«Унагъуэхьэ я гъусэу хэт щакIуэ кIуэр?»

Илъэс 50-60 ипэкIэ сабийхэр зыдихьэхыу щытамрэ нобэ я сабиигъуэр зэрагъакIуэ щIыкIэмрэ шурэ лъэсрэ я зэхуакущ, жыхуаIэм хуэдэщ. Абы и щыхьэтщ КIэрашэ Михаил и гукъэкIыжхэм щыщущ зэддзэкIар. 
…Сыкъыщалъхуа щIыпIэм нэхъ дахэ си гъащIэм слъэгъуакъым: гъэмахуэ псом абы и губгъуэхэм Iущхьэ плъыжьыр, епэр цIыкIухэр къыщыкIырт, бжьыхьэм фом хуэдэу IэфIу хъарбызыр щыхъурт, щIымахуэр ткIийт, щIыIэт, уэсым нэм къиплъыхьыр щIихъумэрт: ар унэми, бжыхьми, жыгми. Уеблэмэ Курп псыежэх щтари щIиуфэрт. Илъэсибгъу сыхъуат, къуажэ школым ещанэ классым сыщеджэрт. Си классым щIэст щIалэ цIыкIуу тIощIрэ хъыджэбз цIыкIуу ирэ. ЩIалэжь цIыкIухэр къыхащыпыкIами ярейуэ зэхуэдэу дыщIалэ щхьэпэлъагэт. ФизкультурэмкIэ ди егъэджакIуэм зауэм къикIыжу къуажэм къигъэзэжа къудейти, дигъэгушхуэну хэтт: «Ноби армэм фагъакIуэ хъунущ, апхуэдизкIэ фыщIалэ жыджэрщ, фыкъарууфIэщи», - жиIэурэ.
Сыт хуэдэ щIалэ цIыкIухэми хуэдэу, дэри дерс зэхуаку зыгъэпсэхугъуэм кIэлындор кIыхьым дыкъыщызэрехуэкIыу дытетт, дызэIунщIу, лъакъуэпэщIэдз зэхуэтщIу. ЖыпIэнурамэ, дыкъуейщIейт. Хъыджэбз цIыкIухэр IэмащIэлъэмащIэ цIыкIухэти, къытпакIухьырт. «Мамэ ипхъу гъэфIэнкIэ» деджэрт абыхэм, зэгуэдгъэпын папщIэ, икIи, дзыхь зэрахуэдмыщIым и нэщэнэу, ди щэхухэр ящыдбзыщIырт. ЗэрымыщIэкIэ зыгуэрым ди щэху абыхэм я тхьэкIумэ иригъэцырхъамэ, махуи дэкIыртэкъым ар школ псом, хэбгъэзыхьмэ, ди адэ-анэхэми къамыщIэу. 
Ар фIыуэ тщIэжырти, иужьрей ди щэхум дыхуэсакъырт, бзэгузехьэ цIыкIухэм къедмыгъэщIэн папщIэ. ТхьэмахуэкIэ къетхьэкIа ди щэхури мырат: зыгъэпсэхугъуэ махуэр къэсмэ, щIалэ цIыкIухэр Курп псыежэхым адэкIэ щыIэ Iуащхьэхэм щыпсэу тхьэкIумэкIыхьхэм дещэкIуэну дыкIуэну арат.
Зэклассэгъухэр а Iуэхум дыдихьэхыпауэ дытепсэлъыхьырт, зым адрейм хуигъэщIэгъуэжу, зэи къэмыхъуа, ямылъэгъуа шыпсэхэр зэхуаIуатэрт тхьэкIумэкIыхьхэм теухуауэ. ЖаIэрт ахэр мэл хуэдиз я инагърэ уэсым хэту пкIэрэ лъэуэ ялъэгъуауэ щытауэ, я бжыгъэр миным нэс хъууэ. Ар здыжаIэм езыхэми я фIэщ хъужырт. Зэныбжьэгъухэм тхьэрыIуэ тщIат къэтщэкIуахэр тIыгъыу унэм дыкъэкIуэжыху ди мурадыр ди адэ-анэхэми зыми къедмыгъэщIэну. Къытщыхъурт унэм лы зрикъун къетхьэлIэрэ цы щабэ хужь зытет фэ Iэлъэ е пыIэ цIыкIу куэд къызыхэкIын тхьэкIумэкIыхьыфэхэр къахуэтхьмэ ди Iуэхур къытхуагъэдахэну. Хъыджэбз цIыкIухэр тхьэмахуэ псокIэ ди ужьым итащ ди щэхур къащIэн щхьэкIэ фибл зытрагъэуарэ IэфIыкIэхэр къытхуашийуэ. Ауэ зытIыгъащ, ди щэхури хъума хъуащ.
Тхьэмахуэ махуэм и пщэджыжьым, дызэрызэгурыIуауэ, Курп псыежэхым узэрызэпрыкI лъэмыжым деж, «щакIуэхэр» дыщызэхуэзащ. Классым щIэс щIалэ цIыкIу тIощIым щыщу къэкIуар блы къудейщ. Псоми щхьэусыгъуэ зырызыххэ яIэт: хэти и къуэш е и шыпхъу нэхъыщIэм кIэлъыплъын хуейт, хэти жэщым борэн хъури уэсри куууэ къесати, шынащ. Языныкъуэм жаIащ щакIуэ зэрыкIуэн Iэщэ-фащэ зэрызэрамыгъэпэщыфар - щакIуэ зэрыкIуэ пхъэ лъэрыжэ езым ящIыну яхузэфIэкIатэкъым, арыншэу уэсым ущызекIуэфынутэкъым.
ЩакIуэ зэныбжьэгъуиблым тIыгът кIарц жыгым къыхэщIыкIа баш гъум зырыз, жыгейм къыхэIущIыкIа лъэрыжэ, шабзэрэ шабзэкъурэ. ЩакIуэхэм ди теплъэри укъэзыгъэуIэбжьынт: мэлыфэм къыхэщIыкIа ди джэдыгухэр хъуным ишхауэ, яцри цыщ лэныстэ жанкIэ тращыкIа фIэкIа умыщIэну апхуэдэт. УпщIэ вакъэу щхьэж и унэ-лъапсэм къыщигъуэтар гъуанэ зэрыхъурэ нейзэмант, ауэ нанэ и кIэлошыжьым ар идгъэувэжати, дигурэ ди щхьэрэ зэтелът. Зыгуэрми цы IэлъэщI тIорысэ дыдэ къешыхьэкIат, сэлэтхэм яIэщIэкIауэ щIэпхъуэж нэмыцэхэм ещхьу (ди къуажэ клубым щагъэлъэгъуа фильмым хэтахэм хуэдгъэдат).
Нэхъыщхьэрати, щэкIуэну ежьахэм къызэдащтат Iэжьэхэмрэ я пщIантIэхъумэ хьэхэмрэ. Лъэмыжым дыщынэсым абыхэм зызэрадзащ, хэт нэхъ лъэщми, хэт нэхъ бзаджэми, хэт нэхъыщхьэми зэхагъэкIми ярейуэ. Щхьэж и хьэр игъэсабырыжщ, къедэIуэну унафэ хуищIри, ди гъуэгу хэдгъэщIыну дежьащ. Лъэмыжым дикIри, IуащхьэмкIэ дунэтIащ. Гъуэгуанэр псынщIэу къызэднэкIыфыну къытщыхъуа щхьэкIэ, Iуэхур абы щыщыIэтэкъым: уэсым ерагъыу дыпхыкIыу арат, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ дыпхыщэтырт, хэбгъэзыхьмэ, ар ди бгым къэсынт. Ди Iэжьэхэмрэ ди лъэрыжэхэмрэ хуабжьу зэран къытхуэхъурт, уэс куум хэнэрти. Дауэ мыхъуми, фермэм дынэсащ. Абдеж ди Iэжьэмрэ ди лъэрыжэхэмрэ къыщыдгъанэри, адэкIэ дежьащ, къыщыдгъэзэжкIэ къыздэтщтэжыну ди мураду. Хьэхэр хьэлэмэту уэсым зыпхагъэхуртэкъым, хэгъэрей зэхуэхъуауэ уэсыщхьэм щызэдэджэгурт, итIанэ зейхэм ябгъэдэлъадэрти ебэнырт, нэхъ псынщIэу кIуэтэну трагъэгушхуэ хуэдэу. Хуэгъэфэщауэ сыхьэтитI-щыкIэ гъуэгу дытетагъэнщ, зыхуэдунэтIа Iуащхьэм дынэсыным. Зы километррэ ныкъуэр и лъагагъыу къыщIэкIынт абы.
Пэж дыдэу мы щIыпIэм щыпсэурт тхьэкIумэкIыхьхэр, ауэ а дызэригугъам хуэдиз хъунутэкъым, дызрихьэлIари тхут е блыт. ГъэщIэгъуэнрати, ахэр зыкIи къытщымышынэу я фIалъэ лъакъуитIымкIэ къэувырт, дафIэгъэщIэгъуэну къыдэплъхэрт, дэни къиукI мыхэр, жыхуаIэу. Абыхэм хьэхэри зыбгъэдагъэхьэрт, иужькIэ зэ пкIэгъуэкIэ япэ ищурэ щIэпхъуэжхэрт. Ди пщIантIэхъумэ хьэ делэ цIыкIухэми дэ щакIуэ емынэхэми дигу къэкIакъым апхуэдэ щIыкIэкIэ абыхэм гъэпцIагъэ гуэр къыдащIэну. ТхьэкIумэкIыхь нэхъ инхэм хьэхэр зэгъусэурэ бгъэдэлъадэрти, мылу тещтыкIа уэсыщхьэр къутэрт, ар уэсукхъуэу къехын щIидзэрт. Хьэхэр уэсым щIихъумэрт, щIиIубэрти, дакъикъэ зытIущ зэрыдэкIыу, гуузу пщIэун щIадзэрт, дыкъевгъэл жыхуаIэу. Абы щыгъуэм тхьэкIумэкIыхь цIыкIухэр къуэм нэхъ ищхьэкIэ дэпкIейжхэрти, къыткIэлъыплъу къытеувэжырт, щакIуэхэм я хьэхэр къызэрырагъэлым, ди Iэ пцIанэхэмкIэ мыл жар ткъутэурэ уэс щIагъым ахэр къызэрыщIэтлъэфыжым къеплъ хуэдэу. 
Сытми, кIэщIу жыпIэмэ, ди хьэ тхьэмыщкIэхэр къедгъэла нэужь, гужьеяуэ къугъыу къызэхэувэжат, тхьэкIумэкIыхьхэр здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ ауи еплъэкIыжыртэкъым. Хьэхэм я цым сытхъур хэнауэ, щакIуэхэм я щыгъын фаджэхэри псыф хъури зэщIэщтхьэжауэ укъызэрытIуплъэфын щыIэтэкъым. Абы нэмыщI упщIэ вакъэ IэрыщIхэми уэсыр из хъуат, языныкъуэхэм я пыIэр, я Iэлъэр зэрызехьэм хэкIуэдат. ЩэкIуэным уи гур зэщигъэуным абы нэхъыбэ ухуейт?!
  Псори дызэщIэмыщтхьэ щIыкIэ мурад тщIащ къэдгъэзэжыну. ДызэрыкIуа уэс лъагъуэм дытетурэ фермэм дыкъришэлIэжащ, ди Iэжьэ-лъэрыжэхэри къэтщтэжащ. Дунейр уаети, ди дзэхэр зэтеуэу Курп псыежэхым телъ лъэмыжым дыкъызэрикIыу, дигу нэхъ къызэрыгъуэтыжри, «щхьэж и унэ бжэн лъакъуэ» жыхуиIэу дызэбгрыжыжащ зыдгъэхуэбэжыну. КъытщыщIам тепсэлъыхьыжынуи зыри хуейххэтэкъым.
АпщIондэху ди адэ-анэхэр гузавэу зэхэсу къыщIэкIащ. Пщэдджыжь нэмэзым щакIуэ дызэрыдэкIари къащIагъэххэт - ди гъусэ зы щIалэ цIыкIум и шыпхъум ди щэхур хуиIуэтати, абы хъыбарыр яхигъэIуат. ЕтIуанэ махуэм школ псом хэз дыхъуат. Псори зытепсэлъыхьыр ди щэкIуэкIэ хъуарат. Языныкъуэхэр къытщыдыхьэшхырт: «Унагъуэхьэ я гъусэу хэт щакIуэ кIуэр?», «Сыт фи щакIуэ фэ?» - жаIэурэ. 
Ауэ дэ бэIутIэIуншэу дыкъызэрекIуэлIэжам лIыгъэ къытхилъхьэжати, ди нэр мыупIэрапIэу, ди хъыбарыр дгъэщIэращIэурэ яжетIэжырт ди ныбжьэгъухэм…
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: