Шэджэм къалэм и парк зэпэщ

Шэджэм къалэм иджыпсту щагъэзащIэ «Зэкъуэтыныгъэм и Парк» фIэщыгъэр зезыхьэ пэхуэщIэ иныр. Ар стадионымрэ Шэджэм псы Iуфэмрэ япэгъунэхъуу щащI. НобэкIэ лъэс лъагъуэхэмрэ лъэкъуэрыгъажэкIэ къыщажыхьыну гъуэгухэмрэ, спорт утыкухэмрэ цIыхухэм зыщагъэпсэхуну щIыпIэхэмрэ хьэзыр хъуащ. 
Иджыпсту лэжьакIуэхэр парк ихьэпIэм йолэжь, къэухьхэр къралэкI, сабий джэгупIэхэр ягъэув. ПэхуэщIэр ягъэзащIэ «Къалэ цIыкIухэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ къуажэ щIыпIэхэмрэ» урысейпсо зэхьэзэхуэмрэ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ проектымрэ япкъ иткIэ. 
«Зэкъуэтыныгъэм и Парк» зэпэщыр къызэIуахынущ мы гъэмахуэм ирихьэлIэу. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ къэралым илъэс къэс щрагъэкIуэкI урысейпсо зэхьэзэхуэм Шэджэм къалэр плIэнейрэ щытекIуащ икIи, абы и фIыгъэкIэ, фIы и лъэныкъуэкIэ зихъуэж зэпытщ. 
 
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
 «Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал, «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэхэм япкъ иткIэ Налшык къалэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIащ2025 гъэм. Абыхэм хиубыдащ аллеу плIы зыхэт «ТекIуэныгъэм и парк» комплексыр.
Япэм щыгъуэ мы щIыпIэр пхыдзауэ, къуацэчыцэхэмкIэ зэщIэкIэжауэ, ущызекIуэнуи мышынагъуэншэу щытащ, Налшык къалэм и псы ежэхым зэрыпэгъунэгъум щхьэкIи къэмынэу. Иджы, абы теплъэ дахэ иратащ, къалэдэсхэми нэгузыужьыпIэ, зыгъэпсэхупIэ бэлыхь яхуэхъуащ.
«ТекIуэныгъэм и паркым» ихъуреягъкIэ иджырей уэздыгъэхэр щыпадзащ, лъэс лъагъуэхэм хьэфэм къыхэщIыкIа плиткэхэр иралъхьащ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзапIэхэмрэ щагъэуващ. Псом хуэмыдэу егугъуащ къэкIыгъэ щхъуантIэхэр куэду абы щыхэсэным, нэхъыбэуи, щагъэтIысар Урысейм и дамыгъэу щыт пхъэхуей жыгырщ.
 
ЕджапIэхэр къагъэщIэрэщIэж
«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ», «Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэхэм япкъ иткIэ 2026 гъэм Тэрч щIыналъэм и курыт еджапIэхэм ящыщу 4-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ. Ахэр Тамбовскэ, Новая Балкария къуажэхэм щыIэхэрщ, Тэрч къалэм и курыт еджапIэ №4-мрэ школ №3-м епхауэ лажьэ «Мадинэ» сабий садымрэщ. 
Лэжьыгъэхэр щIыпIэ псоми щызэхаублащ икIи абы хыхьэу унащхьэхэр, бжэ-щхьэгубжэхэр, псы къабзэ, хуабэ зэрыкIуэ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр, ток кIапсэхэр зэрахъуэкIынущ, унэ IуплъапIэхэр, пэш кIуэцIхэр, дэкIуеипIэхэр зыхуей хуагъэзэнущ, нэгъуэщI зэIузэпэщыныгъэ Iуэхугъуэхэри щрагъэкIуэкIынущ.
Гъатхэпэм и иужьрей махуэхэм щегъэжьауэ Тэрч къалэм и курыт еджапIэ №4-м лэжьыгъэм щоужьэрэкI. ПэхуэщIэр гъэзэщIэным хуэунэтIауэ къэрал бюджетым сом мелуан 87-рэ къыхэкIынущ. Мы школым мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыту жыпIэмэ, ар здэщытыр къалэкIэрщ икIи мыбы фIэкIа социальнэ инфраструктурэм хыхьэ нэгъуэщI ухуэныгъэхэр абдеж щыIэкъым.
ЩЭУЕЙ Былэ.
Поделиться: