Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр![]() Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр. Абы щызэпеуащ 2015 гъэм къалъхуа топджэгу ныбжьыщIэхэр, псори зэхэту а щIыналъэм и команди 7. Ди гуапэу къыхэдгъэщынщи, Краснодарым и футбол академием и «ЮМР» командэм хэту абы щыджэгуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен ныбжьыщIэ, Налшык къалэм и курыт школ №11-м и еджакIуэ Къуэжей Iэдэм. ЩIалэщIэм зэфIэкI зэрыбгъэдэлъым тренерхэм нэхъ пасэу гу лъатати, ар ирагъэблэгъат а зэхьэзэхуэм, и джэгукIэм къыкIэлъыплъын, и зэфIэкIыр ягъэунэхун мурадкIэ. ИкIи Iэдэм ахэр къызэрыщыгугъауэ къыщIэкIащ.
Поделиться:
Читать также:
23.08.2026 - 14:40 →
Зэдэхьыгъуейщ кубокри зэпеуэри
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
| ||





