ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, адыгэ уэрэдыжьхэм хуэIэкIуэлъакIуэу щыта, щIэныгъэлI-IуэрыIуатэдж, тхакIуэ, уэрэджыIакIуэ, драматург, артист КъардэнгъущI Зырамыку и фэеплъу. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм.
Театрым и пэIущIэ пэшым дапхъэ щагъэуват КъардэнгъущI Зырамыку къыдигъэкIа тхылъхэр, нарт хъыбархэр, псалъэжьхэр, жыIэгъуэхэр, уэрэдыжьхэр, пшыналъэхэр зэрытхэр, иужьрейхэр щызэхуэхьэса дискхэр, Зырамыку и унагъуэм, и лэжьэгъухэм, ныбжьэгъухэм щIыгъуу траха сурэтхэр щызэхуэхьэсауэ.
Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист пажэхэу Хьэмырзэ Ахьмэдрэ Тхьэщыгъуей Жаннэрэ. Пшыхьыр яублащ КъардэнгъущI Зырамыку и гъащIэм щыщ теплъэгъуэхэмрэ игъэзащIэу щыта уэрэдхэм щыщрэ экранкIэ ягъэлъагъуэу.
- ФIэхъус гуапэ фызох адыгэ IуэрыIуатэр джыным и лъабжьэр зыгъэтIылъа, адыгэ лъэпкъ щэнхабзэр зыгъэбея КъардэнгъущI Зырамыку и фэеплъ пшыхьым къекIуэлIахэм. Ар цIыху телъыджэу щытащ. И гурыхуагъым, зэрытхьэкIумафIэм икIи макъыфIэм къыхэкIыу, ар адыгэ художественнэ щэнхабзэр зыгъэбея иужьрей джэгуакIуэ хъуащ. Зырамыку хэтащ СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэми, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. - Абы къыщIэна къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр, зэхуихьэсыжа IуэрыIуатэр лъэпкъ щэнхабзэм и гъэтIылъыгъэ лъапIэщ. Ди адыгэ уэрэдыжьхэр, хъыбарыжьхэр, псалъэжьхэр, жыIэгъуэхэр хъума зэрыхъуар абы куэдкIэ и фIыщIэщ. КъардэнгъущI Зырамыку и Хэкумрэ и лъэпкъэгъухэмрэ фIыуэ илъагъуу, пщIэшхуэ яхуищIу щытащ. Мыпхуэдэ пшыхьхэр уасэншэщ блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпызыщIэ цIыхубэ уэрэдыжьхэр хъума хъунымкIэ, ахэр къэкIуэну щIэблэм я деж нэхьэсынымкIэ. ЦIыхубэм къыхуэгъэщIар щытхуэхъумэнур ди нэхъыжьыфIхэм къащIэна лъапIэныгъэхэм захуэдгъазэмэщ, ахэр къэдгъэщIэрэщIэжмэщ. Лъэпкъ къэс зы Зырамыку яIэныр насыпышхуэщ! Апхуэдэ цIыху куэд къызыхэхъуэн лъэпкъ Тхьэм дищI!
Фэеплъ пшыхьым къекIуэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ уэрэджыIакIуэхэу Куэцэ Идар, Бэч Азэмэт, Хьэкъул Оксанэ, Жабоевэ Замирэ, Къардэн Радик, ШыкIэбахъуэ Ислъам, КъБР-м и Музыкэ театрым и хорым, «Рирадэ», «Кавказ», «Шэджэм псыкъелъэхэр», «Нартхасэ», «Нартан», «Лашынкъей» цIыхубэ уэрэджыIакIуэ ансамблхэм. Пшыхьыр ягъэдэхащ республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ ящыщу ирагъэблэгъа уэрэджыIакIуэхэм. ЩIэблэр цIыхубэ уэрэдыжьхэм зэрыдихьэхыр зэрыфIыгъуэшхуэр нэрылъагъут.
Районхэм щекIуэкIа зэпеуэхэм щытекIуахэмрэ кърагъэблэгъахэмрэ пшыхьым хэтащ. Абыхэм ягъэзэщIащ КъардэнгъущI Зырамыку хуэдэ щIэныгъэлIхэм я фIыгъэкIэ ди деж къэса адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм ящыщу «Нэсрэн ЖьакIэ», «Бэдынокъуэ», «Нартыжь уэрэд», «Адыгэ пащтыхьхэм я тхьэусыхафэ», «Назирэт», «Рае», «Нусэ», «МуIэед», «Мурадин и уэрэд», «Си къуэш си пщафIэ», «Уэзы Мурат», «Лашын и уэрэд», «Нэхущ удж», «Iуащхьэмахуэ», «Гуащэгъагъ», «Iэдииху», «Iэлъын цIыкIу», «Истамбыл», «Сэнджэлей», нэгъуэщIхэри.
Пшыхьым иджыри зэ наIуэ ищIащ анэдэлъхубзэкIэ сабийр зыщIагъэдэIу гущэкъу уэрэдхэр, нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ щIэблэм гъэсэныгъэ дахэ етынымкIэ, ахэр тхыдэм щIэпIыкIынымкIэ зэрыфIыгъуэшхуэр.