ЛIыхъужьхэм я щапхъэ

Iимам Абу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ Ислъам университетым иджыблагъэ Iэнэ хъурей къыщызэрагъэпэщащ. Ар теухуауэ щытащ ди лIыхъужьхэм Хэкум хахуэу къулыкъу зэрыхуащIэм и щапхъэхэм.

Зэхыхьэр зэхашащ Ислъам щэнхабзэм, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ защIэгъэкъуэнымкIэ фондыр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэр, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэр я дэIэпыкъуэгъуу.

ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Рахаев Мурат, КъБР-м и Парламентым и депутат, Афганистанымрэ дзэ операцэ щхьэхуэхэмрэ я ветеранхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и тхьэмадэ Тхьэгъэлэдж Тимур, КъШР-м ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и лIыкIуэхэу, КъШР-м и муфтийм и къуэдзэ Апсэ Анзоррэ КъШР-м и Прикубанскэ районым и раис-Iимам Семэн Хьэсэнрэ, дзэ Iуэху хэхам и ветеран, «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэхэу Чеченов Елдар, ПщыхьэщIэ Ахьмэд, запасым щыIэ полковник, запасым щыIэ офицерхэм я «МЕГАПИР» лъэпкъ зэгухьэныгъэу КъБР-м щыIэм и лIыкIуэ Атаев Жашарбэч, дзэ Iуэху хэхам и ветеран Тхьэгъэлэдж Алан. Апхуэдэуи Iэнэ хъурейм и лэжьыгъэм хэтащ Кавказ Ищхъэрэ Ислъам университетым и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ.

Зэхыхьэм и мурад нэхъыщхьэр зыт - «Хэкум къулыкъу хуэщIэным» и купщIэр щIалэгъуалэм гъуазэ яхуэхъунырщ, абы хэлъ лъапIэныгъэм гулъытэрэ пщIэрэ хуащIу егъэсэнырщ. Iэнэ хъурейм щытепсэлъыхьащ хэкум и иджырей хъумакIуэхэм - дзэ Iуэху хэхам и лIыхъужьхэм – я шыфэлIыфэм, псэемыблэжыныгъэм, лIыхъужьыгъэм я щапхъэхэм. Къызэхуэсахэм жаIащ тхыдэ фэеплъымрэ щIэжымрэ хъумэнымкIэ а щапхъэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, Кавказ Ищхъэрэм и щIэблэм Хэкур хъумэныр, абы ифI зыхэлъ Iуэхухэр дэгъэкIыныр къагурыгъэIуэныр, гъуэгу захуэ тегъэувэныр, хэкупсагъэр я гум къыщыгъэушыныр лей зэрымыхъунур.  А псомкIи иджырей лIыхъужьым и шыфэлIыфэр щапхъэ нэрылъагъу зэрыхъур къыхагъэщащ.

ШЭРIУЖЬ Даянэ.
Поделиться: