УпщIэхэм я жэуапым ущылъыхъуэкIэ

Театрыр акъылымрэ гурыщIэмрэ я «нэхугъэу» жыпIэ хъуну къыщIэкIынщ. Абы жэуап хьэзырхэр къуитыркъым, ауэ упщIэ пэжхэр егъэув. Дунейм и гугъуагъыр уигъэлъагъуурэ, абы и Iэужь хъункIэ хъунухэр зэпкърыуигъэхыурэ, цIыхур гущIэгъум хуегъасэ, езыми жылагъуэми я дежкIэ щыIэ лъапIэныгъэхэр зыхуэдэм ирегъэгупсыс.
Сыт щыгъуэ цIыхур щызэщIэгупсысыкIыжыр, ищIар хъуарэ мыхъуарэ зэпилъыту?! А упщIэм и жэуапыр къыхэщу ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым игъэлъагъуэхэм ящыщщ «ГъащIэм и мазищ» спектаклыр.
Лэжьыгъэр къызытращIыкIар лъэпкъ драматургием хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, комедиограф, «адыгэ Мольер» цIэ лейр зыфIаща Мамий Ержыб и пьесэращ. 1960 гъэхэм абы и Iэдакъэм къыщIэкIа мы тхыгъэм и купщIэр ди нобэми пэгъунэгъущ, ди щыIэкIэ-псэукIэр, зэхэтыкIэр къригъэлъагъуэу. 
Спектаклым и режиссёрыр УФ-мрэ Адыгей Республикэмрэ я цIыхубэ артист, Абхъазым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кубаным щIыхь зиIэ я артист, куэдым я гум дыхьауэ ди республикэм щагъэлъагъуэ «Псэлъыхъухэр» спектаклыр зыгъэува Зыхьэ Заурбийщ.
Спектаклым къыщекIуэкIыр къызэрыгуэкIыу, махуэ къэс тлъагъу гуэру зэ еплъыгъуэкIэ къыпщыхъунуми, гъащIэм къыхаха лIыхъужьхэм я хьэл-щэнхэр зэрызэмыщхьым, я гупсысэкIэмрэ Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ зэрызэтемыхуэм, ахэр зэрыхуа щытыкIэм къызэрикIыфынум удихьэхыу укIэлъоплъ. 
Мазищ фIэкIа псэужыну къызэрыхуэмынар къыщищIэм, сыт цIыхум къыщыщIыр? Дауэ ар къэзыухъуреихьхэм зэрызыхащIыкIыр? Дауэ абы къызэрыхущытым зэрызихъуэжыр? А псор къыптемыхьэлъэу, цIыхубэ гушыIэ щабэкIэ гъэнщIауэ къыщыгъэлъэгъуащ мы пьесэм. Абы дыщыкIэлъоплъ адыгэ лъэпкъым и гъащIэр, и псэукIэр, и хабзэхэр зыхуэдэми. Спектаклым къегъэлъагъуэ цIыху къэс хьэл-щэн зырыз, Iуэху еплъыкIэ щхьэхуэ зэриIэр.
Iуэхугъуэр псори зи хъуреягъкIэ къекIэрэхъуэкIыр цIыху жыIэзыфIэщ, гупцIанэ, мащIэуи шынэкъэрабгъэ Мэмэтщ. Аращ псэуну мазищ фIэкIа зимыIэжыр. Мэмэт мурад ещI а пIалъэм къриубыдэу дунейр фIы и лъэныкъуэкIэ ихъуэжыну. АрщхьэкIэ къыхуадэну ар мылъку зэзылъэфалIэу есахэм, ефэн тIэкIум дихьэхахэм е гъащIэм и лъапIэныгъэхэр зыIэщIэхуахэм?! Аращи, щхьэж и шыфэлIыфэм, и дуней тетыкIэм, и напэм зэрытригъахуэм псори елъытащ. Спектаклым зэрыщыжыIащи, «мыIэрысэр тIыгъуамэ, езыр-езыру къыпохуж».
Мэмэт и ролыр сыт щыгъуи гукъинэу зыгъэзащIэр Къардэн Заурщ. Спектаклым щоджэгу КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мысост Вадим (Хьэмшакъ и ролыр егъэзащIэ), КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Чыхумахуэ ФатIимэ (Тамарэ), КъБР-мрэ ИР-мрэ щIыхь зиIэ я артист Хьэщэ Къанщобий (Хьэкъарэ), Пащтыкъ Анфисэрэ ДыщэкI Рауятрэ (Минсурэ).  
Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым спектаклыр къохъулIэныр абы «къызэрыщыпсалъэ» бзэми куэд зэрелъытар. Пьесэр зи Iэдакъэ къыщIэкIар абы егугъуат, цIыхубэ гушыIэ дахэкIэ ар зэрыгъэнщIам къыдэкIуэуи, анэдэлъхубзэ къулейкIэ тхащ, псалъэ шэрыуэхэр, фразеологизмхэр куэду къыщыгъэсэбэпащ. Абыхэм, шэч хэмылъу, спектаклыр гъэщIэгъуэн, щIэщыгъуэ ящI. Ди гуапэу къыхэдгъэщынщи, адыгеибзэкIэ тха мы лэжьыгъэр къэбэрдеибзэкIэ зэридзэкIащ «Адыгэ псалъэ газетым» и лэжьакIуэ НэщIэпыджэ Замирэ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: