ГупсысэщIэхэм я къежьапIэ

Иджыблагъэ «Волонтёр Iуэхур фIыщ» Iэнэ хъурейр екIуэкIащ. Зэхыхьэм хэтащ студентхэр, школакIуэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лIыкIуэхэр, хамэ къэралхэм къикIа еджакIуэхэр. Абыхэм яхутепсэлъыхьащ иджырей жылагъуэм хьэрэмыгъэншэу цIыхум дэIэпыкъуным щиIэ мыхьэнэм, граждан Iуэху еплъыкIэ пэж зэфIэгъэувэным пыщIа щхьэхуэныгъэхэм, щIалэгъуалэм я псэкупсэ-щэнгъасэ зыужьыныгъэм, нэгъуэщIхэми.

Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ ­КъБКъУ-м и Библиотекэм и унафэщI Гериевэ Аймани. Абы къыхигъэщхьэхукIащ дунейм и къэрал 80-м зыщызыубгъу волонтёр зэщIэхъееныгъэм нобэ, зэи хуэмыдэжу, мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
«ДызыхэпсэукI лъэхъэнэм Iуэху гуапэ пщIэныр зимыуасэ щыIэкъым. Егъэджэныгъэ, щIэныгъэ Iуэхухэр дэIыгъынымкIэ центру щыт библиотекэм апхуэдэ Iуэхухэм ущы­тепсэлъыхьыныр игъуэ дыдэщ. Ди лэжьакIуэхэмрэ студентхэмрэ пщIэншэу куэдрэ мэлажьэ, адрейхэм ядоIэпыкъу. Мис апхуэдэ зэхущытыкIэ гуапэм гупсысэщIэхэр кърокIуэ, IуэхущIэхэм утрегъэгушхуэ», - къыхигъэщащ Гериевэ Аймани.
КъБКъУ-м гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Джэрыджэ Залинэ къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ: «Волонтёр Iуэхум гуапагъэу, къабзагъэу, гупцIанагъэу хэлъым гъунэ иIэкъым. Уи псэм фIэмыфIу волонтёру ущытыфынукъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар гум къыбгъэдэкI лэжьыгъэщ. Ди университетым волонтёр центр ин диIэщ. Фэ къывгуроIуэ нэхъыбэм а лэжьыгъэр гулъытэншэу къы­зэрынэр. Iуэху гуэр къыщызэдгъэпэщкIэ, щIалэхэм абы гуа­щIэу халъхьэр афишэхэм къытрадзэркъым, уеблэмэ Iуэхур щекIуэкI утыкуми щыплъагъуркъым. Ауэ а нэрымылъагъу, псэемыблэж лэжьыгъэрщ еджапIэхэмрэ жылагъуэмрэ я дежкIэ уасэншэр. Ди щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ фIыщIэшхуэ яхудощI я гу къабзагъэм папщIэ».
ИнджылызыбзэкIи урысыбзэкIи докладхэр утыку кърахьащ Индием, Бангладешым, Суданым, Пакистаным, Тыркуменистаным щыщ студентхэм. Ахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ зэдэIэпыкъуныгъэм и хабзэхэмрэ зыщыщ къэралхэм щы­щыIэ экологие жэрдэмхэмрэ.
Налшык дэт курыт школ №19-м и еджакIуэ, «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэм» хэта Шэру Алия тепсэлъыхьащ Урысейм и волонтёр Iуэхур къызэрежьамрэ зэрызиужьамрэ, абы и иджырей унэтIыныгъэхэм: щэнхабзэ, экологие, къэхъукъащIэ. Алия я гугъу ищIащ хамэ къэрал студентхэр лъэпкъ куэду зэхэт ди къэралым и щэнхабзэм щызыгъэгъуазэ литературэ клубхэм я лэжьыгъэм.
«Добро» университет центрым и лэжьыгъэм къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ КъБКъУ-м и Педколледжым и студент Гъурф Миланэ. Иджыпсту центрым и лэжьыгъэм цIыху 1700-м щIигъу хэтщ. Проект нэхъыщхьэхэм ящыщщ Iуащхьэмахуэ ­районым щыIэ «Доброволецхэм я еджапIэр», «Iуащхьэмахуэ и щыгур къабзэщ» Iуэхур.
Къызэхуэсхэм ягу къагъэкIыжащ dobro.ru платформэмкIэ езым фIэфIу нэгъуэщIхэм ядэIэпыкъухэмрэ сэбэпынагъ зыпылъ Iуэху зэфIэзыххэмрэ зэрахыхьэфынур, абыхэм ящыщу нэхъ жанхэмрэ нэхъ жыджэрхэмрэ «Илъэсым и волонтёр» цIэр къыфIащ.
Зэхыхьэр щиухым, КъБКъУ-м и библиотекэм и унафэщIым хамэ къэрал щыщ цIыхухэм ядэлэжьэнымкIэ и къуэдзэ Багъ Заремэ псоми фIыщIэ яхуищIащ зэIущIэм зэрыхэтам пап­щIэ: «Дэтхэнэри IуэхуфIхэм зэрытегъэгушхуэн къару нобэрей зэIущIэм къызэрыхахар си фIэщ мэхъу. Мы Iэнэ хъурейр гупсысэщIэхэм я къежьапIэ ирехъу».

Iэрыс Iэсият.
Поделиться: