КIуэ пэтми хохъуэКъэбэрдей-Балъкъэрым цIыхухэм пщIэ зыщIат Iуэхутхьэбзэхэм щIэупщIэу щаIэм хэхъуэ зэпытщ. Абы и щхьэусыгъуэр къэралым нобэ щыщыIэ экономикэ, социальнэ, технологие, демографие щытыкIэхэрщ. ЖыпIэнурамэ, цIыхухэм ипэжыпIэкIэ къаIэрыхьэ хэхъуэр нэхъыбэ хъуащ, цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэзыщIэ IэнатIэхэм заужь, бжыгъэ лъабжьэ зиIэ технологиехэр лэжьыгъэм къыхашэ, щэхуакIуэхэми зыхэплъэнрэ къызыхахынрэ нэхъыбэ яIэ хъуащ.
Къыхэдгъэщынщи, пщIэ зыщIат Iуэхутхьэбзэхэм ящыщщ псэупIэм, транспортым, пощтым, зыхуейхэр цIыхухэм яхуэшэныр, телекоммуникацэ, узыншагъэр хъумэным, псэущхьэхэм якIэлъыплыным, егъэджэныгъэм, спортым, туризмэм, щэнхабзэм, хьэщIэщ, нэгъуэщIхэми епхахэр.
ЦIыху мин 905-рэ щыпсэу Къэбэрдей-Балъкъэрым пщIэ зыщIат Iуэхутхьэбзэу 2026 гъэм и щIышылэм – гъатхэпэм къриубыдэу сом мелард 22,3-рэ и уасэ щалэжьащ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ (иджыпсту къекIуэкI уасэхэм ятещIыхьауэ) проценти 103,9-кIэ нэхъыбэщ ар. Унагъуэхэм щалэжьа Iуэхутхьэбзэхэм сом меларди 4 къапэкIуащ е 2025 гъэм и щIышылэм – гъатхэпэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 112,5-кIэ нэхъыбэ.
КъищынэмыщIауэ, къапщытэж пIалъэм къриубыдэу республикэм пщIэ зыщIат Iуэхутхьэбзэу щалэжьам и процент 69,2-р хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ яйщ, процент 30,8-р – нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм яхуозэ.
Жылагъуэ транспортым къыхагъахъуэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм унафэ къищтащ зы бюджетым къыхэкIыу нэгъуэщI бюджетым ягъакIуэ мылъкум щыщ ахъшэ Налшык къалэ округым 2026 гъэм хуаутIыпщыну, жылагъуэ транспорт IэнатIэр кърагъэщIэрэщIэжын папщIэ.
Ахъшэр псори зэхэту сом мелуани 141,7-рэ хъунущ, абы щыщу сом мелуан 84,2-р УФ-м и къэрал бюджетым субсидиеу къыхэкIынущ, сом мелуан 57,4-р – КъБР-м и мылъкущ.
Iуэхугъуэхэр ягъэзащIэ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Жылагъуэ транспортым зегъэужьын» щIыналъэ проектым ипкъ иткIэ.
КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерсвтэм зэрыщыжаIамкIэ, Налшык къалэм и уэрамхэм къыдыхьэну, иджырей экологие мардэхэм хуэкIуэ автобусыщIэхэм я фIыгъэкIэ, цIыхухэм я шынагъуэншагъэри тыншыпIэри къызэгъэпэща, дызэрыбауэ хьэуари нэхъ къабзэ хъунущ.
Ди хэлъхьэныгъэхэр
Урысей Федерацэм и Правительствэм епхауэ лажьэ ЗэзыгъэуIу центрым щагъэпажащ «Ди хэлъхьэныгъэ» Лъэпкъ саугъэтым щытекIуахэр. Къэралым и IуэхущIапIэ зэхуэмыдэу 362-м абы щыхуагъэфэщащ «Урысейм и лъэпкъ пэхуэщIэхэм я лэжьэгъухэр» дамыгъэхэр. ГуфIэгъуэ пшыхьым хэтащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александр, къэрал министерствэхэм, ведомствэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, нэгъуэщIхэри.
«Ди хэлъхьэныгъэ» Лъэпкъ саугъэтымкIэ УФ-м япэу щагъэпажащ лъэпкъ пэхуэщIэхэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэмрэ плъапIэхэмрэ гъэзэщIэным я гуащIэ хэзылъхьа хьэрычэтыщIэхэмрэ фейдэ къегъэщIыныр зи лэжьыгъэр хуэмыгъэпса IуэхущIапIэхэмрэ.
Лъэпкъ саугъэтым щыщIэбэныну зэхьэзэхуэм хэтыну къэралым и щIыналъэ куэдым я IуэхущIапIэхэм къабгъэдэкI лъэIуу 792-рэ къагъэхьауэ щытащ. КъэпщытакIуэ комиссэм къэралым и бизнес-компаниеу, фейдэ къегъэщIыным зи лэжьыгъэр хуэмыщIа IуэхущIапIэу 362-м я пэхуэщIэу 644-рэ къыхихат. Абыхэм я лэжьыгъэр нэхъыбэу зыхуэунэтIар социальнэ, псапащIэ хуэIухуэщIэхэрщ икIи я лэжьыгъэхэр хуокIуэ къэрал пэхуэщIэхэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэмрэ плъапIэхэмрэ.
Социальнэ пэхуэщIэу Лъэпкъ саугъэтым хэтам и Iыхьэ щанэм щIигъур Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм яйщ. ЖыпIэнурамэ, Ставрополь щIыналъэм жэрдэму 142-рэ, Дагъыстэным – 126-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым – 125-рэ, Къэрэшей-Шэрджэсым – 118-рэ, Осетие Ищхъэрэ – Аланием и 116-рэ, Ингушым – 115-рэ къагъэлъэгъуащ.
2021 гъэм къыщыщIэдзауэ Лъэпкъ саугъэтым щIэбэн IуэхущIапIэхэмрэ кIэух зэхьэзэхуэм хэгъэхьэ пэхуэщIэхэмрэ я бжыгъэм хуэди 4-кIэ хэхъуащ.
Социальнэ мыхьэнэ зиIэ лъэпкъ пэхуэщIэхэм ящыщу щIэупщIэ нэхъыбэу зиIэр «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ», «Унагъуэ», «Экологиер егъэфIэкIуэн» пэхуэщIэхэмрэ «Урысейм и спорт» къэрал программэмрэ къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэрщ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2026 - 11:34 →
КъБР-м щыIэ МВД-м къет
16.05.2026 - 12:26 →
ЗэпыщIэныгъэхэр Къэзан щагъэбыдэ
16.05.2026 - 10:00 →
Терроризмэм щэнхабзэр и бийщ
15.05.2026 - 17:26 →
Адыгэм и хьэщIэр быдапIэ исщ
15.05.2026 - 11:58 →
IэнатIэм зрагъэужь
| ||




