Къэрал мылъкур зэрызэрагъэзахуэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым щекIуэкIащ Экономикэ политикэмкIэ, зыу­жьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ комитетым и зэIущIэ. Зытепсэлъыхьар «КъБР-м и къэрал мылъкур зехьэным и IуэхукIэ» республикэ законыр къызэрагъэсэбэп щIыкIэрщ.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим, ­КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу ­КъБР-м и Парламентымрэ суд IуэхущIапIэхэм­-рэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, депутатхэр, «Рос­реестр»-м и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Соблыр Беслъэн, министерствэхэм, муниципальнэ щIыналъэхэм я унафэщIхэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБР-м и Парламентым Экономикэ политикэмкIэ, зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и комитетым и унафэщI Iэпщэ Заур жиIащ ди къэралым къызэрытракъузэм иджыпсту экономикэм и щытыкIэр нэхъ гугъу зэрищIыр къэлъытауэ, республикэм дэтхэнэ IуэхущIапIэми и фейдэ нэхъыбэ къыхихын зэрыхуейр - ар бэджэнду ят ирехъу е уней ящIу щрет. Къэпсэлъам къыхигъэщащ КъБР-м Мылъкумрэ щIы зэхущытыкIэхэмкIэ и министерствэмрэ комитетым хэтхэмрэ зэрызэдэлажьэ щIыкIэм арэзы укъызэрищIыр, ящэну къагъэлъагъуэ IуэхущIапIэхэм Прави­тельствэр и чэзум зэрыхэплъэр.
- Хабзэ и лъэныкъуэкIэ дыхущIокъу и чэзум сыт хуэдэ Iуэхуми дызэрыпэджэжынум. Гугъуехь нэхъыбэу здэщыIэхэр гъэбелджылыныр, ахэр и чэзум къэдгъэлъэгъуэныр ди къалэн нэхъы­щ­хьэщ, - жиIащ Iэпщэм. Депутатым дыщIигъуащ республикэ хабзэм къищынэмыщIа, къэрал мылъку зехьэкIэм теухуауэ федеральнэ законодательствэм хэлъынкIэ хъуну ныкъусаныгъэхэми гу лъатэн зэрыхуейр.

Мэкъумэш щIапIэр

КъБР-м щIымрэ мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Уянаев Таймураз жиIащ дызэрыт илъэсым щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу къэрал мылъкум и реестрым къэрал IуэхущIапIэу 185-рэ, къэрал предприятэу 2, къэрал ­мылъкуу, ауэ къэрал IуэхущIапIэм трамытхауэ 276-рэ, щIы Iыхьэу 1335-рэ зэрыхэтыр. Республикэ бюджетым и хэхъуэр нэгъабэ сом мелуан 42,3-м нагъэсащ, сом мелуан 29,5-рэ хъуну тращIыхьами. 2025 гъэм щIыналъэм къыIэрыхьар ипэ ита илъэсым елъытауэ сом мелуани 8,5-кIэ нэхъыбэщ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм зегъэужьынымкIэ корпорацэ» акционер зэгухьэныгъэм и устав мылъкум халъхьэ Iыхьэр гъэзэщIэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм.
Мэкъумэш щIапIэр къызэрагъэсэбэпым теу­хуа лэжьыгъэри ирагъэкIуэкIащ. ИджыпстукIэ вапIэхэмрэ илъэс куэдкIэ хасэхэмрэ нэгъэсауэ къагъэсэбэп, ахэр мэкъумэшым елэжьхэм бэ­джэнду яIыгъщ. ХъупIэхэр процент 86,6-кIэ къагъэсэбэп (зэбгъапщэмэ, 2019 гъэм къагъэсэбэпар процент 43,2-рэт). Нэгъабэ бэджэнд зэгурыIуэныгъэ 16 зэращIылIащ щIы гектар мини 2,5-м ехьэлIауэ. IэщIагъэлIхэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ хабзэр щамыгъэзэщIа: зым - хабзэм къемызэгъыу хьэрычэт лэжьыгъэ къыщызэрагъэпэщат, адрейм - ухуэныгъэ щаублат. 
Къэрал мылъкур уней щIыным ехьэлIауэ 2025 гъэм кърикIуахэр къыщагъэлъагъуэм, къыхагъэщащ зытращIыхьар сом мелуани 146-уэ щытами, абы сом мелуан 362,7-рэ къызэрыпэ­кIуар.
КъБР-м ЩIымрэ мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министерствэм игъэхьэзыращ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм защIэгъэкъуэныр зи лъабжьэ мардэхэри. Правительствэм къищтащ зи гугъу тщIы цIыху гупхэм щIы Iыхьэм и пIэкIэ сом мин 250-рэ зэ тыгъуэу етыным теухуа унафэр.

Я зэфIэкIхэр

Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Дыгъужь Нателлэ зэIущIэм хэтахэр щигъэгъуэзащ республикэм и къалащхьэм и муниципальнэ мылъкур зэрызэрахьэ щIыкIэм. 2026 гъэм мэлыжьыхьым и 1-м ирихьэлIэу, ягъэIэпхъуэ, ямыгъэIэпхъуэ къалэ мылъкум и уасэр, щIы Iыхьэхэр хэмыту, сом мелард 13,7-рэ мэхъу. Апхуэдэуи къалэ оругым щIы Iыхьэу 3770-рэ бгъэдэлъщ, абы щыщу 2625-р бэджэнду ятащ.
Муниципальнэ мылъкум и Iыхьэ нэхъыбэр яубыд ЖКХ-м и IуэхущIапIэхэм. Къыхагъэщащ электрокъарукIэ къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэ 420-рэ «Кавказ Ищхъэрэм и Россетьхэр» - «Къэббалъкъэнергэ» ПАО-м зэрыратар, илъэс къэс бэджэндыпщIэу сом мелуани 123,5-рэ къату. АрщхьэкIэ мы гъэм федеральнэ законода­тельствэм зэрызихъуэжам къыхэкIыу, ахэр пщIэн­шэу къагъэсэбэпыну иратын хуей хъунущ. «Налшык водоканал» МУП-м IуэхущIапIэ 1639-рэ иратащ, абыхэм ящыщу кадастр учетым процент 35-м щIигъур ягъэуващ, а лэжьыгъэр иджыри йокIуэкI.
Муниципальнэ мылъкур зехьэным 2025 гъэм къыпэкIуа хэхъуэр псори зэхэту сом мелуан 461-рэ хъуащ (2024 гъэм сом мелуан 75-кIэ щIегъу). Хэхъуэ нэхъыбэу къызыпэкIуэр щIыр, мылъкур бэджэнду тынырщ, щIы Iыхьэхэр щэнырщ. 2019 гъэ лъандэрэ ирагъэкIуэкI кадастр лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ, щIы налогыр сом мелуани 127-м къыщыщIэдзауэ мелуани 193-м нэсащ, мылъкум техуэ налогыр сом мелуан 22,5-м къыщы­щIэдзауэ мелуани 147-рэ хъуащ.

Мылажьэу щыт IуэхущIапIэхэм я къекIуэкIыкIэр

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ республикэм и санаторэ-курорт IуэхущIапIэхэм ящыщу мылажьэу щытхэм. Къалмыкъ БетIал и цIэр зезыхьэ зыгъэпсэхупIэмрэ «Нарзан» санаторэмрэ зи ­мылъку хэзылъхьэн къагъуэтын мурадкIэ сату зэIухахэр ирагъэкIуэкIащ. ЗэIущIэм хэтахэм жаIащ IуэхущIапIэхэр къэзыщэху языныкъуэхэм илъэс бжыгъэкIэ ахэр зэрыщагъэтыр, зы соми хамылъхьэу.
Зытепсэлъыхьахэр къыщызэщIикъуэжым, Iэпщэ Заур къыхигъэщащ къаIэта Iуэху псори набдзэгубдзаплъэу зэрызэпкърахынур. Абыхэм япкъ иткIэ къыхалъхьэну я мурадщ къэрал, муниципальнэ мылъкур зехьэным и фIагъыр къэIэтыным хуэунэтIа хабзэубзыху жэрдэмхэр.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: