Лъагъуныгъэм жаIэр къигъэзэжу

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ иригъэкIуэкI «Зы уэрэдым и хъыбар» нэтыным цIыхухэр щигъэгъуэзащ куэдым фIыуэ ялъэгъуа уэрэдхэм я хъыбархэм. Ахэр къаIуэтэжащ уэрэдхэм я псалъэхэр зытхахэм, я макъамэхэр зыусахэм, зыгъэзэщIахэм. ЦIыхубэм ягу дыхьахэм, дзапэ уэрэду къахуэнахэм ящыщщ «Лъагъуныгъэм жаIэр къигъэзэжу» жыхуиIэр.

- Мы уэрэдыр залымыгъэкIэ яфIэстхауэ жыпIэ хъунущ. Ар щыстха зэманым колхозхэм, совхозхэм зэрызаужьым, партым, комсомолым я лэжьыгъэм фытетхыхь жаIэу дызэрахуэрт. Лъагъуныгъэм теухуа зы псалъи утыку къипхьэну ухуиттэкъым. Дэ ди щIалэгъуэу, дуней псор тIэу пкIэгъуэ тхуримыкъуу апхуэдэт, колхоз лэжьыгъэ ди Iуэхут?! Уэрэдыр зытеухуар Iейуэ зызыгъэпагэу щыта хъыджэбзщ. ЩIалэм и лъагъуныгъэр къримыдзэу зэман гуэркIэ гугъу иригъэхьа нэужь, ар хущIогъуэжри, а тIур зэхуозэж. Уэрэдыр щыстхым куэдрэ гугъу сыдехьауэ схужыIэнукъым. Зы мазэм къриубыдэу псалъэри макъамэри стхат. Мэремыкъуэ Хъусен щезгъэдаIуэм, игу ирихьри абы игъэзэщIэну къищтащ. Ар щыстхар I950 гъэрщ, - жиIащ уэрэдыр зи IэдакъэщIэкI Щомахуэ Хьэсэнбий.

Къурш щхьэ тхъуахэм махуэр щхьэдохыжри,

Жэщ гупсысэр щэхуу къысхуокIуэж,

Гъэ блэкIахэм ящIыгъуа гухэлъхэм

Лъагъуныгъэу си деж къагъэзэж.

 

Ежьу:  Лъагъуныгъэм, жаIэр, къегъэзэжри,

Гумрэ гумрэ гъуэгу зэхуалъыхъуэж.

Лъагъуныгъэм къигъэзэжыр пэжмэ,

Мы си гъащIэм зэ къыхуеплъэкIыж.

 

Уигу симылъми, си гугъу умыщIыжми,

Уэрэд гуапэу гущIэм укъолъэт,

Сыт къыщIэхъур, губжэр зэхуэпщIыжми,

Ар зэIужу, насып бзур щилъэт.

Ежьу.

Зи щIэщыгъуэр имыкIыж макъамэу,

Лъагъуныгъэр гъащIэ джэрпэджэжщ.

Ауэ ар зэ пIэщIэкIамэ, гукъанэр

ГухэщI макъкIэ гъащIэм къыподжэж.

Ежьу.

ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.
Поделиться: