НОБЭ

Накъыгъэм и 5, гъубж
Ныкъуэдыкъуэхэм я хуитыныгъэхэм щIэбэныным и дунейпсо махуэщ 
1920 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Мэсей Аслъэнджэрий. 
1922 гъэм къалъхуащ I960 - I975 гъэхэм КъБАССР-м и прокурору лэжьа, юстицэмкIэ къэрал чэнджэщакIуэу щыта, юридическэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, генерал-майор Ансокъуэ Мухьэрбий.
1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Ленин гъуэгу» («Адыгэ псалъэ») газетым жэуап зыхь и секретару илъэс куэдкIэ щыта Апажэ Назир. 
1930 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къардэн Iэбубэ. 
1938 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ дохутыр Бахъсэн Хьэмэдэ. 
1943 гъэм къалъхуащ усакIуэ, ЩIДАА-м и академикыу щыта, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн. 
1944 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Джырандокъуэ Верэ.
1948 гъэм къалъхуащ Адыгейм и цIыхубэ сурэтыщI ПэтIуащIэ Феликс. 
1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЛIыс Мухьэмэд. 
1952 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къалмыкъ Кларэ. 
1953 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Хьэмыку Жаннэ. 
1967 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мысост Вадим. 
Дунейм и щытыкIэнур 
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус II - I3, жэщым градуси 8 - 9 щыхъунущ. 
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ГъунэгъуфI къуэшыфI палъэщ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

15.05.2026 - 09:52 НОБЭ
14.05.2026 - 09:03 НОБЭ
13.05.2026 - 13:33 НОБЭ
12.05.2026 - 11:14 НОБЭ