Ухуэмыхукъэ - улъагъугъуейщ

Къэбэрдей литературэм гушыIэмрэ ауанымрэ я лъабжьэр щызыгъэтIылъа тхакIуэ нэхъыжьхэм ящыщщ 1921 гъэм накъыгъэм и 15-м Бахъсэн районым хыхьэ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм къыщалъхуа Дудар Хьэутий. ТхакIуэу икIи журналист Iэзэу къыщIэкIа щIалэр 1944 гъэм радиокомитетым щылэжьэну ирагъэблагъэри, Налшык «ХъыбарыщIэхэр» къудамэм и редакторуи, иужькIэ редактор нэхъыщхьэм и къалэнхэр игъэзащIэуи 1947 гъэ пщIондэ лэжьат. 1947 - 1949 гъэхэм «Къэбэрдей пэж» (иужькIэ «Ленин гъуэгу», иджы «Адыгэ псалъэ») газетым и корреспондентуи ар щытащ. ТхакIуэр къыщалъхуа махуэм абы и фэеплъу зы тхыгъэ кIэщI фи пащхьэ къыдохьэ. 

Лъагъугъуей

Зы щIалэ дэгъуэ гуэр псэурт. Дэгъуэ пэтми, абы псори къызэреджэр «Лъагъугъуейт!» ЩIалэр зэгуэудыным нэсат. Абы зы пщэдджыжь гуэрым мурад быдэ ищIащ: «Дыгъэ къуэкIыпIэм щыщIэдзауэ дыгъэ къухьэпIэм нэс ныбафэкIэ сыпщами, сэ псори «ЛъагъугъуейкIэ» къыщIызэджэр къэзмыщIауэ сыкъекIуэлIэжынкъым!» - жиIэри.
Лъагъугъуей щIэкIри Дыгъэ къыкъуэкIагъащIэм худэгуоуеящ:
- Си нэм хуэдэ Дыгъэ дыщэ! Зи дыгъэпсым гъащIэр дэщIэращIэ! Сыт псори сэ «ЛъагъугъуейкIэ» къыщIызэджэр? - жиIэри.
- Си къухьэгъуэм зыкъребгъэхьэлIэфмэ, жэуап тэмэм уэстыжыну укъызогъэгугъэ,- жи Дыгъэм, щIылъэм къогуоуэхри - Ауэ иджыпстукIэ сыжейбащхъуэщи, къысхуэгубзыгъыжыр зы закъуэщ: уэ си нурым ухисхьэн уи гугъэу зыкъызэрысщыбдзейм щхьэкIэ, цIыхухэм ауанышхуэ укъызэращIым сыщыгъуазэщ. Аращ зэкIэ сэ жэуапу уэстыфынур. АдэкIэ Уафэм еупщI.
- Ееей, Уафэ къащхъуэ! Уафэ къащхъуэ! - Лъагъугъуей Уафэм догуоуей - Уэ си Iуэхум сыт хэпщIыкIрэ?
- Хьэ-хьэ-хьэхь! - къыщодыхьэшх абы Уафэр. - УщIэсIубэн уи гугъэу укъызэрысщышынэм Iэджэ щIауэ сыщыгъуазэщ. Абы щхьэкIэ, цIыхухэр дэнэ къэна, уэгум ит къуалэбзур къыпщодыхьэшх. АдэкIэ ЩIылъэ щхъуантIэм сыт къыбжиIэфыну пIэрэ?
- Ееей, ЩIылъэ щхъуантIэ, ЩIылъэ щхъуантIэ! - Лъагъугъуей ЩIылъэ щхъуантIэм йолъэIу. - КхъыIэ, си гуныкъуэгъуэм хэпщIыкIIамэ къызжеIэ.
- Сэ узэрысцIыхурэ укъыспхрыхун уи гугъэжу уогужьей, - жи ЩIылъэ щхъуантIэм. - Абы щхьэкIэ дуней къытехьэ уимыIэу унэ жьауэм ущIэсщ. Ар ящIэри, уэгум ит къуалэбзур дэнэ къэна, мэзым щIэт хьэкIэкхъуэкIэхэр къыпхуодзэлашхэ. АдэкIэ сэ зэзэмызэ сыщIэзыуфэ Пшагъуэм сыт къыбжиIэфыну пIэрэ?
- Ееей, Пшагъуэ фIыцIэжь! Пшагъуэ фIыцIэжьу шынагъуэ! - Лъагъугъуей Пшагъуэм йоупщI - Сэ сызищIалэ дэгъуагъ псори «ЛъагъугъуейкIэ» щхьэ къызэджэрэ?
- Уэ апхуэдизкIэ сэ укъысщошынэри, дунейм сыкъызэрытехьэу, уи псэр хьэршым докIуеиж, - жи Пшагъуэм, - укъысхэгъуэщыхьу укIуэдыпэну къыпщохьуж. Ар лIыгъэ-тIэ? Абы щхьэкIэ, мэзым щIэт хьэкIэкхъуэкIэхэр дэнэ къэна, бадзэхэр къыпщодыхьэшх. АдэкIэ Уэшхым уеупщIым, зыгуэр къыбжи¬Iэфыну къысщохъу.
- Ееей, Уэшх! Уэшх!- жи Лъагъугъуей. - Си гур къэзыгъачэ гуауэм уэ сыткIэ ущыгъуазэ?
- Сэ уэ фошыгъум хуэдэу узгъэткIун уи гугъэжу укъысфIолIыкI, - жэуап къетыж Уэшхым. - Сэ сыкъыщешхкIэ, псынщIэу унэм зыщIодзэж. ЕмыкIукъэ ар? Мис, абы щыгъуазэщи, бадзэхэр дэнэ къэна, гъудэхэм ураауанщ. АдэкIэ Уэсым къыбжиIэм едаIуэ!
- Ееей, Уэс! Уэс къесагъащIэу хужь! Мы цIэ угъурсызыр сэ щхьэ къысфIащынкIэ хъуа? - Лъагъугъуей Уэсым йоупщI. - Ар къыщIыпфIаща щхьэусыгъуэм псоми сэ сыщыгъуазэкъым, - жеIэ Уэсым. - Ауэ сэри зыгуэркIэ абы сызэрыхэпщIар сощIэж. СызэрыхэпщIари мыращ: сэ сыкъыщескIэ, узыщIэзгъащтхьэу усIэщIэукIэну фIэкIа уи гугъэкъым. Абы щхьэкIэ, гъудэхэр дэнэ къэна, дзыгъуэжь цIыкIухэм я лъыр къыпхуоплъ. АдэкIэ мо къыкъуэуа Жьапщэм къыбжиIэм едаIуэт!
- Ееей, Жьапщэ! Жьапщэ! - Лъагъугъуей Жьапщэм йоджэ - ПыIэ щхьэрыхыу сынолъэIу, си Iуэхум хэпщIыкIIамэ къысщумыбзыщI! - Хьэ-хьэ-хьэхь!- Жьапщэр абы къыщодыхьэшх. - ТхьэмыщкIэжь мыгъуэ! Унэм ущIэсурэ ущIэгъуэтыхьащ. Моуэ дунейм тIэкIу укъытехьэу сызыщIэбгъапщэмэ сыт ягъэ кIырэ? Уесхьэжьэу мы щIы хъурейм утесхыжын къыпфIэщIу щхьэ укъысфIэлIыкIрэ? Абы щхьэкIэ дзыгъуэжь цIыкIухэр дэнэ къэна, хъумпIэцIэджхэр къызэрыпхузэгуэпыр пщIэжу узиIэ! Абы нэхъ жэуап тэмэм уэ спыпхыфынукъым. Иджы, уэ лIыгъэ уиIэмэ, мо зи къухьэгъуэ хъуа Дыгъэр зыIэщIумыгъэкIыу зэ еупщIыж: пщIэжрэ нышэдибэ абы укъызэригъэгугъауэ щытар?
Лъагъугъуей гужьеяуэ Дыгъэм йогуо:
- Ееей, си псэм хуэдэ Дыгъэ дыщэ! Зи дыгъэпсым гъащIэр дэщIэращIэ! Мис, иджы уи къухьэгъуэм зыкърезгъэхьэлIащ. Жэуап нэс къызэптыну пыIэщхьэрыхкIэ сынолъэIу: сыт сэ сызищIалэ дэгъуагъ, сызищIалэ дахагъ псори «ЛъагъугъуейкIэ» къыщIызэджэр?
- Мис, иджы си жейбащхьуэри сщхьэщыужащ, си махуэ гъуэгуанэри къесхьэлIащи, гупсэхуу жэуап уэстыфынущ, - жи Дыгъэм, и иужьрей дыгъэпсыр щIылъэм къытридзэжурэ. - Пэжщ, уэ ущIалэ дэгъуэщ, ущIалэ дахэщ! Ауэ теплъэкIэ удахэ къудейр зыми и пэрмэнкъым. ЦIыху дахэкIэ узэджэнур гукIэ, хьэл-щэн дахэкIэ, лэжьэкIэ екIукIэ дунейм тетыфращ. Уэ а псоми гу лъумытэу е лъыптэну ухуэмейуэ хуэмыхугъэм зыдебгъэхьэхащ. Ухуэмыхукъэ - улъагъугъуейщ. Аращ уэ псори «ЛъагъугъуейкIэ» къыщIоджэр. АдэкIэ уэ егупсысыж. ПщIэнуми ухуитыжщ.
Ар жиIэри Дыгъэр къухьэжащ.
- Ееей, си Дыгъэ дыщэ! - кIэлъыгуоуащ Лъагъугъуей Дыгъэм - Пщэдей уи къыкъуэкIыгъуэ хъухукIэ си дуней тетыкIэм зезгъэхъуэжыну укъызогъэгугъэ! Лъагъугъуей и псалъэр игъэпэжауэ жаIэж. Абы и ужькIэ псори абы «ЩIалэ лъагъугъуафIэкIэ» къеджэ хъужауэ, дунейм куэдрэ тетыжауи яIуэтэж.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: