Тхыдэм лъэужь къегъанэ

Нобэ хуэдэ щыгъуэ махуэм дигу къигъэкІын хуейщ Урысей пащтыхьыгъуэм къыдищIылIа, цIыхугъэм къимытIасэ зауэ гущІэгъуншэр тщыгъупщэ зэрымыхъунур, лажьэ зимыIэ цIыхухэм хьэзабу ирагъэшэчар.
ЦIыхум нэхъ гузэвэгъуэ дыдэу и щхьэ кърикІуэфынур – лъэпкъгъэкIуэд зауэр – Урыс пащтыхьыгъуэм къыдищIылIат: ди лъахэр тфIигъэкIуэдащ, ди лъэпкъэгъухэр минищэ бжыгъэкIэ зауэм хэкIуэдащ, цIыху мелуаным нэблагъэр я хэку ирахури, Уэсмэн пащтыхьыгъуэм къыщыщІидзащ.
Зи хэку зрагъэбгына, зи щIыпIэр зыфIагъэкIуэда цIыху мин бжыгъэхэр ибэ хъурейхэу, гупсэхугъуэ щагъуэт щIыпIэ ямыIэжу, я адэжь лъахэ къыщIэхъуэпсу дунейм ехыжащ. Илъэс блэкIахэми а зауэм зи щхьэ хэзылъхьахэр дигу ихуакъым. Ди лъэпкъ тхыдэм и напэкIуэцI гуузхэм дронэщхъеиж, хуэфащэ пщIэи худощI.
Дэ ди еплъыкIэр сыт щыгъуи а зым тету къонэж: лъэпкъ зэхэдз имыIэу, ахэр зи щIыгужь изыхуа, зи хэгъэгу изыукIыхьа Урысей пащтыхьыгъуэр бгъэзахуэн плъэкIынукъым. Мыпхуэдэ гузэвэгъуэр зэи зыщIыпIи къыщымыхъужын щхьэкIэ цIыхухэм Iэмалу яIэр ирахьэлIэн хуейщ.
ЦIыхугъэрэ гущIэгъурэ зыхэлъ дэтхэнэми Кавказ зауэм тхьэмыщкIагъэу лъэпкъым къыхуихьар езым и гуауэу къыщохъу. Апхуэдэу, XX лIэщIыгъуэм и кIэхэм, дыщыпсэу къэралыгъуэм и цIыхухэм хуитыныгъэ гуэр щагъуэтым, адыгэхэр щыпсэу республикэхэм я парламентхэм ди лъэпкъым и щхьэ кърикIуа тхьэмыщкIагъэм пэжыр и лъабжьэу уасэ хуащIыгъащ.
ИужькIи Урысей къэралыгъуэм и япэ Президент Ельцин Б.Н. Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм яхуэгъэзауэ ищIа Джэпсалъэм япэ дыдэу къэрал лIыщхьэр гущІэгъурэ захуагъэрэ хэлъу щхьэихауэ щытепсэлъыхьащ адыгэхэм къытехьа лейм.
Зауэр тхыдэм хилъэсэжащ, абы лъандэрэ илъэс Іэджи блэкIащ. Куэд щIащ зэрыщымыIэжрэ а лъэхъэнэм лъэпкъгъэкIуэд зауэр къезыгъэжьахэри абы хэкIуэдахэри.
Зэман гущIэгъуншэр гъунэм нэсри, блэкIащ. Нобэ дызыщыпсэу дунейми хуабжьу зихъуэжащ. А лъэхъэнэ жыжьэхэм къыщегъэжьауэ, гугъуехь мыухыжхэм къелри, адыгэ щІэблэ зыбжанэ Кавказми нэгъуэщI къэралхэми къыщалъхуащ. Лъэпкъым щыщу нэгъуэщI щІыпІэ щыпсэухэм, къыщалъхуа къэралыр иригушхуэу, щытхъу къыхуахьу цIыху цІэрыІуэ куэд къахэкIащ.
Шэрджэс цІыхум хэлъ щэнхабзэ дахэм и хьэтыркIэ нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу адыгэхэм зыхэсхэм пщIэ хуащIу, езыхэми пщIэ ягъуэтыжу мэпсэу. Адыгэр дэнэ щымыIами, адыгагъэм ирогъуазэ: цIыхугъэр, лIыгъэр, гущIэгъур псоми япэ ирегъэщ, зэрыжаIэу «псэр ещэри, напэр къещэху», и лъэпкъ напэр зэримыгъэулъииным, абы и щытхъу зэриIэтыным сыт щыгъуи и нэIэ тетщ. Аращ зэрыдунейуэ лъытэныгъэрэ пщIэрэ къыщIытхуащIыр. ДызэпэIэщIэу, дикъухьауэ дунейм дыщыпсэуми, къэралхэм драгуэшами, дызэпыщIащ. Дызэгупсысу, дызыщIэхъуэпсыр – ди лъэпкъыр зэрыIыгъыу ди хэкужь исыжыныр аращ. Аращ ди адэжьхэри псэемыблэжу зыщIэбэнар.
Сыт хуэдиз гугъуехь ди нэхъыжьхэм ямышэчами, Кавказым и жьэгу мафIэр ди адэжьхэм ягъэужьыхакъым. Лъэпкъым иIа зэкъуэтыныгъэр, хэлъа цIыхугъэр, и хэкум хуиIа фІылъагъуныгъэр игъэкIуэдакъым. Ар лIэщIыгъуэ куэдым щызэIэпахыурэ ди деж къэсащ. Дэ тфIэкIуэдакъым адыгэ бэракъ лъапIэр – ди Адыгэ хэгъэгум и дамыгъэр. Дунейм адыгэу тетыр зрипхыу ноби ди щыгу щохуарзэ ар.
Иужьрей илъэсхэм тлъагъу зэхъуэкIыныгъэхэм наIуэ къытщащI адыгэхэм я хэкужь къагъэзэжынымкIэ гъуэгур зэрызэIухар. ЩIэрыщIэу фIыуэ ялъагъу щIыгум къытоувэжхэр, ди адэжь-анэжьхэр зыщIэхъуэпсахэр къадохъу, илъэс минхэр зи ныбжь тхыдэм езыхэри зэращыщыр зыхащIэ, щэнхабзэ лъэщ дызэриIэр, ди анэдэлъхубзэр зэрылъащІэншэр къагуроIуэ.
Ауэ а гъуэгур алэрыбгъу зэфэзэщ дахэкIэ зэІущакъым. Зи щIыгу къэзыгъэзэжыну тегушхуахэр гугъуехь мащIэкъым зыІууэри зыхэтри. Хабзэри щыщIэныгъэншэу сыт щыгъуи къахущIэкIкъым. Ауэ щыхъукIи, а Iуэхугъуэхэр узэкъуэтмэ, зэфIумыхыфыну щыткъым, ди лъэпкъэгъу зыкъом абы щыхьэт тохъуэ, нэхъыбэми зэфIахыну къапэщылъщ. Илъэс блэкIахэм зыщIэхъуэпсахэр къадэхъуауэ къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэр щапхъэ зытехыпхъэу диIэщ. Нэхъыбэу нобэрей махуэм ди нэIэ нэхъ зытетын хуейр зауэр щекIуэкI Щам къикIыжу зи хэку къэзыгъэзэжхэмрэ къагъэзэжыну щIэхъуэпсхэу апхуэдэ Iэмал зымыгъуэтхэмрэщ.
Псоми ди нэгу щІэкІащ: адыгэм, щыпсэу къэралыр сыт хуэдизу тыншыпІэ хуэхъуауэ щымытми, гупсэхугъуэ къезыт щIыпIэ зэрыхуэмыхъуфынур. Хы уэрым хуэдэу къэзыухъуреихь цIыху зэмылъэпкъэгъухэмрэ хамэ къэралхэмрэ илъэс бжыгъэ хъуауэ ди къаруи, ди лъэпкъи яхокIуэдэж. Жэнэтыр здэщыIэр Кавказырщ - ди адэжьхэм я лъахэрщ. Аращ адыгэм и къэкIуэнур зэпхари, абдежщ зыщиужьынури.
Ди лъэпкърэ ди щIыгурэ зы тщIыжыным дыхуэкIуэу, абы зедгъэужьу дыпсэун хуейщ. Ауэ лъэпкъ гупсысэ зимыIэ, Iуэхум и хэкIыпIэр зымубзыхуф, гуитI-щхьитIу лъэпкъ Iуэхум хущытхэр адыгэм гъуази паши тхуэхъунукъым. Адыгэ лъэпкъым и Хэкужь къигъэзэжыным пэрыуэгъу хуэхъум игу фIы илъкъым. Лъэпкъым хуэлэжьэныр, и щIыгужь щIэбэныныр, и анэдэлъхубзэ ихъумэныр, диныр игъэлъэпIэныр, адыгагъэм темыкIыу илъэс мин бжыгъэхэм я кIуэцIкIэ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэр зыми химыгъэгъуэщэным пылъыныр – аращ адыгэ нэсым и пщэрылъ нэхъыщхьэр.

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: