КъБР-м щыIэ МВД-м къет

ПцIыр къыщIокIуэж

Урысей МВД-м и Прохладнэ къудамэм и плъыр IэнатIэм зыхуа­гъэзащ гъэпцIакIуэхэм я лей зытехьа, щIыпIэм щыпсэу цIыхубзитIым.  

Абыхэм зэрыжаIамкIэ, я автомашинэхэм ехьэлIа тхылъхэр яхуигъэхьэзырыну я къуажэгъум къыщигъэгугъэм, ахэр арэзы хъуащ икIи цIыхухъум иратащ зым сом мин 80, адрейм сом мини 161-рэ. АрщхьэкIэ, абы ахэр къигъэпцIэжащ.
Урысей МВД-м и Прохладнэ къудамэм и следственнэ IэнатIэм уголовнэ Iуэхухэр къиIэтащ УФ-м и УК-м и 159-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ.
Iуэхур зэхэкIыху щIыпIэм имыкIыну, хабзэм емыбэкъуэну хуагъэуври, ягъэкъуаншэм Iэ щIрагъэдзащ. 
Полицэм и лэжьакIуэхэм рулым дэсхэм ягу къагъэкIыж: набдзэгубдзаплъэу фыщыт икIи транспортыр фи цIэкIэ егъэтхыным пы-щIауэ Iуэху­тхьэбзэ къыфхуащIэну къыфхуагъэлъагъуэхэм арэзы фытемыхъуэ, тэмэму фемыгупсысауэ. Апхуэдэ Iуэхухэм фымы­цIыхухэр хэгъэIэбэным ахъшэр ффIигъэкIуэдынкIэ, гъэпцIагъэхэм фыхишэнкIэ мэхъу.  

Iэщэрэ наркотикхэмрэ

Налшык и полицэм къыщIигъэщащ щIыпIэм щыпсэум хабзэм къемызэгъыу Iэщэрэ наркотикхэмрэ зэрихъумэр.  

Урысей МВД-м и Налшык управленэм и ОП№2-м уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэм, абыкIэ хуитыныгъэ яIэу, Iэдииху дэт псэупIэ унэхэм ящыщ зыр щыщIапщытыкIым, къагъуэтри къытрахащ цIыхухъум унэм щихъумэ Iэщэр. ПсэупIэр зей, илъэс 47-рэ зи ныбжь щIалэм ар хабзэншагъэкIэ зыIэригъэхьат.  
Экспертизэм зэрыщIигъэбыдащи, къытрахар калибр 4,45-рэ зиIэ, Калашников автоматырщ, зи калибрыр 5,45-рэ хъу шэуэ 60, МПЦ кIэрахъуэм и шэу 3-рэ. 
КъищынэмыщIауэ, унэм къегъэщIылIа щIыпIэр къыщызэхаплъыхьым къахутащ бысымым и хадэм хуит ямыщI къэкIыгъэхэр зэрыщигъэкIыр - щIэпу лъабжьэ 20.  
Апхуэдэуи щIыунэм къыщагъуэтащ къэкIыгъэ пкъыгъуэ. Экспертхэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ар марихуанэщ, унэм и бысымым езым къигъэсэбэпын папщIэ хабзэншагъэкIэ зыIэригъэхьауэ ихъумэу.  
Ягъэкъуаншэм теухуа уголовнэ Iуэхухэр къаIэтащ.

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: