ГъащIэм и «пэж» шынагъуэхэр

ГъущIо Зариф лъэпкъ литературэм зи лъэужь къыхэзына тхакIуэщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр гъащIэм пэджэжу апхуэдэщ: купщ1э хэлъщ, куэдым урагъэгупсыс. Абы и зы щапхъэщ «ГъащIэм и къежьапIэр лъагъуныгъэрщ...» и поэмэр. Филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къэжэр Иннэ «Лъэпкъ балладэмрэ поэмэмрэ яIэ щхьэхуэныгъэхэр» и лэжьыгъэм усакIуэм а тхыгъэр къызэрехъулIар щызэпкърихащ.

«ГъущIо Зариф «ГъащIэм и къежьапIэр лъагъуныгъэрщ…» (1997) и поэмэр, зыпэджэжыр Куржы-Абхъаз зауэращ, ауэ къэхъукъащIэхэр мыбы къызэрыщыгъэлъэгъуар цIыху гъащIэм пхрыкIыурэщ. ГъущIоми усакIуэм и гупсысэхэр къигъэнэIуэну дзыхь зыхуищIыр зи дуней еплъыкIэр зэтеувэу хуежьа щIалэщ.

Куэд къыпхуиIуатэу жыпIэ хъунущ поэмэм хэт лIыхъужь нэхъыщхьэм и цIэ-унэцIэми – ЗекIуэлIхэ я къуэ Къан. Тхыгъэм и щIэдзапIэм абы нэхъ игъэпэжу къыпщыхъур и цIэращ, и кIэм щынэсым, и унэцIэм хуэфащэ хьэл-щэныр къещтэ. Адыгэбзэм «къан» псалъэм мыхьэнищ иIэу къыщокIуэ («адыгэ хабзэм ипкъ иткIэ пщы, уэркъ сыт хуэдэхэм къахэкIауэ гъэсакIуэм (атэлыкъым) деж къыщыхъу сабий (нэхъыбэу щIалэ цIыкIущ)»; «пщIэшхуэ зыхуащI, фIыуэ ялъагъу»; «яукIам и лъым пэкIуэу ят цIыху». Мис а мыхьэнэхэм я жьауэм щIэхъукIа теплъэу къыпщохъу ГъущIом дигъэцIыху щIалэри:

         ЗекIуэлIхэ я къуэ Къан дэ псоми дэщхьт.

         ЗыгуэркIэ ари цIыхухэм къытщхьэщыкIти,

         И гъащIэр мыхьыр ихьу ирихьэкIт,

         И напэм тIэкIу куэдыIуэрэ фIэлIыкIти…

Ауэ поэмэм и сюжетым зиужьыху, IупщI хъууэ хуожьэ «Къан» цIэр иджырей дунейм хэмызагъэ гуэрым и дамыгъэу зэрыщытыр. Зи гур къабзэ щIалэм фIыуэ илъэгъуа пщащэр къыхуэмыпэжу къыщIокI, щхьэгъусэу къишари абы куэдкIэ къыщхьэщыкIыркъым. Къан пщIантIэм и щхьэр дехри, зауэм макIуэ. Куэд къыпхуеIуатэ хьэл-щэн зэтеубыда зиIэ Къанрэ зауэм и хабзэ ткIийхэмрэ и япэ зэжьэхэуэгъуэм. Мыбдежым Къан щызыхищIа шынагъэмрэ и цIэм къиIуатэ мыхьэнэмрэ я зэхущытыкIэ гугъур наIуэ къыщохъу. АдэкIэ гъащIэм щIалэр пхъашагъэми залымыгъэми хуегъасэ («ЦIыху Iей ЗекIуэлIыр зауэм хэхъухьат, / ЛъыщIэж Iуэхушхуэр гущIэм щызэрихьэу»). Къан зауэлI хахуэ мэхъу, ауэ апхуэдэ «хъуныгъэм» Iуэху мыщхьэпэ Iэджэ къыкIэлъокIуэ.

Къан и гъащIэм мыхьэнэ хэха щызыубыд теплъэгъуэхэм я гугъу пщIымэ, ахэр лъэхъэнэм ейщ икIи къэцIыхужыгъуафIэщ. Ауэ а лъэхъэнэм и образхэм щхьэкIэ ахуэдэу пхужымыIынри Iуэхум хэлъщ. Абы и щхьэусыгъуэри мыращ: усакIуэм гиперболэм хуабжьу зыдрегъэхьэх, образу хъуар фIагъ-IеягъкIэ ткIийуэ зэхегъэщхьэхукI, зэмыщхьыныгъэ яIэхэри егъэлеяуэ къегъэнаIуэ. Абы ипкъ иткIэ гъащIэ къэхъукъащIэхэмрэ ахэр къэзыгъэлъагъуэ теплъэхэмрэ зэлъэщIэмыхьэу къонэ. Псалъэм папщIэ, лIыхъужьым и псэр зэгуэр зытхьэкъуауэ щыта Залинэ, насып щимыгъуэтым, Къан и щхьэгъусэ Аринэ и лъэужьым тоувэ – щIасэлIхэр къегъуэт. Зэрытлъагъущи, нэгъуэщI «Iэмал» нэчыхь къутам усакIуэм къыхуигъуэтыркъым. Аринэ и щIасэлIыр – милиционер щIалэр – персонаж гурымыхь жыхуаIэм хуэдэщ, гу зылъытапхъэщи, мыхъумыщIагъэу бгъэдэлъым и щIыIужкIэ, наркомануи къыщIокI. Къан ныбжьэгъу къыхуэхъуа Мераб щхьэгъусэкIэ игъуэта насыпымрэ Къан и насып къутамрэ зэрегъапщэ усакIуэм. Ар и щыхьэтщ гъащIэм телъ «тепхъуэ хъарпшэрхэр» тридзыну усакIуэр зэрыхущIэкъум. Ар зригъэхъулIэн щхьэкIэ, лирическэ къыпыкIуэтыныгъэ художественнэ Iэмалым къалэн пыухыкIа и пщэ делъхьэ.

Зэманыр, гум щыхъэ щэхухэр, цIыхубэм хигъэщхьэхукIауэ къыдекIуэкI лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэр апхуэдэ теплъэгъуэхэм куууэ зыхыуагъащIэ. Мыхьэнэ зиIэращи, гъащIэм и пэжыр а къыпыкIуэтыныгъэхэм ГъущIом къызэрыщигъэлъагъуэр зэпIэзэрытущ, хэгупсысыхьауэщ, псалъэ тафэтелэхэм задримыгъэхьэхыурэщ.

         ВжесIэнщи си зы щэху, сэ куэдрэ сфIощI

         Ди гъащIэр жыхьэнмэм и къыщIэдзапIэу;

         СфIощI гъащIэр уэгум и пхъэнкIий идзыпIэу,

         Псэ нэхъ жьгъей фIейр дунеймкIэ кърахух.

Патетикэм зыкIи зримыту, Кавказым нэхъ щагъэлъапIэ цIыхухъу хьэлым – лIыхъужьыгъэм – усакIуэр топсэлъыхь, абы пыщIа Iуэхугъуэ мыгурыIуэгъуафIэхэри IупщI къищIу:

         МэгуфIэ лъэпкъыр, щIалэ къахэхъуамэ,

         ЗауэлIхэм хэхъуэ хуэдэ я IутIыжщ.

         Зауэншэу щIы хъурейм зы щIэблэ закъуэ

         КъыщIыщIэмыхъуэм гугъу сэ срегъэхь.

         ЩIы кIапэщ, мылъкущ цIыху цIыкIур щIызэзауэр,

         ПфIэщIынщ а псор хьэдрыхэ здырагъэхь.

         ИтIани, хэкIуэдахэр щагъеижкIэ,

         ЛIыхъужьу псэ зытар зыхагъэкIыжкIэ

         Мыхьэнэ гуэр иIэжу я гугъэжщ, –

         ЯукIар лIыхъужьмэ, – псэухэр мэзэгъэж…

Апхуэдэ гъащIэ еплъыкIэр гукъинэж мэхъу, цIыхур зытет дунейр гугъуу зэрызэхэлъым, абы и ткIиягъым урегъэгупсыс. Ауэ гупсысэ иукъуэдийхэм сыт хуэдэ Iэмал усакIуэм яримыхьэлIэми (философие зыщIэлъ къыпыкIуэтыныгъэхэрауэ е образхэм я гъэпсыкIэрауэ тщIынщи), хэкIыпIэ гуэрхэр къигъуэтыну ар яужь ихьэркъым. ГъущIом и поэмэмкIэ гъащIэм и «пэж» шынагъуэхэр IупщI къытщищIыну хэт къудейуэ аращ. ГъэщIэгъуэныращи, тхыдэр нэхъыщхьэу къэзыгъэув щIэблэм я IэдакъэщIэкIхэми, нэхъыжьхэм яйхэми апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм бжьыпэр лъэпкъ усыгъэм щиубыдауэ жыпIэ хъунущ».

БЕЗРЫКЪУЭ Данэ.
Поделиться:

Читать также: