Нарт тхыдэжьхэр усэбзэкIэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и библиотекэм иджыблагъэ зэIущIэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. Ар теухуат Мэржэхъу ФатIимэ къыдигъэкIа тхылъыщIэм. «Сосрыкъуэ и тхыдэжьхэр» зи фIэщыгъэ тхылъыр дунейм къытехьэныр къызыхэкIам иращIэкI уэршэрым хэтыну, къызэхуэсахэм и гупсысэхэмкIэ ядэгуэшэну зэIущIэм къеблэгъащ КъБКъУ-м и лэжьакIуэхэр, студентхэр, псалъэм пщIэ хуэзыщIхэр, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я псэкупсэ хъугъуэфIыгъуэхэм лъапIэныгъэ езытхэр.

Зэхуэсыр фIэхъус псалъэкIэ къызэIузыха КъБКъУ-м и библиотекэм и унафэщI Гериевэ Аймани къыхигъэщащ Кавказ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я дежкIэ «Нартхэр» лIыхъужь эпосым мыхьэнэшхуэр зэриIэр, абы къызэIуих дунейм и теплъэгъуэхэр иджырей гъащIэм и лъэныкъуэ куэдыр зыузэщI щапхъэ зэрыхъур.

– «Сосрыкъуэ и тхыдэжьхэр» тхыгъэхэм хуэдэхэращ ди лъэпкъыщхьэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр наIуэ къэзыщIыр, ди къежьапIэхэм дезышэлIэжыр, ди нэхъыжьхэм зэтраухуа гъэсэныгъэ мардэхэм псыщIэгъэлъадэ яхуэхъур. Мэржэхъу ФатIимэ фIыщIэ щIыхуэпщIын щхьэусыгъуэ куэд щыIэщ. Япэрауэ, щIыналъэ литературэм къыщигъэIуа макъыр щIэщыгъуэщ, ар зыми ещхькъым, къызэщIиIэтэ Iуэхугъуэхэм лъэпкъ щIэжыр къызэщагъэу. ЕтIуанэрауэ, гъэщIэгъуэн къыщыхъуу зыхуеплъэкIа нарт тхыдэжьхэм яхуосакъ, къыхих сюжетхэм и дуней лъагъукIэр хиухуанэурэ езым и хъыбарыр ешэщI. Ещанэрауэ, ФатIимэ къызэригъэкI тхыдэжьхэм IуэтэкIэ яхуищIар усэбзэщи, ар зэщIожьыуэ, щхъуэкIэплъыкIэщ, зыкъомкIэ IуэрыIуатэбзэм ещхьщ, ауэ сатыр къэс езы тхакIуэм и хъэтIыр къыпхыпсу гъэпсащ. Ди гуапэщ Мэржэхъум къыдигъэкIа тхылъым и япэ лъэбакъуэхэр ди библиотекэхэм зэрыщригъэчыр, ди егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ и IэщIагъэ дахэм хэлъ щэхухэм щыгъуэзэну Iэмал зэраритыр, – жиIащ Гериевэ Аймани.

Нарт тхыдэжьхэр урысыбзэкIэ къэIуэтэныр, ари усэбзэу къызэрыкIыныр IуэрыIуатэмрэ иджырей тхылъеджэмрэ зэпызыщIа лъэмыж лIэужьыгъуэ хъуащ. НэхъапэкIи апхуэдэ лэжьыгъэ щхьэпэхэр дунейм къытехьат, дэтхэнэми езым и пщIэрэ щIэджыкIакIуэрэ игъуэтыжат. Иджырей дунейм, цIыхухэм тхылъыр яIэщIэху щыхъуа далэм, псалъэр къэзыгъэIурыщIэхэм я пащхьэм упщIэ зыбжанэ щызэблокI, тхылъеджэр къызэрыдихьэхынумрэ абы и зэхэщIыкIым зезыгъэужь Iуэхугъуэу къэIэтыпхъэхэмрэ ятеухуауэ. Дуней псом щыцIэрыIуэ литературэхутэхэм зэрыжаIэмкIэ, тхылъеджэм фIэгъэщIэгъуэныр зыхэпсэукI дунейм курых хуэхъу къэхъугъэхэр философиерэ психологие я лъэныкъуэкIэ къызэпкърызых тхыгъэхэрщ, абы ущыфIэкIыжым детектив гъэпсыкIэ зиIэ романхэрщ, икIи, гъэщIэгъуэнращи, лъэпкъ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ епха Iуэхугъуэхэр къэзыгъэщIэрэщIэж Iуэтэжхэрщ. Мэржэхъум и къалэмыпэр тхылъымпIэм щытрилъхьэм, зэрыщымыуар, и IэдакъэщIэкIхэм щIэщыгъуэ ящыхъун тхэкIэ къызэрыхихар «Сосрыкъуэ и тхыдэжьхэр» тхыгъэм IупщI ищIащ.

Нарт эпосым щIыхуеплъэкIам и щхьэусыгъуэхэм щытепсэлъыхьым, Мэржэхъу ФатIимэ къыхигъэщащ ар усэбзэкIэ итхыным тезыгъэгушхуар зи пщIэр имыкI Пушкин и усыгъэхэрауэ зэрыщытыр, иджырей унагъуэхэм нарт эпосыр къазэрыгурыIуэн бзэкIэ зэгъэпэщауэ ябгъэдэлъхьэныр гуращэу зэриIар.

– Эпосым унагъуэу узэхэсу уеджэным уасэ иIэкъым. Апхуэдэ хабзэ пылъущ ар ди деж къызэрысар. КъэзыIуэтэжхэр, нарт пшыналъэхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ гукIэ къезыхьэкIхэр ди нобэм къэсами, нэхъыбэм ар къазэрылъэIэсар тхылъым ит тхыгъэущ. БлэкIа жыжьэм лъэпкъ гупсысэм къигъэщIа IуэрыIуатэ хъугъуэфIыгъуэр игъащIэкIэ кIуэдынукъым, атIэ, кIуэтэху, и гуащIэр къызэрыкIыу, екIуэкI дунейм хуэфэщэн гупсысэхэр къызэпхигъэщу щытынущ. Си тхыгъэм иужь сыщихьэм си нэгу щIэтт ди япэ итахэм нарт хъыбарыжьхэм халъхьа гурыщIэр, арат сэри сыкъызэщIэзыIэтэр. А къаруми и кIэм нызигъэгъэсащ мы тхыгъэр. Iэрытхыр хьэзыр хъуа нэужь, си гуапэу «Урысейм и къэIуэтэжакIуэхэр» литературэ зэпеуэм езгъэхьащ. СытекIуэну сыщыгугъакъым, уеблэмэ апхуэдэ гупсыси сиIэтэкъым. СэркIэ нэхъыщхьэр къазэрыщыхъур, зэрызыхащIэр, и бзэмрэ гъэпсыкIэмрэ хуащI гулъытэр зыхуэдэр зэзгъэщIэнырати, «Тхыдэжьхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ – усэбзэкIэ» унэтIыныгъэм пашэныгъэр къыщысхьащ, зэрыщыту зэпеуэр къапщтэмэ, тхыгъэ нэхъыфIихыр зытхахэм сахиубыдащ. СэркIэ апхуэдэ гулъытэращ тыгъэ нэхъыщхьэр, – жиIащ Мэржэхъум.

Апхуэдэу ФатIимэ фIыщIэ хуищIащ тхылъыр сурэткIэ зыгъэщIэрэщIа, Бахъсэн къалэм дэт 8-нэ курыт еджапIэм суэрт щIынымкIэ и егъэджакIуэ КIыпший Розэ.

– Тхылъым и теплъэр, шэч хэмылъу, къэзыгъэщIэращIэр абы ит сурэтхэрщ. Сюжет къыххар апхуэдизкIэ купщIафIэщ, тхыгъэм курых хуэхъу теплъэгъуэу щытщи, телъыджэ къыпщохъу ар Розэ къызэриубыдыфар, а щIыпIэм уит фIэкIа умыщIэну, сурэтхэр дахэ дыдэу зэхилъхьэфащ, уеплъ пэтми защыбгъэнщIыркъым, – къыхигъэщащ ФатIимэ.

ЗэIущIэм кърихьэлIащ Урысей и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Зэгъэщтокъуэ Людмилэ, Кавказым и тхакIуэхэм я хасэм хэт, усакIуэ Атабаев Руслан, нэгъуэщIхэри.

Зэхуэсым хэтахэм гукъинэж ящыхъуащ адыгэбзэр IэщIагъэу къыхэзыха ныбжьыщIэхэм ящыщу Балу Мырзэбэч, Уэзрокъуэ Беллэ, Хъымбэзэр Данэ, Бгъэжьнокъуэ Кристинэ сымэ тхыгъэм щыщ пычыгъуэхэр гукIэ зэрагъащIэу къызэреджа щIыкIэр. Абыхэм къыщIагъэщIар «Сосрыкъуэ и тхыдэжьхэм» я зы ныбзт, ауэ зэIущIэм хэту хъуам тхылъыр ямыIэнкIэ Iэмал имыIэу щытыкIэ дахэ иригъэуват. Псалъэм и къарур зэрымыкIуэщIыр ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIым дахащэу къигъэлъэгъуат!

Зэхуэсыр и кIэм щынэблагъэм КъБКъУ-м инджылызыбзэмкIэ и кафедрэм и лэжьакIуэ нэхъыжь Борэн Мадинэ къызэхуэсахэм фIыщIэгуапэ псалъэкIэ захуигъэзащ.

– Зи Iуэхур къэзыгъанэу нобэ къытхуэкIуахэм яхуэмыфащэ дахэ щыIэкъым. Си щхьэкIэ хуабжьу сыщогугъ мы зэIущIэм щыфлъэгъуахэм гукъыдэж къыватауэ, гупсысэ гъэщIэгъуэнхэм фыхуагъэушауэ, седжакIэщэрэт, къэзгъуэтакIэщэрэт, зэзгъэщIакIэщэрэт жыфIэу ди нэхъыжьыфIхэм къытхуагъэна нарт хъугъуэфIыгъуэхэм фи гур къахузэIуихауэ. Щхьэ лъапIэныгъэ ущихуэнур, псом япэрауэ, уи лъэпкъыщхьэр фащэу къыщыпщылыдыкIым, ущалъхуа лъахэмрэ абы и цIыхухэмрэ пщIэ щахуэпщIым дежщ. Зи къару закъуэкIэ дунейр къэзыгъэIурыщIа щыIэкъым – акъыл зэхэдзэрэ къару зэщIэтрэ, жиIащ пасэрейм, ар зыщывмыгъэгъупщэ. Гукъыдэж дахэ къыдэзыта Мэржэхъу ФатIимэ дяпэкIи и къалэмыпэр мыубзэщхъуну, цIыхубз насыпым зэщIиIэтэу, гукъыдэж дахэм иузэщIу, и гъуэгур нэхъри бгъуэ хъууэ дунейм тетыну сыхуолъаIуэ, – жиIащ гуапэу Борэн Мадинэ.

Мэржэхъу ФатIимэ Бахъсэн къалэм щыщщ, КъБКъУ-м хамэ къэралыбзэхэмкIэ и къудамэр къиухащ, инджылызыбзэмкIэ егъэджакIуэу мэлажьэ. Мэржэхъур Урысейм и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ Кавказым и тхакIуэхэм я хасэмрэ хэтщ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ и усэхэр щызэхуэхьэса тхылъиплI. Мэржэхъу ФатIимэ и гуащIэр гулъытэншэ хъуакъым. Абы Дунейпсо Арт комитетым и дыщэ дамыгъэр, «Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 460-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу», «ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 120-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу» медалхэр къыхуагъэфэщащ. Апхуэдэу Мэржэхъум Дунейпсо лъэпкъыбэм я евразие зэхуэсымрэ Къэзахъстаным и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ я фIыщIэ тхылъхэр иIэщ, Кавказым и усакIуэхэм я фестивалым и лауреатщ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: