А цIэр зэрехьэ адыгэ лIакъуэхэм ящыщ зым. Бзэхэр зыдж щIэныгъэлIхэми зэрыжаIэу, еджэрыкъуейхэм къагъэщхьэпэр кIэмыргуей диалектым (псэлъэкIэм) и къудамэщ.
IуэрыIуатэм зэрытригъащIэмкIэ, лIакъуэм фIащар абы зэгуэр къыдэгъуэгурыкIуа Еджэрыкъуэ лIы цIэрыIуэм и цIэм къытепщIыкIащ.
Лъахэхутэхэм къызэрахутамкIэ, еджэрыкъуейхэр, 1849 гъэр къихьэху, ди зэманми къызэрыщIидзыжам ещхьу, Лабэ псым и сэмэгурабгъумкIэ Iусыгъащ, Урыс-Кавказ зауэм и къызэщIэплъэгъуэм къухьэпIэмкIэ щежэх Щхьэгуащэ псышхуэм и адрыщIымкIэ къыщыхута пэтми.
Иджырей Мейкъуапэ къалэм ищхьэкIэ щыIэ къуэладжэхэм язым дежт абазэхэхэм, еджэрыкъуейхэм, мамхэгъхэм я щIы кIапэхэр щызэпыхьэр. Абазэхэхэм я хасэ зэхуэсыпIэу яIахэм язри абы и гъунэгъут. Тхыдэджхэм зэратхыжымкIэ, мы зэманым зи цIэр куэдрэ зэхэтх Еджэрыкъуей къуажэм, илъэси 160-кIэ дызэIэбэкIыжмэ, и хэщIапIэт иджырей Мейкъуапэ районым и къуажащхьэу къалъытэ Тульскэ урыс жылэр здитIысхьа щIыпIэр.
Зэман блэкIахэм къызэрагъэлъэгъуэжымкIи, абдежым къыщыщIэдзауэ къуэкIыпIэмкIэ, Лабэ псышхуэм нэсыху, зыкъыщызэкъуэзых тафэм, хэукъуэдиикIауэ, еджэрыкъуейхэр исыгъащ, 1849 гъэр къихьэху.
Кавказ зауэжьым и тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, еджэрыкъуейхэр япэщIыкIэ хущIэкъуащ гъунэгъу закъыхуэзыщI урыс къутырхэмрэ къуажэщIэхэмрэ зэрызыдрагъэкIуным, мамыру зэрахущытыным. АрщхьэкIэ, пащтыхьым и дзэпщхэр, лейзехьэти, къахуэпхъашэт.
Къэтхьынщ зы щапхъэ. XIX лIэщIыгъуэм адыгэхэм яхэса бгырыс ермэлыхэм I838 гъэм генерал Засс (фон Зейсс) деж лIыкIуэхэр ягъэкIуат, «кIэмыргуейхэмрэ еджэрыкъуейхэмрэ дызэрыдакъузэм къыхэкIыу фыкъытщхьэщыж», жаIэу лъаIуэхэу.
Дзэпщым ар щхьэусыгъуэ хуэхъущ, и зауэлIхэр зэкъуигъэувэри, Псыжь къызэпришащ, а лъэхъэнэм и Iуэху лъэпкъ зыхэмылъа адыгэщIым къихьэу. ИкIи, гъуэгум зыщрихьэлIэ адыгэ къуажэхэр щызэтригъасхьэурэ, закъыхуэзыгъэза ермэлыхэр щызэщIикъуэщ, иришажьэри, иджырей Армавир къалэр здэщыт щIыпIэм деж иригъэтIысхьащ.
А Iуэхуми абы къыкIэлъыкIуа залымыгъэ мыухыжхэми еджэрыкъуейхэр ирахулIащ Iэщэ къащтэным. ИкIи, тхыдэтххэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, абыхэм ар ягъэтIылъакъым Урыс-Кавказ зауэр и кIэм нэблэгъэху.
Тхыдэджхэм куэду яхэтщ кIэмыргуейхэмрэ еджэрыкъуейхэмрэ зэгуэр зы лIакъуэу щытауэ зыгъэувхэр, лъэныкъуитIри, зэпыщIа щIыкIэу, адыгэпщ Болэтокъуэхэ я IэмыщIэ зэрилъам къыхэкIыу. АрщхьэкIэ, итIани, языныкъуэ лъахэхутэхэм зэрытрагъащIэмкIэ, еджэрыкъуейхэр лIакъуэ щхьэхуэщ, я псэлъэкIэмкIи, я зэхэтыкIэмкIи, гъунэгъухэм зэрахущытымкIи кIэмыргуейхэм къащхьэщокIри.
Кавказым къина еджэрыкъуейхэм, абазэхэхэми натхъуэджхэми яхуэдэу, Хэкужьым къыщызэрагъэпэщыжыфар зы къуажэ закъуэщ. Ар Адыгэ Республикэм и Куэшхьэблэ районым итщ, ди тхыгъэр зытедухуа лIакъуэм и цIэр зэрихьэу. Абы мы зэманым цIыху мини 3,7-м нэблагъэ дэсщи, я гъунэгъухэм зэрыжаIэмкIэ, щыпсэухэр зэрызэкъуэтым, зы унагъуэм исхэм хуэдэу зэрызэхущытым гу лъумытэныр Iэмал зимыIэщ.