Ари мэгупсысэ

 «ПсэкIэ/гукIэ зыхызощIэ», «уи псэм/гум жиIэм едаIуэ»… Апхуэдэ псалъэхэр куэдрэ зэхыдох, философхэмрэ тхакIуэ-усакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр зращIэкIыр зыми имылъагъу псэмрэ цIыхум и Iэпкълъэпкъым нэхъыщхьэ дыдэу хэлъ гумрэщ. Медицинэм и лэжьакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, гур щхьэ куцIым хуэдэу гупсысэфыркъым. Арами, ди нэхъыбэр зэдаIуэр и гум жиIэрщ, атIэ акъылкIэ къыгурыIуэр аракъым. Щхьэ апхуэдэу щыт?
ЦIыхум «сэ сымыращ» жиIэу, и цIэр къыщриIуэм, щыгузам, къыщыщтам деж зимыщIэжу и гум тоIэбэ. Биологие и лъэныкъуэкIэ гур телъыджэ гуэрщ. Псалъэм папщIэ, жаIэ Iэпкълъэпкъыр зыгъэлажьэр щхьэ куцIыр арауэ: абы ди Iэ-ди лъэм, кIуэцIфэцIым, гум «унафэ хуищIурэ» зэригъакIуэу, ар мыхъумэ, фэбжь игъуэтамэ, Iэпкълъэпкъым зыри зыхимыщIэжу. Ауэ цIыхум и щхьэ куцIыр мылэжьэжми, гур, абы зыкIэ емылъытауэ, къеуэфынущ. Ныбэрылъыр къапщтэмэ, япэ дыдэу къэунэхур гуращ. Абы лъы кърихуэкIыурэ, мыдрей Iэпкълъэпкъ псоми зрегъэужь, уеблэмэ щхьэ куцIми. ЩIэныгъэлIхэм нобэр къыздэсым къахуэщIакъым гур езыхужьэ къарур зищIысыр. 
Гум теухуауэ къэхутэныгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкI Калифорние штатым щыIэ институтым (Гум и Математикэм и Институт). «Гум и Математикэм теухуауэ» проектыр къызэзыгъэпэща, а еджапIэм и унафэщI Чайлдре Докрэ абы и лэжьэгъу Ховард Мартинрэ ядж гур акъылымрэ псэмрэ зэрепха щIыкIэхэр. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, цIыхум и гур къызэреуэм информацэшхуэ кърехуэкI икIи абы елъытащ ди дуней тетыкIэр. КъызыхэкIыр къыдгурымыIуэу дынэщхъейми, дыгуфIэми, дыгушхуэми, дыгукъыдэмыжми – ар псори гум къихута гуэр Iэпкълъэпкъым ириубгъуауэ, зыкъыуигъащIэу аращ. 
Дауэ-тIэ, цIыхум къефыкI узыфэхэр гум къызэрихутэр? Невролог Армер Дж. зэрыжиIамкIэ, гум иIэщ езым и акъылрэ псантхуэ къуэпсхэмрэ. А Iуэху еплъыкIэм пащащ Гум и Математикэм и Институтым щылажьэхэми. ИкIи ахэр щыхьэт техъуащ гур езыр-езыру, щхьэ куцIым емылъытауэ, зэрыгупсысэм. КъызэрыщIэкIымкIэ, щхьэракъым Iэпкълъэпкъыр зезыгъакIуэр, атIэ, гум акъылми Iэпкълъэпкъми унафэ яхуещIыф! КъищынэмыщIауэ, цIыхум зыгуэр и жагъуэ хъуамэ, къэгубжьамэ, гузавэмэ, ар япэу къэзыщIэр гуращ – и къеуэкIэм зехъуэжри, гумрэ щхьэмрэ зыр адрейм зыхимыщIэжу, «зэхимыхыжу» мэхъу. Абдежым лъынтхуэхэр зэхуешэ, лъыр щхьэм доуей, иммунитетыр йохуэх. Лъынтхуэхэм лъыр гугъусыгъуу щызекIуэмэ, кIуэцIфэцIым лъышэ (кислород) тэмэму лъэIэсыркъым, цIыхур сымаджэ мэхъу. Ди гур гузавэу, абы дыкърихуэкIмэ, щхьэри тогупсысыкIри, лэжьэфыркъым. Ауэ дыгуфIэмэ, дыгушхуэмэ, зыгуэр фIыуэ тлъэгъуамэ, гур тэмэму мэлажьэ, уеблэмэ щхьэ куцIым зэрыпыщIа къуэпсхэр егъэбыдэ. Гур сабырмэ, иммунитетыр докIуеиж, гормонхэри зэтоувэж. 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: