Фэеплъым и джэрпэджэж макъхэр![]() Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым «Хэку зауэшхуэмрэ лъэпкъ тхыдэмрэ» зи фIэщыгъэ дунейпсо тхыгъэ зэпеуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ. Iуэхугъуэ щхьэпэм цIыху 300-м щIигъу къекIуэлIащ. Абы хэтащ КъБР-м курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэхэм щеджэ ныбжьыщIэхэр, КъБКъУ-м и студентхэр, щIыналъэ колледжхэмрэ лицейхэмрэ я гъэсэнхэр. Апхуэдэу тхыгъэ зэпеуэм хэтащ КъБКъУ-м ЦIыхухэм дунейпсо щIэныгъэ етынымкIэ и еджапIэ нэхъыщхьэм Туркменистаным щыщу щIэс студентхэр. Зэпеуэр къызэгъэпэщынымкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьар езы еджапIэращ, ар егъэкIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуар «Хэкупсэ» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэрщ. Зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэр зытеухуар къыдэкIуэтей щIалэгъуалэм Хэку зауэшхуэм ехьэлIауэ яIэ щIэныгъэр къэгъэщIэрэщIэжынырт, совет цIыхубэм зэрихьа лIыгъэм хуэфащэ пщIэ ирегъэтынырт, ныбжьыщIэхэм я хэкупсэ зэхэщIыкIыр къызэщIэгъэушэнырт, лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэнырт. ЩIалэгъуалэр гуапэу езыгъэблэгъа, КъБКъУ-м цIыхухэм я хуитыныгъэмкIэ, экономикэмрэ финанс хуэIухуэщIэхэмкIэ и институтым къэралымрэ цIыхум и хуитыныгъэмкIэ теориемрэ тхыдэмрэ я кафедрэм и доцент, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Дым Елдар зэрыжиIамкIэ, зэпеуэр 2021 гъэ лъандэрэ еджапIэм щрагъэкIуэкI, мы гъэм еханэу. Ар нэхъапэкIэ зэхэтахэм къащхьэщокI: ныбжьыщIэхэр иджыри къыздэсым пэIудзауэ зэхыхьэу щытамэ, дяпэкIэ зэхуэсынущ, зэхэту я гупсысэхэр лэжьыгъэм къыщагъэлъэгъуэнущ. – КъызэгъэпэщакIуэхэр зыбжанэрэ егупсысащ Iуэхур къызэрыхалъхьэну щIыкIэм. Дауи, пэIудзауэ екIуэкI Iуэхугъуэм фIагъ зыбжанэ хэлъщ – лэжьыгъэм пэрыувэнум зэман иIэщ, псалъэхэр къыхэхыным, гупсысэр зэгъэуIуным, текстым и зэкIэлъыкIуэкIэ хъунур гъэпсыным теухуауэ. Ар щIиджыкIыжыну, зэригъэзэхуэжыну, иджыри зэ къытригъэзэжу и купщIэм хуэныкъуэу къилъытэр хилъхьэжыну Iэмали егъуэт. Ауэ дэри дыхуейт лэжьыгъэр къызэрыунэху щIыкIэм дыкIэлъыплъыну, ныбжьыщIэхэм я пащхьэ къралъхьа къалэным и зэфIэхыкIэ хъунур къызэрагъуэт щIыкIэм зыщыдгъэгъуэзэну. Арыххэуи, къызэгъэпэщакIуэхэм жэрдэмым и зэблэгъэкIыкIэ хъунур куэдкIэ ягъэпсынщIащ: езы щIалэгъуалэр къызэхуосри, щIыпIэм деж эссе жанрым иту тхыгъэр щызэрагъэпэщ. Сыт абы фIыуэ хэлъыр? Япэрауэ, курыт щIэныгъэ зэзыгъэгъуэт ныбжьыщIэр и къарум щыгугъын, бгъэдэлъ есэныгъэхэр къигъэIэгъуэн хуей мэхъу. ЕтIуанэрауэ, ныбжьыщIэм тхыгъэр зригъэзэгъэну жанрым егупсысын, а жанрым къитIэсэну гупсысэм и зэпэщыкIэмрэ ар къэIуэта зэрыхъуну псалъэхэм я куэдагъымрэ къыхихын хуейуэ щытыкIэ йоувэ, зыкъипщытэжу, зигъэунэхужу. Ещанэрауэ, зыхэт Iуэхугъуэм хешэ, утыку итыкIэмрэ цIыху зэхущытыкIэхэмрэ хуигъасэу. Апхуэдизыр зэхэплъхьэжмэ, зыхуэдгъэувыж къалэнри зэщIа мэхъу: къэтIэта Iуэхугъуэр зытеухуар Хэку зауэшхуэращи, куэдым абы ират мыхьэнэр нэрылъагъу щохъу, абы кърит гузыхэщIэм и гупсысэр гъуэгу захуэ трегъэувэ. Арыххэуи, фэеплъым и джэрпэджэж макъхэр ди нобэми мыкIуасэу мэIу. ЖысIам ипкъ иткIэ, ди зэпеуэм и мыхьэнэр зэрыин дыдэр нэрылъагъуу къысщохъу, – жиIащ Дым Елдар. Тхыгъэм зы сыхьэт хухахащ. Лэжьыгъэм еувэлIахэм къызыхахын яIэт: ахэр тепсэлъыхь хъунут лIыхъужьу къалъытэ я адэшхуэхэм, къаIэт хъунут I94I–I945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ехьэлIа тхыдэ Iуэхугъуэхэр, зэпкърах хъунут иджырей гъащIэмрэ блэкIамрэ зэщхьэщызыгъэкI е гъунэгъу зэхуэзыщI Iуэхугъуэхэр. Дэтхэнэ зыми къепхьэлIэ хъуну гупсысэр мащIэтэкъым. Къыхэгъэщын хуейщ тхыгъэ зэпеуэр КъБР-м и къэралыбзищымкIи – адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ – зэрекIуэкIар. Тыркуменистаным щыщ ныбжьыщIэхэм я тхыгъэхэр тыркумэныбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, урысыбзэкIэ ятх хъунут. КъэпщытакIуэхэм тхыгъэ зэпеуэм кърикIуар мыгувэу хэIущIыIу ящIынущ. ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ гупитIу зэщхьэщагъэкIынущ: курыт еджапIэм щеджэхэмрэ студентхэмрэ. Зэпеуэм хэтахэм псоми щыхьэт тхылъхэр иратыжынущ, нэхъыфIхэр зи IэдакъэщIэкIхэм фIыщIэгуапэ тхылъхэмрэ тыгъэхэмрэ хуагъэфэщэнущ. Зэпеуэм щытекIуахэм я цIэ-унагъуэцIэхэмрэ лэжьыгъэ нэхъыфIхэмрэ КъБКъУ-м и интернет напэкIуэцIым кърагъэувэнущ.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2026 - 11:27 →
ЛъэныкъуитIыр зэгуроIуэ
26.03.2026 - 13:36 →
Хэку тхыдэмкIэ зэпоуэ
10.03.2026 - 16:02 →
ЩIэныгъэм лъагъуэхэр пхрашу
03.03.2026 - 13:16 →
ЩIалэгъуалэм я зэхэщIыкIыр къаIэт
02.03.2026 - 15:43 →
Япэ увыпIэхэр къыхуагъэфэщащ
| ||





