КъардэнгъущI Зырамыку и фэеплъу

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, адыгэ уэрэдыжьхэмрэ хъыбархэмрэ зэхуэзыхьэсыжыным зи гуащIэ езыхьэлIа, IуэрыIуатэдж, тхакIуэ, уэрэджыIакIуэ, драматург, артист КъардэнгъущI Зырамыку и цIэкIэ. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм.

Зэхуэсахэм япэщIыкIэ экранымкIэ ирагъэлъэгъуащ КъардэнгъущI Зырамыку и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуа теплъэгъуэхэр, къатащ игъэзащIэу щыта уэрэдхэм щыщи.

КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин тепсэлъыхьащ Зырамыку и гъащIэм.  Министрым жиIащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 70-80 гъэхэм Зырамыку «Сэрмахуэ», «Жэщтеуэм и уэрэд», «Къущхьэ Жамбот и уэрэд» жыхуиIэр, нэгъуэщIхэри зэрыригъэтхыжауэ щытар. Ди щIыналъэм и мызакъуэу, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Германием а уэрэдхэм ноби щIэупщIэ ин щаIэщ. КъардэнгъущI Зырамыку и гъащIэри гуащIэри триухуащ лъэпкъ IуэрыIуатэм, щэнхабзэм, гъуазджэм хэлъхьэныгъэ хуэщIынымрэ зегъэужьынымрэ, цIыхубэ уэрэдыжьхэм щIэблэр щыгъэгъуэзэным. Ар и щапхъэщ и лъэпкъэгъухэм хуэлэжьэным, Iущыгъэм, цIыхугъэм, гуапагъэм. КъардэнгъущIым и лэжьыгъэм и пщIэр къалъытащ, дамыгъэ лъапIэхэр, щIыхьыцIэхэр къыхуагъэфэщащ, цIыхубэм я лъагъуныгъэр щIыгъужу.

КъардэнгъущI Зырамыку Псыгуэнсу къуажэм (Жанхъуэтхьэблэ)  1918 гъэм щIышылэм къыщалъхуащ. Ленин и цIэр зезыхьэ еджапIэ къалэ цIыкIур (ЛУГ) къиуха нэужь, 1940 гъэм Москва ГИТИС-р ехъулIэныгъэкIэ къиухащ, актёр IэщIагъэ щызэригъэгъуэтауэ. «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» пьесэ цIэрыIуэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа КъардэнгъущIыр Дзэ плъыжьым къулыкъу щищIэну ираджащ. Парашют-десантыдзэм къулыкъу здищIэм гъэрыпIэм ихуащ, ауэ щIэпхъуэжыну хузэфIэкIащ. Иужьым, зауэм уIэгъэ хьэлъэ щыхъури, къигъэзэжащ. КъБКъУ-м и филологие факультетыр, 1956 - 1959 гъэм Къэрал пединститутыр къиухыжащ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей Къэрал драмэ театрым щылэжьащ, кIэлъыкIуэу ар Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ институтым IуэрыIуатэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и унафэщIу щытащ. Тхылъ пщIы бжыгъэхэр, щIэныгъэ, къэхутэныгъэ лэжьыгъэ щэ бжыгъэхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ. IуэрыIуатэр (таурыхъхэр, хъыбархэр, Iуэтэжхэр) щызэхуихьэса и тхылъ зыбжанэ Налшыкрэ Москварэ къыщыдэкIащ. Апхуэдэщ «Адыгэ IуэрыIуатэ», «Народные песни и инструментальные наигрыши» (щIэныгъэлI гупым я гъусэу зэлэжьар) тхылъхэр. Радиомрэ телевиденэмрэ я фондхэм щахъумэ КъардэнгъущI Зырамыку зыхэта нэтынхэр, цIыхубэ уэрэдхэр игъэзащIэу ирагъэтха дискхэр.

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэу Хьэмырзэ Ахьмэдрэ Тхьэщыгъуей Жаннэрэт пшыхьыр езыгъэкIуэкIар. Ахэр гъэхуауэ къеджащ КъардэнгъущI Зырамыку зэхуихьэсыжа IуэрыIуатэм щыщ хъыбар кIэщIхэм. Абыхэм къыхагъэщащ адыгэ лъэпкъым и джэгуакIуэ нэс, IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа КъардэнгъущI Зырамыку цIыху телъыджэу, адэжь щIыналъэр фIыуэ илъагъуу, абы ис гуащIэрыпсэухэм пщIэшхуэ яхуищIу зэрыщытар.

Пшыхьыр ягъэдэхащ артист цIэрыIуэхэм, адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм дахьэх уэрэджыIакIуэхэм. Апхуэдэщ республикэм и районхэм ЩэнхабзэмкIэ унэхэм я ансамблхэм я уэрэджыIакIуэхэу Бозий Зураб, Тэмазэ Юрэ, Тэхъу Мухьэмэд, Бэрбэч Рэмэзан, Шэрий Ислъам, Джатэ Арсен, Уэркъуасэ Iэдэм, ФIыцIэжь Хьэутий, нэгъуэщIхэри. Абыхэм ягъэзэщIащ лIэщIыгъуэкIэрэ щIэблэм зэIэпахыурэ яхъума, я гуфIэгъуи гузэвэгъуи иридахыу къекIуэкIа, ди нобэм къахьэса цIыхубэ уэрэдыжьхэр. Абыхэмрэ пшыналъэхэмрэ щыхьэт техъуэрт фIыр ем зэрытекIуэм, лъэпкъым бэлыхь куэд зэришэчам, зи цIэр жыжьэ Iуа лIыхъужь щхьэмыгъазэхэр адыгэм зэрикуэдам.

ЗэIущIэм щыжаIащ КъардэнгъущI Зырамыку и гуащIэм и пщIэр къызэрыпхуэмылъытэнур, мылъку мыкIуэдыжын лъэпкъым къызэрыхуигъэнар. Лъэпкъым щыгъупщэнукъым Зырамыку и гушыIэ дахэхэмрэ лъэпкъым хуилэжьа фIыгъуэхэмрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Адыгейми, Къэрэшей-Шэрджэсми, нэгъуэщI щIыпIэхэми КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр зэхэзымыха ису къыщIэкIынкъым. Фестивалым хэтахэм фIыщIэ яхуэфащэщ адыгэ лъэпкъ уэрэдыжьхэр зэрахъумэм, щIэблэми ахэр зэрырагъащIэм папщIэ.

Республикэм и щэнхабзэм зезыгъэужь мыпхуэдэ зэхыхьэм цIыхухэр зэрыхуэныкъуэм и нэщэнэщ пшыхьым куэд къызэрекIуэлIар. Нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри зыхэта щэнхабзэ фестивалым куэдым «я псыхуэлIэр» иригъэкIащ. Кавказым къыщалъхуа цIыхухэм я псэр зыхьэхур цIыхубэ уэрэдыжьхэрщ. Уэрэдым гур егъэхуабэ икIи егъэнэху. Адыгэ лъэпкъыр псэуху, цIыхубэ уэрэдыжьхэри щыIэнущ!

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

Поделиться: