ПэхуэщIэ ехьэжьахэр ягъэлъагъуэСтаврополь щIыналъэм и Минводы къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа «Кавказ инвестицэ форум-2026» зэхуэсышхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм щагъэлъэгъуащ республикэм и турист зэфIэкIхэр, къызэхуэсахэр щагъэгъуэзащ IэнатIэм зегъэужьынымкIэ ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм, хьэрычэт щIэн Iуэхум къыхыхьэ щIалэгъуалэм ират дэIэпыкъуныгъэхэм, нэгъуэщIхэми. Псалъэм къыдэкIуэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и стендым щагъэлъэгъуащ Налшык курортым зегъэужьыным хуэунэтIа инвестицэ пэхуэщIи 3-м я макетхэр. Апхуэдэуи, утыку къыщрахьащ щIыналъэм и мэкъумэш-промышленнэ комплексым инвестицэ къызыхэпшэ хъуну и унэтIыныгъэхэри.
Зэхуэсым и япэ махуэр хьэрычэт щIэн Iуэхум хэт щIалэгъуалэм хухахауэ щытащ. «СтIол хъурейхэм», зэIущIэ щхьэхуэхэм щытепсэлъыхьащ иджырей экономикэм зыужьыныгъэмкIэ и институтхэм я мыхьэнэмрэ яIэ зэфIэкIхэмрэ, макъамэр индустрием хуэгъэкIуэнымкIэ, кинопроизводствэм Кавказым зыщегъэужьынымкIэ щыIэ Iэмалхэм, щIыналъэхэр зэдэлэжьэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм, нэгъуэщIхэми.
Инвестицэ пэхуэщIэхэм я гугъу щищIым, КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис жиIащ Налшык къалэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къызэрыпэщылъыр. Къапщтэмэ, республикэм и къалащхьэм щаухуэнущ унэтIыныгъэ куэдым хуэгъэпса, илъэс хъурейкIэ лэжьэну курорт ехьэжьар. Инвестицэ ахъшэу псори зэхэту абы къыхашэнум и куэдагъыр сом мелард 263,5-рэ хъунущ. Абы ехьэлIа зэгурыIуэныгъэм Iэ щIадзащ мэлыжьыхьым и 29-м.
Псори зэхэту гектар 232-рэ зыубыдыну пэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, щIыналъэм и курорт IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр игъуэтынущ. Совет Союзым и зэманым яухуауэ щыта языныкъуэ санаторэхэм я пIэкIэ иджырей теплъэ зиIэ ухуэныгъэхэр ящIынущ.
КурортыщIэм хыхьэнущ вагъуиплI-тху зиIэну хьэщIэщ комплексхэр, СПА-отелхэр, псы хущхъуэ комплексхэр, къалэдэсхэм зыщагъэпскIыну щIыпIэхэр.
Гулъытэ хэха иратынущ этнопаркым, хьэщIагъэмкIэ щэнхабзэ центрым, спорт утыкухэмрэ турист лъагъуэхэмрэ. Налшыкдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ папщIэ унагъуэ нэгузыужьыпIэ парк яухуэнущ.
Абыхэм нэмыщI, туризм IэнатIэм пыщIауэ зэгурыIуэныгъиплIым Iэ щIадзащ. Псалъэм папщIэ, вагъуитху зезыхьэ хьэщIэщ, илъэс хъурейкIэ лажьэну санаторэ-узыншагъэр щызэтрагъэувэж комплекс ухуэным, Налшык и водогрязелечебницэр къэгъэщIэрэщIэжыным хуэунэтIахэм.
КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм зэрыщыжаIамкIэ, иджырей курорт инфраструктурэр лажьэу ирагъажьэу щытмэ, лэжьыгъэ IэнатIэщIэу мин 12-м нэблагъэ республикэм къыщызэIуахыфынущ.
КъищынэмыщIауэ, мыгъэрей Кавказ инвестицэ зэхуэсым Къэбэрдей-Балъкъэрым пэхуэщIэу 14 щигъэлъэгъуащ. Абыхэм къызэщIаубыдэ мэкъумэшым, туризмэмрэ хьэщIагъэмрэ, промышленностым, ухуэныгъэм, бжыгъэ технологием я IэнатIэхэр.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2026 - 11:34 →
КъБР-м щыIэ МВД-м къет
16.05.2026 - 12:26 →
ЗэпыщIэныгъэхэр Къэзан щагъэбыдэ
16.05.2026 - 10:00 →
Терроризмэм щэнхабзэр и бийщ
15.05.2026 - 17:26 →
Адыгэм и хьэщIэр быдапIэ исщ
15.05.2026 - 11:58 →
IэнатIэм зрагъэужь
| ||




