ЗэпыщIэныгъэхэр Къэзан щагъэбыдэ

Мы махуэхэм Тэтэрстаным щокIуэкI «Урысей - Ислъам дуней: KazanForum» дуней-псо экономикэ зэхуэсыш-хуэр. Абы  и лэжьыгъэм хэтщ ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Каз­бек. Республикэм и уна­фэщIыр Къэзан лъэтащ зэ­къуэш щIыналъэхэм нэхъ пасэу зэращIылIа зэгуры­Iуэ­ныгъэм ипкъ иткIэ нэгъабэ яутIыпща рейс занщIэм тет кхъухьлъатэмкIэ.

«Тэтэрстаным и къалащ­хьэм щызэхуэсащ къэрали-щэм щIигъум, апхуэдэуи къа- нэ ­щIагъуэ щымыIэу Урысейм       и щIыналъэ псоми я лIыкIуэ-хэр. «Урысей - Ислъам дуней: Ka­zanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэ­сыш­хуэр иужьрей илъэсхэм хъуащ Урысей Федерацэмрэ ислъам дунейм щыщ къэралхэмрэ яку дэлъ сату- экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, щэнхабзэ зэпыщIэ­ныгъэхэр щагъэбыдэ щIыпIэ, - щитхащ КIуэкIуэ Казбек Максым щиIэ напэкIуэцIым. - Программэм хэтщ Iуэхуи 150-м щIигъу ирагъэкIуэкIыну. Ахэр епхащ экономикэмрэ инвес­тицэхэмрэ, бжыгъэр зи лъабжьэ Iуэху зехьэкIэм, къэрал- хэр зэдэлэжьэным. Си мурадщ гъэлъэгъуэныгъэхэм зыщызгъэгъуэзэну, «Урысей - Ислъам дуней» стратегие гупым и зэIущIэм, «Картэм къыщыгъэлъэгъуа щIыпIэм щегъэжьауэ ­зыу­жьыныгъэм хуэкIуэу: технологие, мылъку жэрдэмхэр зэгъэуIуныр» зэхыхьэм, нэгъуэщI­хэми сыхэтыну».
«Урысей - Ислъам дуней: Ka­zanForum» ХVII дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм хыхьэу къызэрагъэпэща «Урысей - Оман» бизнес-зэIущIэми хэтащ ди республикэм и Iэтащхьэр. Урысейм и лIыкIуэхэм я пашэу абы щыIащ УФ-м и Прави­тельствэм и УнафэщIым и къуэ­дзэ Хуснуллин Маратрэ Тэтэр-стан Республикэм и УнафэщI (Раис) Минниханов Рустамрэ. ЗэIущIэр щекIуэкIащ «Казань Экспо» гъэлъэгъуапIэ центрым. Абы хэтащ урысей, оман министерствэ, IуэхущIапIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэм я ун­афэщI­хэр, компание пажэхэм я Iэ-тащ­хьэхэр, щIыналъэхэм я ­лIы­кIуэхэр. Зэхуэсым щытеп­сэ­лъыхьащ урысей-оман зэ­пы­щIэ­ныгъэхэм, къапщтэмэ, къэ­ралитIыр экономикэм зэ­ры­щы­зэдэлэжьэнум.
КъБР-м и Iэтащхьэр зэхуэ­сышхуэм и етIуанэ махуэм яIущIащ Тэтэрстаным и Къалэхэм зегъэужьынымкIэ институтым и лIыкIуэхэм. А институтым и лэжьакIуэхэр яужь итщ жылагъуэ зэхуэсыпIэхэмрэ фэтэр куэду зэхэт унэхэм къедза щIы­пIэхэмрэ зэIузэпэщ щIыным.
«А унэтIыныгъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрми гулъытэшхуэ щыхудощI, абы хуэгъэза лэ­жьыгъэхэр зэпыдгъэуркъым, - жиIащ республикэм и Iэтащ­хьэм. - Ди къуэш щIыналъэм абы и лъэныкъуэкIэ Iэмал гъэщIэгъуэнхэр къегъэщхьэпэ, абыхэми щыгъуазэ зысщIащ. Сэбэпынагъ нэхъыбэ къызыпэ­кIуэхэр ди республикэми зэры­щы­­хэтпщэ хъунум дыхэплъэнущ».
«Урысей - Ислъам дуней» Мы­хьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэм пыщIа гупым и зэIущIэр ирагъэ­хьэлIащ ар къызэрызэрагъэ­пэщрэ илъэс 20 щрикъум. Жы­лагъуэ дипломатие IэнатIэм хыхьэ Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщщ ар, аращ зыубзыхур Урысей Федерацэмрэ Ислъам зэдэлэжьэныгъэмкIэ зэгухьэ­ны­гъэм хыхьэ къэралхэмрэ я зэпыщIэныгъэр зыхуэдэнур.
ЗэIущIэр зэрекIуэкIам ­Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и Iэтащ­хьэр щытеп­сэ­лъы­хьы­жащ Максым щиIэ напэ­кIуэ­цIым.

«Гупыр Президент Путин Владимир Владимир и къуэм и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщауэ щытащ 2006 гъэм. Абы зэкъуе­гъэувэ Урысеймрэ нэгъуэщI хэку 25-мрэ щыщ къэрал, дин, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIэныгъэлIхэмрэ дипломатхэмрэ. Абы­хэм я зэдэлэжьэныгъэм и тегъэщIапIэщ муслъымэнхэр щыпсэу къэралхэм яхудиIэ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным икIи пщIэ зэхуэщIынымрэ псоми ди зэхуэдэ фейдэ зыхэлъ Iуэхухэр дэгъэкIынымрэ хуэунэтIащ.
УФ-м и вице-премьер Хуснуллин Марат къеджащ Урысейм и Президентым зэIущIэм хэтхэм зэрызахуигъазэ тхыгъэм. Къэрал унафэщIым абы къыщыхигъэщащ Урысеймрэ ислъам дунейм хыхьэ хэкухэмрэ я зэпыщIэныгъэм и лъабжьэу щытыр псоми ди зэхуэдэ лъапIэныгъэхэр, ди щэнхабзэхэм, зыужьыныгъэм хуэгъэпса Iуэхухэм я зэмылIэужьыгъуагъэм пщIэ яхуэщIыныр, ди къэкIуэнур зэпIэ­зэрыту щытыным дызэкъуэту дызэры­хуэлажьэр зэрыарар.
ЗэIущIэм хэтхэм апхуэдэу псалъэ гуа­пэкIэ захуигъэзащ Тэтэрстан Республикэм и Iэтащхьэ (Раис) Минниханов Рус­там.
Зэхыхьэм щызэпкърахащ зэдэлэжьэ­ныгъэм ехьэлIа социально-экономикэ ­къалэнхэр икIи щIалэгъуалэ политикэм, егъэджэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ яхуэгъэза Iуэхухэм зэреплъхэмкIэ зэдэгуэшащ. Къыхалъхьа жэрдэмхэр, шэч хэмылъу, хуэщхьэпэнущ Урысейм, абы хыхьэ щIыналъэхэмрэ муслъымэнхэм я къэралхэмрэ я фейдэ хэлъу зэрызэ­дэлажьэр нэхъри гъэбыдэным.

Поделиться: