И IэщIагъэр и псэм и щытыкIэщ

ЦIыхум и дуней тетыкIэ хъунур и сабиигъуэм къыщыщIедзэ. ИкIи абыхэм я гъэсэныгъэм теухуауэ къалэнышхуэ ягъэзащIэ сабий гъэсапIэхэм. 
Сабийр къыдахьэхыу, цIыкIухэр гурэ псэкIэ зыхащIэу, я псэ махэм хуэсакъыу а IэнатIэ мытыншым бгъэдэтщ Хьэтуей къуажэм дэт сабий садым и гъэсакIуэхэр. НэфIэгуфIэхэу, гукъыдэжыфI яIэу, я гъэсэнхэр фIыуэ ялъагъуу яхэтщ дэтхэнэ зыри сабийхэм. Абыхэм я фIыгъэкIэ езы цIыкIухэри хуэпIащIэу макIуэ, дерсхэм жыджэрагъ къыщагъэлъагъуэу зэхэсхэщ, щэнхабзэ, спорт, нэгузыужь Iуэхугъуэ псоми нэжэгужэу хэтщ. Гуапэ лей тщохъу бзэм, ныпым, фащэм я махуэхэр гъэлъэпIэным сабийхэр зэрыхашэри. 
ГъэсакIуэхэм Iэзэу къызэрагъэпэщ адэ-анэхэм ядэлэжьэнри. Псом хуэмыдэу щIагъэдэIу ди бзэм дыхуэсакъын зэрыхуейм. Сыту жыпIэмэ, унагъуэм анэдэлъхубзэ щызэхамыхмэ, анэдэлъхубзэкIэ мыпсалъэмэ, хэплъэгъуэ мэхъу.
ГъэсакIуэ Iущхэм гулъытэ хэха хуащIу абы щрагъэдж гъащIэм и япэ дерсхэр. ИкIи а дерсхэр зыхуэдэм зэзэмызэ елъытащ цIыху цIыкIум адэкIэ и къэкIуэнур. Дауи, абы папщIэ къагъэсэбэпыр сабийм и ныбжьым тещIыхьа Iэмалхэрщ. Зэманыр щIэщыгъуэ зэрыщащIыным, гъэсэныгъэ зэрыхалъхьэным - аращ я гупсысэр зытеухуар. 
Хьэтуей сабий садым и гъэсакIуэу куэдрэ лэжьа Тэтэр Замирэ Залымхъан и пхъум нэгъуэщI IэщIагъэ пэрыту зэи и нэгу къыщIигъэхьакъым. Ар абы щылэжьащ садыр къыщызэIуаха I973 гъэ лъандэрэ. Замирэ курыт еджапIэр къиуха нэужь, Педагогикэ училищэм щеджащ. Унагъуэ дахэу мэпсэу, быниплI иIэщи, ипхъу ФатIимэ и анэм и лъэужьым ирикIуэри, и гъащIэр сабийхэм яхуигъэпсащ. 
- Си лъагъуныгъэр, си щIэныгъэр, си Iэзагъ псори си гъэсэнхэм ябгъэдэслъхьэну сыхущIэкъуащ сыт щыгъуи. ЦIыкIухэм я Iыхьлыхэр, дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсыр фIыуэ ялъагъуу, мы дунейм щыпсэу псэ зыIут псоми яхуэгумащIэу къэхъуныр си дежкIэ насыпт. Сабийхэм сазэрыхэтым гукъыдэжышхуэ къызитырт. ЕгъэджакIуэр сыт щыгъуи ефIэкIуэн хуейкъэ?! Сэри сыхущIэкъурт сабийхэм сыт и лъэныкъуэкIи зезгъэужьыну, цIыху пэжу, щыпкъэу, дунейр фIыуэ ялъагъуу, апхуэдизу псынщIэу зызыхъуэж зэманым декIуу псэуфу езгъэсэну. Апхуэдиз илъэскIэ сызыпэрыта, къыхэсха IэщIагъэм зэи сыхущIегъуэжакъым. Си унафэщIхэмрэ си лэжьэгъухэмрэ фIыщIэ яхузощI щIэгъэкъуэн къызэрысхуэхъуам, гулъытэншэу зэи сыкъызэрамыгъанэм папщIэ, - жеIэ Замирэ. 
ФIыуэ илъагъу лэжьыгъэм илъэс 52-кIэ ирилэжьащ бзылъхугъэр, дэтхэнэ и гъэсэнми бгъэдыхьэкIэ зырызыххэ къыхуигъуэтыфу. Сабий садым зэрыщылэжьа илъэсхэм къриубыдэу абы и лэжьэгъухэмрэ и къуажэгъухэмрэ я деж пщIэрэ щIыхьрэ щигъуэтащ.
Илъэс куэдкIэ и IэщIагъэм гурэ псэкIэ зэрыбгъэдэтам папщIэ, Замирэ къыхуагъэфэщащ КъБР-м ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъыр, Лэскэн муниципальнэ районым ЦIыхубэ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыхь тхылъыр, 20I6 гъэм «Илъэсым и гъэсакIуэ» зэпеуэм щытекIуащ, «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэм жыджэру зэрыхэтам, къытщIэхъуэ щIэблэр гъэсэнымрэ егъэджэнымрэ я IуэхукIэ иIэ ехъулIэныгъэхэм, адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным папщIэ ищIа лэжьыгъэм папщIэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъ иIэщ. 
Замирэ зыпэрытар ауэ сытми къызэрыгуэкI IэщIагъэукъым къызэрилъытэр, атIэ ар абы и псэм и щытыкIэт, дэтхэнэ сабийми и дахэм къарурэ гукъыдэжрэ къыхилъхьэу. 

 

Тохъу Миланэ.
Поделиться: