ я къарум гъуэгу ирату, насыпыфIэ дыдэ защIыну. «ЦIыхубзым и гъуэгур» тхылъым абы щыжеIэ: «Махуэ къэс мыхьэнэ иIэу упсэун папщIэ, узытезэрыхьынкIи хъуну гъуэгу пхэнжхэр зэбгъэцIыхуу, уи гъащIэмрэ псэукIэмрэ фIыгъуэкIэ зыгъэнщI гупсысэкIэрэ дуней тетыкIэрэ къыхэпхын хуейщ. Ар дэтхэнэ зыми хузэфIэкIынущ».

 Зыгъэгусэным гъащIэм узэрыхигъэкIыжым топсэлъыхь Таргаковэр. «ЦIыху зыгъэгусэрейхэр гуащIэщ, - жеIэ абы. -  А гуащIагъымкIэ ахэр адрейхэм ядэгуашэ зэпытщ. Апхуэдэ цIыхухэм я хьэлщ я щхьэ куцIым щызэхуахьэса гукъанэхэр уэршэр къэс пфIыхапщэну.  А хьэлыр егъэлея хъумэ, гува-щIэхами апхуэдэ тхьэусыхэрейхэм адрейхэм зэпыIуадзын щIадзэнурэ, захуэ дыдэу щытми, зыми и хьэтыр къилъагъунукъым. Зызыгъэгусар дэрамэ-щэ? УздэщымыIапхъэ лъэныкъуэм  укъызэрыщыхутар зэрыхъукIэ нэхъ псынщIэу  къыбгурыIуэжу, а гъуэгум къытепIуэнтIыкIын хуейуэ аращ. Сыту жыпIэмэ, щIэныгъэншагъэм и гъуэгур и пэм щыщIэдзауэ насыпыншэщ».

ГъащIэмрэ дунеймрэ КъэзыгъэщIам и къарум гъуэгу щигъуэт псэукIэ зэтебухуэмэ, уи гум нэху къызэрыридзэнурщ Таргаковэм и гупсысэкIэм  лъабжьэ хуэхъур. И щIэныгъэр къызыхихыр инд IуэрыIуатэрщ. ЛIэужьыгъуищу егуэш гупсысакIуэм иджырей бзылъхугъэхэм я дуней тетыкIэр. «Зыгъэгусэныр, щхьэхыныр, гукъыдэжыншагъэр, гухэщIыр уи гъащIэм къыхэпIиикIыу щытмэ, Iэпкълъэпкъыр лышхым зэриубыдам ещхьыркъабзэу, уи псэм уз бзаджэ къызэрыхыхьар зыхэпщIэу, хэкIыпIэ къэплъыхъуэн хуейщ, а щытыкIэм укъикIын папщIэ. Уи гукъыдэжыр зэрехуэхым зыщыбгъафIэу, утхьэусыхэу  уесамэ, уэздыгъэ плъыжьыр щIэгъанэ: «Хьэуэ, сэ сыздэмыкIуапхъэмкIэ сунэтIащ». Мыбдежым «щIэныгъэншагъэ» жыхуиIэ губгъуэм уизэрыхьауэ аращ».

ЕтIуанэ цIыхубз лIэужьыгъуэр нэхъуеиншэным, хъуэпсэным, зыгуэрым ерыщыIуэу хущIэкъун нэрыгъым ирепх щIэныгъэрылажьэм. «Бзылъхугъэ хъуапсэрилэм напитI дыболъагъу. И теплъэкIэ щIэращIэщ, нэIурытщ, щIэщыгъуэщ, и  псэм и гъащIэр къыфIэIуэхуркъым. Апхуэдэ цIыхубзым и щхьэ Iуэху фIэкIа зэрихуэфынукъым. Мыхьэнэ зритыр «сэ, сысей, си» жыхуиIэхэрщ. Езыми фейдэ нэхъыбэ къызыпэкIуэн теплъэ гуакIуэ зытрегъэлъадэ.  Хъуапсэрилэм ипэжыпIэкIэ гушхуэ кIуэцIылъкъым, адрейхэри фIыуэ хуэлъагъуркъым. Зыхуейм кIэлъыжэным зиужьыну зэманрэ акъылрэ къыхуимыгъанэу, зрегъэухыж».

 Ди жагъуэ зэрыхъущи, иужьрей зэманым цIыхубзхэм езыхэм зэрызахъуэжам гу лъамытэу, «цIыхухъу нэсхэр щыIэжкъым» жаIэри мэтхьэусыхэ, Таргаковэр зэреплъымкIэ. Ауэ щыхъукIэ, езыхэм тутын яIурылъщ, фадэр я хьэрэмкъым, я псалъитIым я зыр хъуанэбзэщ.

ЦIыхубзым хэлъ фIыгъуэ нэхъыщхьэр  къыщежьэр фIыщIэм и дежщ, иIэм и уасэр щызыхищIэкIэ. ЦIыхубзым фIыщIэ щищIым деж,  нэхъыбэж къыхохъуэ. Абы и щытыкIэр куэдкIэ елъытащ ар зыхыхьэ гупми. «Чэнджэщ фызот: адрейхэм щахуэпсалъэ, IейкIэ щытепсэлъыхь, цIыхухэм я дагъуэхэр къыщалъыхъуэ гуп фыхэмыхьэ. Ди акъылым илъагъури зэхихри зыщIешэ. Мыхьэнэ зимыIэ гуэрхэм зэтрихуа нэужь, мыхьэнэ зиIэм гулъытэ хуищIыжыфыркъым».

И дэтхэнэ дерсри Таргаковэм хуеунэтI цIыхум насып гъуэгур къригъэгъуэтыжыным. «Щхьэж езыр зэрызыхущытыжымрэ адрейхэм зэрахущытымрэ зэтеухуауэ щытмэ, ар насыпыфIэ мыхъункIэ Iэмал иIэкъым». Аращ Таргаковэм фIыгъуэ гуэшыныр зи гъащIэ хабзэ цIыхубзыр япэ щIригъэщыр. А ещанэ лIэужьыгъуэрщ ипэжыпIэкIэ насыпыфIэкIэ узэджапхъэр.

 Мыбдежым гупсысакIуэм щхьэхуимыту дигу къегъэкIыж ди лъэпкъым зэи гулъытэншэу къимыгъанэ гъэсэныгъэм и Iуэхур. «Дэтхэнэ цIыхубзми ущиякIуэ иIэным фIы къыхудокIуэ, - жеIэ Таргаковэм. - Ар езым и анэр, и шыпхъу нэхъыжьыр, е и анэ шыпхъурауэ щрет, сытми, щапхъэ къыхуэхъун бзылъхугъэ нэхъыжь, и чэнджэщкIэ щимыгъэуэну. Нэхъыжьхэм дащыдекIуэкIым деж, дэ, япэрауэ, жыIэдаIуэ дохъу.  Абы и фIыгъэкIэ, дикIуэту, дымыныкъуакъуэу зыдогъасэ. УщиякIуэ зимыIэ бзылъхугъэм и гъащIэр ныкъусаныгъэкIэ гъэнщIащ, сыту жыпIэмэ, ар и гъуэгум къыщыпэщIэхуэнкIи хъуну куэдым хуэхьэзыркъым. Дауэ апхуэдэ ущиякIуэ къызэрыхэпхынур? Япэрауэ, узыдэплъеину уи мурадыр и унагъуэм зэрыхэтым кIэлъыплъ. ЕтIуанэ мардэр  дэ езым ди гум къыджиIэнущ: дзыхь хуэтщIыфрэ? Ещанэр  уэ езым зыдыболъагъуж: абы сызэрыригъусэрэ си щхьэ пщIэ нэхъ хуэсщIыжу, нэхъ мамыр, гупсэху сыхъуа? Дэ десащ  цIыхухэр фэкIэ, бзэкIэ, динкIэ, лъэпкъкIэ зэхэддзу. Ауэ а гуэшыкIэм мыхьэнэ иIэкъым, Iуэхур унагъуэм щытеухуам деж. Мыхьэнэ нэхъ зиIэр гупсысэкIэкIэ дызэрызэщхьэщыкIырщ. Щхьэхынэхэр, щхьэхуэфIхэр, къызыфIэщIыжахэр чыристанхэми, муслъымэнхэми, буддистхэми, дин зезымыхьэххэхэми куэду яхэтщ».

Зэрытлъагъущи, гъунапкъэхэр зэпызыупщI интернетым щIэныгъэ щхьэпэкIи дигъэнщIыфынущ, къыхэхыкIэ зэдгъащIэмэ. Апхуэдэ дэIэпыкъуэгъухэм язщ ди лъэпкъым и гупсысэкIэм, дуней тетыкIэм пэщIэмыувэ, уеблэмэ абы и уасэр дигу къэзыгъэкIыж Таргаковэ Маринэ хуэдэ щIэныгъэрылажьэхэр. 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться: