ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 13-м щекIуэкIащ «Щэнхабзэр терроризмэм и бийщ» зэIущIэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин къыхигъэщащ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ цIыху нэхъыбэ хашэным республикэр зэрытелажьэр, ар къайхъулIэнымкIэ псом япэр щIыналъэр мамыру щытыныр зэрыарар. Абы жиIащ щIэблэр егугъуу ягъэсэн, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ драгъэхьэхын, Хэкур фIыуэ ялъагъуу къагъэхъун зэрыхуейр.
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым щэнхабзэмкIэ министерствэм и лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ УФ-м терроризмэм щыпэщIэтыным теухуауэ яубзыхуа Iуэхухэр (2024 - 2027 гъэхэм ятещIыхьауэ) гъэзэщIэным зэрегугъум папщIэ. Абы къыхигъэщащ лъэпкъхэм я зэхущытыкIэр гъэбыдэнымкIэ щэнхабзэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, терроризмэм пэщIэтыным и IуэхукIэ щэнхабзэм и къарур зэрыиныр, нэхъыжьхэм къытхуагъэна псэкупсэ лъапIэныгъэхэр, хабзэхэр псом хуэмыдэу щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм зэрахъумэфынур.
- 1945 гъэм нацизмым кIэ еттауэ ди гугъащ, арщхьэкIэ ноби ди нэгу щIокI я щхьэр къызэраIэтар. Абы хэщIыныгъэшхуэ къызэрытхуихьар, ди къэралым щыщу цIыху мелуан 27-рэ, дуней псом щыщу цIыху мелуан 60-м щIигъу зэрыхэкIуэдар зыщыдгъэгъупщэркъым. Псори къыщежьэр нэгъуэщI лъэпкъхэм лъагъумыхъуныгъэ хуиIэнырщ. Абы и щапхъэщ Германием, Италием щыпсэу лъэпкъхэр я теплъэкIи тхыдэкIи нэгъуэщIхэм ефIэкIыу къызэралъытар, ахэращ мыхъумыщIагъэхэм щIэдзапIэ яхуэхъури, - жиIащ Къуэшырокъуэм. - Иужьрей илъэс 30-м дыщIапIыкIащ лъытэныгъэрэ шыIэрэ тхэлъын, гъунэгъур мыхъумыщIэми зыхэтщIыкIын зэрыхуейм. ШыIэми мардэ иIэн, зи щхьэ къэзыIэт нацизмым, лъапIэныгъэхэм ебакъуэм, щIэпхъаджащIэ зылэжьым упэщIэтын хуейщ. Щхьэхуитыныгъэмрэ хуитыныгъэмрэ къызэрырамыдзэм къыпэ-
кIуащ нацизмыр къэщIэрэщIэжыныр. Украинэм ар зыхуэкIуар псоми ди нэгу щIэкIащ. Урысейр абы пэщIэтщ. Жылагъуэр зэкъуэзычыну зи мурад бийм дыпэщIэувэу ди щIыналъэм, къэралым мамырыгъэр щызэтетIыгъэным, лъэпкъхэм ди зэхуаку пщIэ, шыIэ дэлъыным, лъапIэныгъэхэр тхъумэным мыхьэнэшхуэ яIэщ. ЗэрытщIэщи, ди жылагъуэмрэ лъэпкъхэмрэ ди зэкъуэтыныгъэрщ, унагъуэ лъапIэныгъэхэм демыпцIыжынырщ ди къару нэхъыщхьэр. Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм хэлъхьэныгъэ хуащIыфынущ мамырыгъэр хъумэным. Нобэ ди нэгу щIокI ди щIалэхэм ди къэралыр зэрахъумэр. Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я сурэтхэр щагъэлъагъуэ «Уахътыншэ полк» Iуэхум псори дыхэтщ. Иужьрейм къыхыхьащ дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда щIалэхэм я сурэтхэр зыIыгъ адэ-анэхэр. Ари «Уахътыншэ полк» Iуэхум хуэбгъадэ хъунущ. Дауэ хъуми, дэтхэнэ зы унагъуэми дзэ Iуэху хэхар къылъэIэсащ.
Къуэшырокъуэм жиIащ нобэ ди къэралым и щхьэхуитыныгъэр, ди хабзэхэмрэ лъапIэныгъэу къэтлъытэхэмрэ зэрытхъумэным дызэрыхущIэкъур, ар зи жагъуэ ди бийхэм Урысейр зэкъуачын папщIэ лъэпкъхэр дызэщагъэIеин е дин IуэхукIэ хьэргъэшыргъэ дыхадзэн мурад зэраIэр. Абы щIигъужащ хъыбар нэпцIхэм защытхъумэным и мызакъуэу, ар щIалэгъуалэм ягурыдгъэIуэныр ди къалэну зэрыщытыр.
КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Гергоков Жамболэт ягу къигъэкIыжащ терроризмэм пэщIэтын папщIэ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ гулъытэ хэха хуащIын, бзэр, хабзэр, щэнхабзэр хъума зэрыхъунум быдэу трагъэщIэн зэрыхуейр, абы и IуэхукIэ Урысейм и Президент Путин Владимир 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэригъэувар зэрыщхьэпэр. Гергоковым къыхигъэщащ гъунапкъэ зимыIэ, мамыр цIыхухэри зыфIэмыпсэкIуэд а мыхъумыщIагъэм дыпэщIэтынымкIэ ди щIыналъэм и къару нэхъыщхьэр мыбы щыпсэу лъэпкъ 40-м щIигъур зэкъуэтыныр зэрыарар.
Зэхыхьэм къыщыпсэлъахэм жаIащ щIалэгъуалэр экстремист гупсысэхэм пэIэщIэ хъунымкIэ тхыдэр къызыхэщыж, гъунапкъэ зимыIэ гъуазджэм, щэнхабзэм, литературэм щыгъэгъуэзэным мыхьэнэ зэраIэр, сыт хуэдэ зэманми лъапIэу къэнэж гуапагъэр, захуагъэр щIэблэм зыхегъэщIэнымкIэ ахэр IэмалыфIу икIи мыхъумыщIагъэмрэ лъагъумыхъуныгъэмрэ зэрыпэщIэт Iэщэу къызэрынэжыр. НыбжьыщIэхэр республикэм и театрхэм щекIуэкI спектаклхэм, сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэм, концертхэм еплъыну, цIыхубэ уэрэдыжьхэм едэIуэну, тхылъ еджэну, литературэ зэпеуэхэм я зэфIэкI щеплъыжыну Iэмал етын хуейщ, сыту жыпIэмэ, гъуазджэр, дахагъэр зыхэзыщIэхэр щIэпхъаджащIэхэм къагъэпцIэфынукъым.
Зэхыхьэм къыщыпсэлъа дин лэжьакIуэхэм къыхагъэщащ щIэблэр диным щIапIыкIын, зым и фIагъым адрейм щапхъэ трихыу, гуапагъэ ялэжьу, хьэрэмыгъэншэу, мыхъумыщIагъэр зэхагъэкIыфу ягъэсэн зэрыхуейм.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Ахметов Артур, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Гуманитар къэхутэныгъэхэм-кIэ институтым адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и секторым и щIэныгъэлI нэхъыщхьэ Гъут Iэдэм, лъахэхутэ Котляровэ Марие, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Бейтуганов Исмэхьил, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Чыхумахуэ ФатIимэ, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я дэIэпыкъуэгъу «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и унафэщIым и къуэдзэ ПщыхьэщIэ Ахьмэд, зи нэхэм фIыуэ ямылъагъухэм я библиотекэм и унафэщI Хьэмдэхъу Жаннэ, Шэрэдж щIыналъэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Ефэнды Терезэ, нэгъуэщIхэри.